Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Курыт Азиемрэ Евразие экономикэ зэгухьэныгъэм (ЕАЭС) хиубыдэ къэралхэмрэ къикIахэм папщIэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэзыгъэпэщахэм я мурад нэхъыщхьэр зытеухуар хамэ къэралхэм къикIыу Урысейм къихьахэм щIыпIэм хэсыхьын папщIэ ящIапхъэхэмрэ зыщыгъуэзапхъэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунырт, къэрал хабзэхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэмкIэ епсэлъылIэнырт.
Урысейм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм 2025 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, хамэ къэралхэм къикIахэр щIыпIэм щекIуэкI гъащIэм хэсыхьыным, Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа Iуэхугъуэхэр къэзыIэт къэрал унафэхэм щыгъэгъуэзэным, я хуитыныгъэхэр зыхуэдэр егъэщIэным хуэунэтIауэ зэIущIэ зыбжанэ къэзыгъэув дерс еджэныгъэхэр щIыналъэхэм щызэхалъхьащ. Пэжщ, а дерсхэм купщIэ яхуэхъуа Iуэхугъуэхэр зэхэзылъхьар къэрал къулыкъущIапIэрщ, ауэ хамэ щIыпIэхэм къикIыу Урысейм къихьэну хуитыныгъэ зратахэр щызэкIэщIэкIым деж, здэкIуэ щIыналъэхэм зыр адрейм къыщхьэщызыгъэкI щхьэхуэныгъэхэр яIэщи, ахэр щIыналъэхэм щызэхагъэувэжри, еджэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыну программэм хаухуэнэжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуащ КъБКъУ-м хамэ къэралхэм къикIахэмрэ хэгъэгум и цIыхуу щымытхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и центрыр. Ди щIыналъэм къихьахэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэр лъэныкъуитIкIэ яунэтIащ. Апхуэдэу лэжьапIэ къалъыхъуэу къэралым къихьахэр Iэпхъуэшэпхъуэным епха хабзэхэм щыгъэгъуэзэнымкIэ лекцэхэр ирегъэкIуэкI центрым и унафэщI Къущхьэ Марианнэ, еджэну, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зрагъэгъуэтыну къэкIуахэм ядолажьэ КъБКъУ-м Дунейпсо щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI Журт Iэсият.
Еджэныгъэхэм кърихьэлIахэр щагъэгъуэзащ къэралым къызэрихьэн, зэрыщыIэн, зэрикIыжын хуейм ехьэлIауэ щыIэ унафэхэм, гу лърагъэтащ къыздэкIуа щIыпIэм хуиту щызекIуэн, къагъуэта лэжьапIэ IэнатIэм гупсэхуу пэрытын папщIэ, Iэмалыншэу хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм зыщрагъэтхын хуейр, яхутепсэлъыхьащ лэжьыгъэм ехьэлIауэ Урысейм къыщащта хабзэхэм 2025 гъэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм.
Апхуэдэу жэрдэмщIакIуэхэм гулъытэ хэха хуащIащ Урысейм къихьахэр абы щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм гъунэгъуу нэIуасэ зыхуащIмэ, я Iуэху зэрыдэкIынум, щIыпIэхэм щекIуэкI махуэщIхэмрэ дауэдапщэхэмрэ пщIэ хуащIмэ, хуэдэ лъытэныгъи зэрагъуэтыжынум. ЦIыхубэм я щIэжыр къэзыIэт, жылэр зэкъуэзыгъэувэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри щIыпIэхэм гуащIэу зэрызыхащIэм, ар хамэ лъэпкъхэм къазэрыщыхъум щIыпIэрысхэр набдзэгубдзаплъэу зэрыкIэлъыплъым и гугъу зэпкърыхауэ ящIащ.
ЗэIущIэм курых хуэхъуар къэрал хабзэхэр къызэпызыудым епха псалъэмакъырщ. Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа унафэхэм ебакъуэхэм я нэхъ мащIэ дыдэу псалъэкIэ апхуэдэ щыуагъэ пIэщIэкI зэрымыхъуным къыщегъэжьауэ, я нэхъ гуащIэу къэралым илъэс бжыгъэкIэ укъихьэну ухуимыту къотхьэкъункIэ шынагъуэ зэрыщыIэм щыщIэкIыжу шэщIауэ яхутепсэлъыхьащ. Ауэ зэрахьэнкIэ хъуну щIэпхъаджагъэхэм ящыщу нэхъ ткIийуэ зыбгъэдыхьэр лъэпкъхэм я зэхуаку къаугъэ къыдэзылъхьэ, бзэр, диныр, зыщыщ лъэпкъыр я тегъэщIапIэу цIыхухэм зэныкъуэкъу къахэзылъхьэ Iуэхугъуэхэращи, абыхэм зыщадзеину къыхураджащ. Псоми зэращIэщи, хамэ щIыпIэ къикIахэр нэхъ гъэпцIэгъуафIэщ, гъуэгу пхэнж зэрытехьэм гу лъамытэжу щхьэрыуэнкIи зыхуэIуа щыIэкъым.
Дерсым и кIэухым къызэгъэпэщакIуэхэр тепсэлъыхьащ Урысеймрэ Курыт Азиемрэ я зэхуаку дэлъ тхыдэ зэпыщIэныгъэхэм, ахэр илъэсищэ бжыгъэхэм зэрапсыхьар, къэрал щхьэхуэ хъуами, зэхущытыкIэ дахэхэр дяпэкIи яхъумэн зэрыхуейр, а Iуэхум дэтхэнэми и гуащIэ хилъхьэфыну зэрыщытыр.
Урысейм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща еджэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIынущ. Гъэ еджэгъуэщIэм къыщыщIэдзауэ абы ирагъэблэгъэнущ хамэ къэралхэм къикIа студентхэмрэ лэжьапIэ IуэхукIэ къэкIуахэмрэ я мызакъуэу, щIыналъэм пIалъэкIэ ущыпсэуну хуит узыщI тхылъыр къыдэзыххэри, патент зэмылIэужьыгъуэхэр къеIызыххэри. Лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ жэрдэмщIакIуэхэр хущIэкъунущ дэтхэнэ зы цIыхури зыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэр къилъытэкIэрэ, еджэныгъэхэр иубзыхуну, хамэ щIыпIэхэм къикIахэм я псэуныгъэр зэпэщ щIынымкIэ лъэкI къамыгъанэу дэIэпыкъуэгъу хъуну.