УкъызыфIэмыщIыж!

ЦIыху къэс хуэщхьэпэну Iущыгъэ куэд къыщызэщIэубыдащ шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор, Iимам Щхьэныкъуэ Анзор и хъутIбэм. Гъэсэныгъэм, зэхущытыкIэ дахэм, нэгъуэщI цIыхум зыщхьэщумыIэтыкIыным, уи щхьэми пщIэ хуэпщIыжыным я лъабжьэр тхьэшынагъэмрэ щэныфIагъымрэщ. Ауэ а псоми гъуэгу езытыр зыгъэлъэхъшэнырщ, адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зыкъыпщымыхъужынырщ. Арагъэнщ Iимамым и псалъэхэм я купщIэр. 
 Сыт хуэдиз щIэныгъэ цIыхум бгъэдэмылъами, сыт хуэдиз зэфIэкIрэ Iэпкълъэпкъ къарурэ имыIами, абы зыщигъэгъупщэ хъунукъым а псори, япэрауэ, къызыбгъэдэкIыжыр Алыхь Инрауэ зэрыщытыр. ЕтIуанэрауэ, Алыхь Иным и щIэныгъэм, и зэфIэкIым, и къарум елъытауэ, цIыхум бгъэдэлъыр зырикIщ. ЗищIысыр ищIэжу, и къэухьыр здынэсыр къыгурыIуэжрэ зыкъищIэжмэ, итIанэ абы тету псэумэ, цIыхум и насыпщ. Алыхьым абы къыхуищIамрэ езым Алыхьым и цIэкIэ ищIэр зэрымащIэмрэ къыгурыIуэжмэ, абы и щхьэр иримыхьэхынкIэ, и IуэхущIафэми иримыукIытэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жеIэ: «Уафэ къатиблым зы лъакъуэ тегъэувапIэ хуэдизи, зы бжьиз, зы Iэбэлагъ хуэдизи щIыпIэ иIэкъым, абдежым Алыхьым хуэлажьэ мелыIыч темыту. Хэт щыту хуолажьэ, хэт сэждэм щыIэу, хэт зигъэщхъыу. Къемэт Махуэр къэсмэ, абыхэм псоми Тхьэшхуэм зыхуагъазэнурэ жаIэнущ: «Зэрыпхуэфащэм хуэдэу дыпхуэлэжьэфакъым». 
 Уафэ къатиблыр зи инагъым Алыхьым хуэмылажьэу зы щIыпIэ зэрыщымыIэр икъукIэ хьэлэмэтщ. Езэш ямыIэу мелыIычхэр Тхьэм хуэлажьэрэ пэт, я щхьэр ехьэхауэ, ящIар яфIэмащIэу, Къемэт Махуэм зэрекIуэлIэжынури нэгъуэщI хьэлэмэтщ. ЦIыхум къыхуащIэр зэрыкуэдыр, а куэдым хуэфэщэж IуэхущIафэ къызэримыгъэлъэгъуэфыр къыгурыIуэжу, абы егупсысу дунейм тетмэ, ар къабзэу Алыхьым деж кIуэжыну гугъэшхуэ щыIэщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам адрей духьэ псоми къахихащ «Истигъфархэм я зиусхьэн» жыхуиIэр. Абыи къыхощ нобэ зи гугъу тщIы гупсысэр. Мыпхуэдэу къыщокIуэ а духьэм: «Ялыхь, Уэращ си Тхьэр, Уэр нэмыщI Тхьэ щыIэкъым, Уэ сыкъэбгъэщIащ, сэ Уэ срыуипщылIщ. Сэ псалъэ уэстами укъызэрызгъэгугъами зэрысхузэфIэкIкIэ сытетщ, къысIэщIэщIам и Iейм сыщыпхъумэжыну сынолъэIу». АдэкIэ къокIуэ: «Уэ укъызэрысхуэупса фIыгъуэр зыхызощIэ, гуэныхь зэрызиIэри сощIэ». Мис а иужьрей псалъэхэм къахощ нобэ зытедгъэчыныхь гупсысэр. ЦIыхум къыхуащIа фIыгъуэр зыхищIэмэ, ар къыздикIыр ищIэмэ, абы Алыхьым фIыщIэ хуищIынущ, къэзыгъэщIари фIыуэ илъагъунущ. Абы хэту езым ныкъусаныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр, гуэныхь куэди къызэрыбгъэдэкIыр ищIэжмэ, цIыхум зришэхынущ, тобэ къихьыжынущ, зыкъыфIэщIыжынукъым, зыгуэруи зыкъыщыхъужынукъым. 
 ЦIыхум нэхъ зришэхыхукIэ, Алыхьым деж нэхъ лъагэ, нэхъ лъапIэ щохъу. ЦIыхум и щхьэр щIым трилъхьэу, сэждэм кIуэуэ Тхьэшхуэм щелъэIум деж, абы щыгъуэщ нэхъ пэгъунэгъу щыхъуэхъури, и духьэр нэхъ щынэсри. Гузэвэгъуэм хэхуэу, Iэмалыншэ дыдэ щыхъуам деж, лъэIуа нэужькIэщ и духьэр Алыхьым деж нэхъ щынэсри щыIихри. Абыи хэлъ щхьэусыгъуэр аращ. 
 Апхуэдэу нэхъ къызэрыгуэкIыу щытыху, зи щхьэр ехьэха цIыхур Алыхьым деж нэхъ лъапIэ зэрыщыхъум хуэдэ дыдэу, цIыхухэм я дежи зи пщIэр нэхъ щылъагэри, цIыхухэм нэхъыфIу ялъагъури къызэрыгуэкIращ. Зыкъыхигъэщыну, зигъэпIиину зыфIэмыфIырщ. 
 Iимам Шафихьий и псалъэу къаIуэтэж: «Псом нэхърэ зи пщIэр нэхъ лъагэр пщIэ гуэр иIэу къызыщымыхъужращ. Псом нэхърэ нэхъыбэ фIы зыбгъэдэлъри, фIы гуэр бгъэдэлъу къызыщымыхъужырщ». 
 Алыхьым и арэзыныгъэр къэблэжьыну ухуеймэ, нэхъ кIэщI дыдэу уезышэлIэну гъуэгур мис мы нобэ къыхэдгъэщ гупсысэрщ: зепшэхын, зыкъыпфIэмыщIыжын, зыгуэр урищIысу къыпщымыхъужын. Жэщи махуи дин Iуэхум пэрытым, зи махуэр нэщIкIэ, зи жэщыр нэмэзкIэ гъащIэр зыхьым япэ ищыжынкIи хъунущ зи гуэныхьым теукIытыхьыжу, ищIам теухуауэ и щхьэр здихьынур имыщIэжу, хуэщIэр фIэмащIэу дунейм тет цIыхур. Зи щхьэм хуэмыарэзыжым Алыхьыр арэзы къыхуэхъунущ. Зи щхьэм къыхуэгубжьыжыр Алыхьым и губжьым щихъумэнущи, Алыхьым и арэзыныгъэр къэдлэжьыфыну, и губжьми дыкъелыфыну езы Алыхьым долъэIу.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: