Сыт хуэдэ лIэужьыгъуэ дызыхиубыдэр?Урысей школхэм щадж бзэхэм ящыщу 24-р «ныбжькIэ зэIэпамыхыжхэм» хеубыдэ. Абы къикIращи, е а бзэхэм ирипсалъэ щыIэжкъым, е куэдрэ къагъэсэбэпыркъым. Бжыгъэхэр къехь РАН-м и БзэщIэныгъэ институтым. Урысейм лъэпкъыбзэ 76-рэ щадж. Къызэрагъэщхьэпэ щIыкIэм елъытауэ, ахэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу ягуэш. КIуэдыжын шынагъуэ зыщхьэщытхэм хабжэ бзэ «щхьэукъуэхэмрэ» «зэпычахэмрэ». ИщхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа «сойотыбзэм» ирипсалъэу щытащ Сыбырым щыпсэу сойотхэр. Ар нобэ къагъэпсэужыну хэтщ, школми щадж. РАН-м и къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, сойотыбзэр 1970 гъэхэм кIуэдыжащ. Апхуэдэу бзэм щыхужаIэр абы ирипсалъэ иужьрей цIыхур дунейм ехыжа нэужьщ. Бзэ «щхьэукъуэхэм» хеубыдэ уэру къамыгъэсэбэпхэр. Урысей школхэм апхуэдэу 6 щадж: уралыбзэ къудамэхэу водхэр, ижорхэр, саамхэр, энецхэр зэрыпсалъэхэр, чукотск-камчатск лъэныкъуэм щызекIуэ «ительмен» бзэр, тыркубзэхэм ящыщу «тофаларыбзэр». «Щхьэукъуэхэм» хиубыдэр цIыху плIыщI фIэкIа зэрымыпсэлъэжхэрщ. АдэкIэ дынос «зэпыча» жыхуаIэ лIэужьыгъуэм, абы ирипсалъэхэр цIыху 10-5000 хуэдизщ. Абыхэм яхохьэ урысей школхэм щадж бзэ 17: идиш, карел, финныбзэ, корякыбзэ, вепс, къинэмыщIхэр. Бзэ «зэпычахэм» хабжэр махуэ къэс зэрымыпсалъэхэрщ. Бзэ нэхъыбэ зыхиубыдэ гупщ «къуажэм фIэкIа къыщамыгъэсэбэпхэмрэ» (апхуэдэхэр 24-рэ мэхъу), «къалэм фIэкIа къыщамыгъэсэбэпхэмрэ» (ахэр 8 мэхъу). Абы къикIыр а бзэм ирипсалъэхэр зэIэпызых нэхъыжь-нэхъыщIэхэр е къуажэм е къалэм фIэкIа щымыпсэууэ аращ, ауэ бзэм ирипсалъэхэм ар махуэ къэс къагъэсэбэп. «Къуажэм фIэкIа къыщамыгъэсэбэпхэм» хиубыдэхэр: аварыбзэ, адыгэбзэ, бурятыбзэ, къэзахъыбзэ, лезгин, чуваш, къинэмыщIхэр. Адыгэбзэр мыбдежым зэритыр «адыгейский» фIэщыгъэмкIэщ, ауэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэри зыхыхьэр мырагъэнущ. Мыпхуэдэ лIэужьыгъуэм ирипсалъэхэм я бжыгъэр цIыху 6500-м щегъэжьауэ 1 мелуаным нос. «Къалэм фIэкIа къыщамыгъэсэбэпхэм» хеубыдэ башкирыбзэр, тэтэрыбзэр, шэшэныбзэр, якутыбзэр, къинэмыщIхэр. Апхуэдэхэм иропсалъэ цIыху 40000-м щегъэжьауэ мелуани 5-м нэс. Школхэм щрагъэдж адрей бзэ 20-р лIэужьыгъуитIу ягуэшыж: «зэпыухэм» хагъэхьар 12 мэхъу, «щIыпIэ хэхам фIэкIа къыщымысэбэпхэр» - 8 мэхъу. «Зэпыухэр» гъунапкъэ гуэрым иубыдауэ къонэ, «щIыпIэ щхьэхуэм