Мэзхэм хуэсакъыпхъэщЩIым и «тхьэмбыл щхъуантIэ» - апхуэдэу йоджэ мэзым. Абы и фIыщIэщ фIамыщIыр, щIыдагъэр, торфыр, нэгъуэщI гъэсыныпхъэхэри зэрыщыIэр, къыдет унэлъащIэри, тхылъымпIэри, пхъэщхьэмыщхьэри, хущхъуэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэри; зыщIешэ дыгъэ радиацэмрэ углекислэ газымрэ, лъышэри (кислород) къыпкъырокI. Мэзым дунейм и щытыкIэр ирегъэфIакIуэ, мэкъумэш къэкIыгъэхэр щехъумэ ищхъэрэжь щIыIэмрэ ипщэ жьапщэ сабэзехьэмрэ, щIыгулъри псым иригъэлъэсыркъым, хьэуар егъэкъабзэ. Ар я псэупIэщ псэущхьэ Iэджэм, къуалэбзухэм, хьэпщхупщ зэмылIэужьыгъуэ куэдым. ЩIы Хъурейм и плIанэпэ гъуэзэджэщ Амазонкэм и мэзыр, абы хуэдэ щыIэкъым жыпIэмэ укъэпцIэну къыщIэкIынкъым, - ар къэралийм къыщокI: Боливием, Бразилием, Венесуэлэм, Колумбием, Перум, Эквадорым, Гайанымрэ Суринамымрэ. Амазонием и тафэр дуней псом щынэхъ ин дыдэщ (километр зэбгъузэнатIэ минитхум щIегъу), псыежэх-тенджызкIэ зэджэщ. Мэзым жыг лъэпкъыгъуэу мини 4-м щIигъу къыщокI, атIэми Европэ псом узыщрихьэлIэр 200-м нэблагъэщ. Къахутари къэкIыгъэм и Iыхьэ мащIэрщ. Мыбы щIэсщ псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу мелуани 3-4-м нэс, хьэпщхупщхэм я процент 80-р. Ауэ ахэри егъэкIуэщI жыгхэр къызэрыраупщIыкIымрэ мафIэсымрэ. ЩIым и биосферэр (абы теухуауэ мэзыр мыхьэнэ ин дыдэ зиIэщ) тэмэму мылажьэмэ, Iуэхур зэIыхьэнущ. Мэзхэм къыщыхъу мафIэсым я углекислэ газми, ар ирецIыху, ирепсэущхьэ, узыншагъэр ирегъэкIакIуэ. Америкэ Ищхъэрэм и мэз псор къэлынду зэтрисхьэнкIэ шынагъуэщ, щIэх-щIэхыурэ мафIэ зэрыщIадзэм. Промышленностым и Iугъуэ-гъуэзыр хьэуам зэрыхаутIыпщхьэм «егъэсымаджэ» Австрием и мэзхэм я процент 30-р, Германием ейм и Iыхьэ ныкъуэр, Чехиемрэ Словакиемрэ, Польшэм, Болгарием, нэгъуэщI къэралхэми я щхъуэнтIагъэр. Скандиванием и къэралхэм я мэзыр Iисраф ящIащ чэзэп зыхэлъа (кислота) уэшххэм. Хьэуар зэрауцIэпIыр зэран хуохъу Канадэм, США-м и мэзхэм. Штат Зэгуэтхэм я дзэ зэщIэузэдар химием и IэмалхэмкIэ Вьетнамым зэреуам къыхэкIащ абы и мэзхэм я Iыхьэ плIанэр фIэкIуэдыныр, апхуэдэуи Афганистанымрэ Иракымрэ, нэгъуэщIхэми арыншами щымащIэ щхъуэнтIагъэр нэхъри Iисраф ящIащ. Амазонием къуаншагъэу ирахым нэхърэ зыкIи нэхъ мащIэкъым Сыбыр мэзхэми къатехьэ лейр. Абы къыхокI псышхуэхэр къиуурэ жылагъуэхэм зэращIэлъэдэр, щIымахуэм деж уэс къыщемыс щIыпIэхэр къызэрыунэхур. Якутием и щIыналъэр мыщтмэ, абы укIуэцIрыхунущ. Мэзыр зэрыпаупщIымрэ мафIэсымрэ я зэранкIэ «къум нэщIхэр» къыщоунэху уэздыгъей-псейкIэ къулейуэ щыта Сахалиным, Коми щIыналъэм, Карелием… ЩхъуэнтIагъэм зыкъигъэщIэрэщIэжыну къару иIэжкъым. Мэзым хуэфащэ пщIэ имыгъуэтмэ къэхъунур шынагъуэщ. Тенджыз ФIыцIэм Iусыгъа адыгэ лъэпкъыщхьэхэу нэтхъуэджхэм, шапсыгъхэм, убыххэм я мэзхэри цIырхъ хъуащ. Ди Къэбэрдейм и мэз хъурсанэ кIапэр здынэсу щытамрэ абы псэущхьэу щIэсамрэ ди «тхыдэм и гъуджэ» уэрэдыжьхэм къыхощыж. ГубгъуэрыкI удз гъэгъа лIэужьыгъуэ къудейуэ хэкум ущрихьэлIэрт минитхум е нэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэ къэкIыгъэу