Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэм щызекIуэ зэхущытыкIэхэр щызэкIэлъыгъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэм щызекIуэ зэхущытыкIэхэр щызэкIылъыгъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Налшык къалэ
2025 гъэм фокIадэм и 11-м
№187-П-П

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэм зэхущтыкIэхэр щызэкIэлъыгъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2025 гъэм фокIадэм и 11-м

1-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр з щызэкIэлъыгъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №60-РЗ-уэ 2010 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1.6-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм 7-11-нэ пунктыр щIыгъужын мыпхуэдэу тхауэ:
«7-11) спортым и IуэхущIапIэхэр ухуэныр, егъэфIэкIуэныр, къагъэщIэрэщIэжыныр къызэгъэпэщыныр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу щыт нэгъуэщI спорт IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыныр икIи зыхуей хуэзэу гъэлэжьэныр;»
2) 2-н Iыхьэм 7-1-нэ пунктым щIыгъужын мыпхуэдэу тхауэ:
«7-1) спортым и IуэхущIапIэхэр ухуэныр, егъэфIэкIуэныр, къагъэщIэрэщIэжыныр къызэгъэпэщыным, федеральнэ мылъкуу, муниципальнэ мылъкуу, апхуэдэу IуэхущIапIэхэм, абыхэм щэнхабзэ-спорт зэгухьэныгъэхэр е цIыху щхьэхуэхэр яхэту. я мылъкуу щыт нэгъуэщI спорт ухуэныгъэхэр къызэгъэпэщыным икIи зыхуей хуэзэу гъэлэжьэным хэтыныр;».
2. 9-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и 6-нэ пунктым «спортым», псалъэм кIэлъыкIуэу щIыгъужын «нэгъуэщI спорт ухуэныгъэхэм» псалъэхэр;
2) 3-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын:
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу щыт спортым и IуэхущIапIэхэм я архитектурэ-ухуэныгъэ пэхуэщIэхэр зэхалъхьэ, ахэр яухуэ икIи ирагъэфIакIуэ къалэухуэ законодательствэм, абы спортым и IуэхущIапIэхэм ныкъуэдыкъуэхэр пэрыуэншэу зэрыщIыхьэфынур къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ къагъэувхэм тету.
3. 11-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и 1-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«I) спортым и IуэхэущIапIэхэр ухуэныр, егъэфIэкIуэныр. къагъэщIэрэщIэныр, нэгъуэщI спорт IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыныр зыхуей хуэзэу гъэлэжьэныр;».
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2025 гъэм фокIадэм и 23-м
№29-РЗ

Поделиться: