Iуэху нэхъыщхьэхэр зэпкърах

Мазищ къэс зэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм иригъэкIуэкI зэIущIэхэм лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд  щызэпкърах. Апхуэдэу иджыблагъэ екIуэкIа зэхыхьэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ДАХ-р жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм зэрадэлажьэм, блэкIа зэхуэс лъандэрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм зэфIагъэкIа Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми. 
ДАХ-р ди республикэм къыщаIэт сыт хуэдэ Iуэхугъуэми жыджэру хэтщ, лъэпкъым, къэралым къыхуэщхьэпэн зы къалэни къимыгъанэу зэфIегъэкI. Тхьэмадэм зэрыжиIамкIэ, 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу зэрагъэувам, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ псоми я зэфIэкI халъхьэ. Абы къыкIэрымыхуу цIыхубэми унафэщIхэми я нэIэ щIэтщ дзэ Iуэху хэхамрэ абы щыIэ ди щIалэхэмрэ. Абы щытепсэлъыхьым, Хьэутий жиIащ а Iуэхум ДАХ-м и къудамэу дэнэ республикэм щылажьэри иужь зэритыр. ИкIи Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэхум и щхьэусыгъуэмрэ абы ди къэралым, цIыхубэм я дежкIэ и мыхьэнэмрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр щагъэгъуэзэну Хасэ тхьэмадэхэр къыхуриджащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. 
Видео теплъэгъуэхэр и гъусэу абы къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ цIыху цIэрыIуэхэм я пшыхьхэм, жылагъуэ гъащIэм, политикэ Iуэхухэм теухуахэм, нэгъуэщI зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм Хасащхьэр зэрыхэтыр, тхьэмадэр зэрырагъэблагъэр, зыхуэфащэхэм гулъытэ зэрахуищIыр, Хасэм лэжьыгъэ купщIафIэ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIа зэрыригъэкIуэкIыр. Апхуэдэуи Сэхъурокъуэр зи унафэщI «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэ» дунейпсо IуэхущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэмрэ ДАХ-мрэ ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху дэкIыным зэгъусэу зэрытелажьэм и гугъу ищIащ унафэщIым. 
ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, лъэпкъым къыдекӀуэкӀ хабзэхэр, унагъуэм илъ хъугъуэфӀыгъуэхэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкӀэ ялэжьым теухуауэ къэпсэлъащ щIыналъэ зэпэщхьэхуэхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я унафэщIхэр. 
Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид тепсэлъыхьащ Краснодар крайм ис шапсыгъхэм я Iуэху зэрыдэкIым, Хасэм жылагъуэм зэрызыщIигъакъуэм, нэгъуэщIхэми. А хъыбархэр тету, шапсыгъхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, тхыдэм, бзэм, хабзэм теухуахэр иту Шапсыгъ Хасэм къыдегъэкI «Шапсугия» газетыр. Ар хы ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэу 3600-м яIэрохьэ. Мэжид зи гугъу ищIахэм ящыщщ 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и I3-I6 махуэхэм Iуэху дахэ Сочэ зэрыщрагъэкIуэкIынур. Сочэ и къэрал къулыкъущIапIэхэр, Шапсыгъ Хасэр, Къандур Мухьэдин и щхьэгъусэ Любэ сымэ зэгъусэу фэеплъ пшыхь къызэрагъэпэщынущ, абы ирагъэблэгъэну я мурадщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэри. 
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, псапащIэ цIэрыIуэу щыта Къандур Мухьэдин и фэеплъ пшыхьыр Сочэ и къэрал къулыкъущIэхэр хэту едгъэкIуэкIынущ. Абы Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Тхылъ къызэIуха» дунейпсо литературэ зэпеуэ йокIуэкI, тхакIуэ, усакIуэ Бэлагъы Любэ къызэригъэпэщауэ. Абы щытекIуахэри пшыхьым щагъэлъэпIэнущ. Мухьэдин дунейм зэрехыжрэ илъэситI щрикъум ирагъэхьэхьэлIэу абы къигъэна щIэиным и лъапIагъыр гъэлъэгъуэным теухуа зэхыхьэр. КъищынэмыщIауэ, пшыхьым и мыхьэнэр нэхъри къеIэт УФ-м и Президентым и грант къихьауэ, абыкIэ къызэрызэрагъэпэщым, - жиIащ Мэжид. 
Пшыхьым зэхишэнущ Урысейм, адыгэм я тхыдэм, щэнхабзэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм пщIэ хуэзыщIхэр, а зэхущытыкIэфIхэр зыгъэлъапIэхэр. Мэжид къыхигъэщащ мы гъэм япэу шапсыгъхэр АР-м щекIуэкIа Адыгэ кхъуейм и XIV фестивалым зэрыхэтар, псыжь адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, хабзэмрэ адыгагъэмрэ зэрызэрахьэр абы щагъэлъэгъуэну Iэмал зэраIар. 