дунейм тетым и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ мэзым дыкъыдехыж – пащтыхьыжь зэманми, граждан зауэми, Хэку зауэшхуэми – «къыддэзэуащ», гъаблэ къыщыхъуахэми дыкъригъэлащ… Ауэ, иджы езыр щхьэ дымыхъумэжрэ?! Гъавэ бэвкIэ зыщыгугъхэри иджы жьым епхъэх, псым елъэс. Мэз щIагъыр хъупIэ хьэлэмэту къуажэ Iэщыр мазэ бжыгъэкIэ щыхъуэкуэфу щытар мывэ къырым хуагъэкIуащ. Бжьэпэтес жылагъуэхэм я узыншагъэр елъытат мэз Iувхэм. Дэтхэнэ жыг лъэпкъыгъуэри зыгуэркIэ щхьэпэщ. Иджырей щIэныгъэхэм къызэрихутащи, жыгей ущыбгъэдэткIэ къару уогъуэт, щихум уз къыпхеш. Чыцэ-къэзмакъ банэхэм нэпкъхэр ягъэбыдэрт, къыгуамыгъэхуу, псыежэххэм гурамыгъэлъэсыкIыу; абыхэм зыгъэпщкIурт мэз джэдхэм, псы бабыщым, уашхэм; мэзым щIэст цыжьбанэ, тхьэкIумэкIыхь, бажэ, уеблэмэ мыщи. Бахъсэнрэ БалъкъкIи куэду ущрихьэлIэрт пыжь, бэрэжьей, хьэцыбанэ гуэрэнхэм, къулейт дэрэ мыкIэ, зэрыджэкIэ, къэлэррэ нэгъуэщI удз хущхъуэхэмкIэ; КэнжэкIэ къущхьэмышхыр щыбагъуэрт. Щичэзум деж ахэр зэщIакъуэжырт, псалъэм папщIэ, къэлэрыр гъатхэ пасэу кърачырт, щIыIэ хъуамэ, къэзмакъыр щтырти, жыгым къыпагъэщэщырт. Иджы ар зыпыт жыгыр къыпаупщI, къэлэрыр белкIэ къыхатIыкI щIымахэ гущIыIуми ящэ. Абыхэм уахуэсакъын хуейщ, мэзыр дэ зэрытхъумэм елъытащ, къытхуищIэнури. КIуэдыжынкIэ хъуну зыкъом щахъумэ мэз гъэфIэнхэм, лъэпкъ паркхэм. Апхуэдэу дуней псом зы мин нэблагъэ щыIэщ, абыхэм щагъэкI щхъуэнтIагъэ лъэпкъыгъуэу мин 25-м нэблагъэ. Софоро Томиро жыг лъапIэу Пасхэ хытIыгум щыкIуэдыжауэ ялъытэр хъума хъуауэ къыщIэкIащ еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Тур Хейердал и фIыгъэкIэ, Пасхэм къыщикIухьуэрэ жылэ къигъуэтщ, Гетеборг университетым ботаникэмкIэ и жыг хадэм щыхисэри, жыгищ къыщигъэкIащ. Нэхъ жыг лъагэхэм ящыщ эвкалиптри - ар икIи хущхъуэщ - Австралием кърашри Абхъазым щыхасащ, псыIэгъэ лейр зыщIифын папщIэ. Зэрыщыгугъауи къыщIэкIащ. Псей, уэздыгъей, нартей (тис) хуэдэхэр адрей жыг лъэпкъыгъуэхэм елъытауэ куэдкIэ нэхъыжьщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщIэщ дыжьыныфэ псейуэ ди республикэм къыщагъэхъуар. Нартейр хъума щыхъуащ ди бгылъэ щIыпIэхэм, тенджыз ФIыцIэ Iуфэм, Сочэ къалэм пэмыжыжьэу. Абыхэм яхэтщ илъэс мин бжыгъэ зи ныбжьхэр. Нартейм ущыхуозэ КъуэкIыпIэ жыжьэми. ЩIы хъурейм и мэзым и Iыхьэ плIанэр ди къэралым иIыгъщ. Губгъуэхэм мэз кусэхэр щыхэсэным, ар дыдэмкIэ гъавэ щIапIэхэр жьым емыгъэпхъэхыным, псым емыгъэлъэсыным теухуа лэжьыгъэр лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм зэпагъэуами, лIэщIыгъуэщIэм щIадзэжащ. Къапщтэмэ, иужьрей илъэсхэм гектар щибгъум щIигъум жыгхэр щагъэтIысащ, мэзым и фIыгъуэр зэрытхъумэным яужь дызэритыхъэр къагурыIуэжам хуэдэу.
Поделиться:
Читать также:
28.10.2020 - 08:05 →
Адыгейм ар и япэ Президенту щытащ, икIи игъащIэкIэ апхуэдэу къэнэнущ
16.11.2025 - 12:05 →
Къэбым зэхуишэсахэр
16.11.2025 - 11:18 →
Экономикэмрэ зыужьыныгъэмрэ
16.11.2025 - 11:03 →
ТекIуэныгъэм и паркыр
16.11.2025 - 10:01 →
Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ
| ||