фIэкIа щыземыкIуэхэр» зыхуэдэр и цIэм къыбжаIэ. Ахэр щылажьэр зы лъэпкъ гуэр щыпсэу щIыпIэм и закъуэщ. «Зэпыухэм» хабжэ белоруссыбзэр, болгарыбзэр, чукотскэр, абыхэм цIыхуи 100-50000 иропсалъэ. «ЩIыпIэбзэхэр»: азербайджаныбзэр, ермэлыр, украиныр, даргиныбзэр. Мыбыхэм цIыху 300-100 000 иропсалъэ. АнэдэлъхубзэхэмкIэ къэрал институтым и унафэщI Брызгаловэ Саргыланэ зэрыжиIэмкIэ, къэрал школхэм щадж лъэпкъыбзэ 76-м ящыщу, 54-м папщIэ дерс щхьэхуэхэр щыIэщ. ЩIыналъэ 20-м щадж Ищхъэрэм, Сыбырым, КъуэкIыпIэ Жыжьэм щызекIуэ бзэ 26-рэ. Бзэ 46-мкIэ сабий IыгъыпIэ программэхэр мэлажьэ. Лъэпкъыбзэхэр зэрадж дерсхэр зэщхькъым. Бзэ 59-кIэ къэрал программэ 340-рэ яубзыхуауэ щыIэщ. Бзэ 32-м тхылъ 540-рэ хуагъэхьэзыращ. Сабийхэр хуитщ ахэр адэ-анэхэм и лъэIукIэ дерс папщIэу яджыну, е школщIыб щIэныгъэм хиубыдэу зрагъэщIэну. БзэщIэныгъэ институтым и унафэщI Кибрик Андрей зэрыжиIэмкIэ, хуэмурэ бзэ псоми, урысыбзэм нэмыщI, я къарум хощI. Зэманым къегъэлъагъуэ урысыбзэмкIэ фIэкIа, сабийхэм зыри зэрызрамыгъащIэр. Уеблэмэ щIыпIэ жыжьэхэм щыщ сабийхэр урысыбзэ фIэкIа ямыщIэу школым макIуэ. Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр хъумэн Iуэхум ехьэлIауэ, щытыкIэр щIагъуэкъым, - жеIэ Кибрик. – Къэралым Конституцэм иту къалэн иIэщ а бзэхэр къызэтригъэнэну. Бзэр ящIэну ухуеймэ, абыкIэ узыщыгугъыпхъэр адэ-анэрщ. Сабиигъуэ пасэм зрамыгъэщIа бзэр школым щызрагъэщIэжыну ущыгугъыныр щхьэгъэпцIэжщ, абы сабийр бзэ гуэр ищIэу къекIуэлIэн хуейщ. РАН-м и къэбжыкIэмкIэ, Урысейм иджыри бзи 155-рэ «псэууэ» щызокIуэ. Ауэ 20 лIэщIыгъуэм къриубыдэу бзэ 15 «щхьэукъуахэм» е «кIуэдыжахэм» зэрахэхуам уегъэгузавэ. Iыхьэ щанэм кIуэдыжын шынагъуэр ящхьэщытщ. Къуаншэр къэплъыхъуэн нэхърэ, хэкIыпIэ къэбгъуэтыну нэхъ тыншщ. Куэд щотхъу финнхэм сабийхэр зэрырагъаджэ Iэмалхэм. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм я школ унафэщIхэм адэ-анэр хагъэзыхь езыхэм я анэдэлъхубзэр ирагъэщIэну, сыту жыпIэмэ, анэдэлъхубзэ зымыщIэм и акъылыр быдэу зэрыубыдыркъым, абы къыхэкIыу, егъэджэгъуей мэхъу.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
10.12.2025 - 14:04 →
ЦIыхуи псэущхьи зыгъашхэ
08.12.2025 - 13:26 →
ЖьэрыIэзэ псори щIэныгъэлIкъым
04.12.2025 - 09:58 →
Дунейр къызэцIыкIуэкIхэр
02.12.2025 - 14:06 →
Еджэну фIэкIа пщIэнтэкъым
28.11.2025 - 12:05 →
Апхуэдэ улахуэкIэ улэжьэныр лIыгъэщ
| ||




