Узыфэ зэрыцIалэхэм земыгъэубгъунымкIэ вакцинэр къэгъэсэбэпыным иIэ мыхьэнэм, языныкъуэхэм апхуэдэ мастэхэр зыхегъэлъхьэныр щIамыдэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ятеухуа зэIущIэ Налшык къалэ дэт поликлиникэ №1-м щекIуэкIащ.
ЩIыналъэм и дохутырхэм къищынэмыщIауэ, я еплъыкIэр къагъэлъагъуэу, видеозэпыщIэныгъэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпу, зэIущIэм къыщыпсэлъащ ди къэралым педиатриемкIэ, иммунологиемкIэ, узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр.
- Дэ ди къалэнщ республикэм щыпсэу дэтхэнэми и узыншагъэр тхъумэныр икIи узыфэ зэрыцIалэхэм уазэрыпэщIэтыну хущхъуэгъуэ нэхъ лъэщыр вакцинэрщ, - жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. - Фигу къэзгъэкIыжынщи, вакцинэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ щыIэ лъэпкъ махуэгъэпсыр фэгъазэ, щIыфэкъикI, полиомиелит, нэгъуэщI узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр мыятэнымкIэ шэсыпIэщ. Гулъытэ хуэсщIу сыкъытеувыIэну сыхуейт иджыблагъэ УнэтIыныгъэ куэду зэхэт республикэ сабий клиникэ центрым хуэш узыфэр зыпкърыт сабийр зэрыщагъэхъужам. Иужьрей илъэс 30-м къриубыдэу иджы япэу къэхъуа Iуэхущ ар. Ди дохутырхэм я зэфIэкIымрэ иджырей Iэзэгъуэ IэмалыщIэхэмрэ я фIыгъэкIэ щIалэ цIыкIур ягъэхъужащ. Ар и щыхьэтщ вакцинэкIэ узыпэщIэтыфыну узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм и чэзум ягъуэтын хуей хущхъуэгъуэр ирамыхьэлIэмэ, къашэнкIэ хъуну шынагъуэм. Апхуэдэ къэмыгъэхъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, абы и лъэныкъуэкIэ IэщIагъэлIхэм я еплъыкIэхэм нэхъ куууэ зыщыдгъэгъуэзэным, вакцинэм теухуауэ кърахьэкI хъыбарыпцIхэм лъабжьэ зэрамыIэр къэдгъэлъэгъуэным теухуауэ аращ мы зэхыхьэр.
Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Захаровэ Иринэ тепсэлъыхьащ сабий узыфэ куэд зэрахуэгъэхъужым, гриппым зэрыпэщIэт мастэм и мыхьэнэм. Абы къыхигъэщащ, зэрагугъэм хуэдэу, а мастэм гриппым и лIэужьыгъуэ псоми уазэрыщимыхъумэр, вакцинэр абы и штамм щхьэхуэ гуэрым хуэгъэзауэ зэрыщытыр. Апхуэдэу щIэныгъэ лэжьакIуэм къигъэлъэгъуащ гриппым и хущхъуэу къэралым къыщыщIагъэкIхэм фIагъышхуэ зэраIэр. Профессор Продеус Андрей и гугъу ищIащ сабийм и иммунитетыр зэрызэфIэувэм, абы и лъэныкъуэкIэ вакцинацэм игъэзащIэ мыхьэнэм. Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Чеботарёвэ Татьянэ зи иммунэ зэхэлъыкIэм дагъуэ иIэ сабийхэм вакцинэр зэрезэгъынум теухуа упщIэм жэуап щритым жиIащ узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт мастэр нэхъыбэм хебгъалъхьэ зэрыхъунур, уеблэмэ Iэмалыншэуи зэрыщытыр, ауэ дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ зэрыхуейр икIи дохутыр-иммунологым и чэнджэщым тету ар зэрагъэзэщIапхъэр.
Ислъам хабзэмкIэ хьэдисхэр, къэрал хабзэхэр, юриспруденцэм и лъабжьэхэр джын унэтIыныгъэхэмкIэ щIэныгъэхэм я доктор Ауумэ Мухиддин и гугъу ищIащ вакцинэр зыхрамыгъэлъхьэным дин фIэщхъуныгъэхэр щхьэусыгъуэ зэрыхуащIым лъабжьэ зэримыIэм.
ЗэIущIэм щагъэлъэгъуащ вакцинэм теухуа хъыбарыпцIхэр хэту социальнэ напэкIуэцIхэм къыщрахьэкI видеотеплъэгъуэхэр. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэм жаIащ апхуэдэ теплъэгъуэхэм цIыхухэр зэрагъэжакъуэр, пэжагъ гуэри абыхэм зэрахэмылъыр наIуэ къащIу тепсэлъыхьахэщ. IэщIагъэлIхэм къыхагъэщащ цIыхубэм я узыншагъэр хъумэнымкIэ вакцинэм къалэнышхуэ зэригъэзащIэр икIи адэ-анэхэр къыхураджащ апхуэдэ хъыбархэр, видеотеплъэгъуэхэр я фIэщ ящIу я сабийхэм я зэран ирамыгъэкIыжыну.