Европэм щыIэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм щытепсэлъыхьым Iуэху бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхигъэщащ. Ар хуабжьу иужь итщ Европэм щыпсэу адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпищIэну, нэхъыбэ зэкIэлъыкIуэ ищIыну. Апхуэдэу мы махуэхэм хэкужьым къэкIуэжауэ зыщаплъыхь, зыщагъэпсэху Германием къикIа гупышхуэм. Ахэр хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я деж щыхьэщIащ, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрми къакIуэри, Хасащхьэм и зэхуэсми хэтащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, абыхэм я мурадщ турист гупхэр хэкум къашэ-яшэжу Iуэхур зэтраублэну. 
Къыхэгъэщыпхъэщ апхуэдэу щIэх-щIэхыурэ хэкум къакIуэ, хэкурысхэм я хъыбархэр дахэу Тыркум щызыIуатэ, зэкъуэшхэр зэкIэлъыкIуэным сыт щыгъуи хэлIыфIыхь Молэ Левент а махуэм ДАХ-м зэригъэлъэпIар. Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ абы Сэхъурокъуэ Хьэутий хуигъэфэщащ ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ. 
Ставрополь щыIэ «Адыгэхэр» лъэпкъ-щэнхабзэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрий зи гугъу ищIар а къалэм еджакIуэ кIуэ студентхэр я нэIэ зэрыщIэтырщ, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэн, адрейхэм яхэмышыпсыхьыжын, щIэблэм адыгэбзэр ящымыгъупщэн папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэрщ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ДАХ-м и ГъэзэщӀакӀуэ гупым бадзэуэгъуэм и кIэм Абхъаз Республикэм зэӀущӀэ щригъэкӀуэкӀащ. Абы кърикIуахэм тещӀыхьауэ адыгэ-абхъаз щэнхабзэ зэпыщӀэныгъэхэр, зэдэлэжьэныгъэр гъэбыдэнымрэ зегъэужьынымрэ зэрекIуэкIым къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Абхъазым щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Мэремыкъуэ Валерэ сымэ.
- Iуэхум кърикIуахэр мызэ-мытIэу къэтпщытэжащ. Сэ жысIэнур зыщ - фэ флъэгъуащ ди къуэш абхъазхэм къытхуащI пщIэр, иджыри зэ хьэкъ ящыфщIащ езыхэри къуэш пэлъытэу, щIыбагъ дызэриIэр, зылI и быну дызэрызэкъуэтыр. Ахэр лъэпкъыу къызэтенэжын щхьэкIэ ди адыгэ щIалэхэм я псэр зэратар зыхащIэу къыдбгъэдэт лъэпкъщ абхъазхэр. 
Мы Iуэхум политикэ мыхьэнэ зэриIэм къыщымынэу, абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэхыхьар хуабжьу я гуапэ хъуащ хэхэсхэми. КАФФЕД-м и лIыкIуэ Лъэпщыкъуэ Онери Европэм щыIэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затии къыхагъэщащ щыпсэу къэралхэм кIуэжа нэужь Абхъазым и хъыбархэр зэраIуэтэжар. 
Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри гъэбыдэныр зи къалэн нэхъыщхьэу щыт Дунейпсо Адыгэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Къапщтэмэ, мы гъэм ГъэзэщIакIуэ гупым и лIыкIуэхэр щыIащ Тырку къэралыгъуэм икIи абы щыпсэухэм яхуэзащ, епсэлъащ. ЗекIуэм кърикIуахэр къызэхуэсахэм жраIэжащ Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзанрэ Хасэм хэт ГъукIэлI Сусанэрэ. 
Псом япэу къыхэгъэщыпхъэщ Хасэм и лIыкIуэхэр «Россотрудничество» IуэхущIапIэу Анкара дэтым гуапэу зэрырагъэблэгъар, абы и унафэщI Сотниченкэ Александр зэрыхуэзар. Тыркум щыпсэухэр «Урыс унэкIэ» зэджэ а къулыкъущIапIэм адыгэ лъэпкъым и IуэхукIэ щызэпсэлъащ Урысей Федерацэм и Посольствэу Тыркум щыIэм и лэжьакIуэ Емуз Эвелинэ, Сотниченкэ Александр, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рамазан, КАФФЕД-м и Хасащхьэм хэт Токъмакъ Шэнэсэр сымэ. 
Рамазан зэрыжиIамкIэ, «Урыс унэм» и унафэщIхэми щылажьэхэми Тыркум щыпсэу адыгэхэр фIыуэ яцIыху, КАФФЕД-м и унафэщIхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ зыхуагъазэ, уеблэмэ адыгэ зэхуэсхэри щащI. 
«Адыгэхэр я хэкужьым щеджэн папщIэ ялъэкI къамыгъанэу къадэIэпыкъунущ. Уеблэмэ, мыбы къагъэкIуэну студентхэр къыщыхахкIэ, ди университетхэм я егъэджакIуэхэр яшэурэ къэпщытакIуэхэм хагъэхьэфынущ. Апхуэдэуи къулыкъущIэм къыджиIащ, адыгэ щэнхабзэ зэхыхьэхэр нэхъыбэрэ Тыркум щызэхэтшэну Iэмал дызэриIэр, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щытраха фильмхэр абы щыдгъэлъэгъуэфыну зэрыщытыр», - жиIащ ЛIымыщэкъуэм. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: