Жэпуэгъуэм и 16, махуэку
Ерыскъым и дунейпсо махуэщ
ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
Анестезиологым и дунейпсо махуэщ
1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я зэхуэс.
1868 гъэм къалъхуащ Къаир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.
1917 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къардэн Бубэ.
1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, литературэдж ТIымыжь Хьэмыщэ.
1961 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ШэджыхьэщIэ Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 12, жэщым градуси 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
УмыщIэм ущIэупщIэныр емыкIукъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.