Бзэр Iэмал лъэщщАдыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Москва щыхуеджащ хамэ къэралыбзэхэм. Ася унагъуэщ, анэщ. Узыхьэху гупсысэ куухэмкIэ къыддогуашэ ар. - Ася, уи IэщIагъэмрэ уэрэ сыт фызэзышэлIар? - Школым сыщыщIэс зэманым гуманитар унэтIыныгъэм нэхъ сыдихьэхыу, бзэхэр сфIэгъэщIэгъуэну щытащ. А лъэныкъуэмкIэ сунэтIащ школ нэужьым. Москва Лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэхэмкIэ Урысей университетым хамэ къэралыбзэхэр щадж и институтым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ. Срилэжьэну нэмыцэбзэр къыхэсхащ. Сехъуапсэрт нэгъуэщI къэралхэм я щэнхабзэхэр зэзгъэщIэну, ар си лъэпкъым езгъэпщэжыну. Абы папщIи бзэр Iэмал лъэщ дыдэщ. Дунейпсо IуэхущIапIэхэм сыщылажьэурэ, си зэфIэкIми хэзгъэхъуэну тезухуащ. Иджы нэмыцэ компание щхьэхуэм сыщолажьэ. «Hawe Hydraulik»-р дуней псом щекIуэкI проектышхуэхэм хэтщ, къэрал зыбжанэм езым и офис щиIэщ. Компанием и фIагъыр цIыхухэм егъэцIыхуным, ди офисым къилэжьым хэхъуэным, хъер диIэным хуэунэтIащ си къалэныр. - НэгъуэщIыбзэхэм ебгъапщэмэ, сыт хуэдэ адыгэбзэр? - Адыгэбзэр нэмыцэбзэми, инджылызыбзэми, урысыбзэми изогъапщэ куэдрэ. Iуэху сщIыуэ къасщтэурэ зэзгъапщэу аракъым, атIэ махуэ къэс бзэ зыбжанэ къэбгъэсэбэпын хуей щыхъум деж, ар гупсысэкIэ зыбогъэзахуэ. Ещхькъым адыгэбзэр нэгъуэщIыбзэхэм, къахощхьэхукI. Анэдэлъхубзэр къыбдалъхуауэ уи лъымрэ уи Iэпкълъэпкъымрэ щыщ щыхъуам деж, дауи, гугъукъым. Ауэ нэгъуэщI лъэпкъ щыщым ди бзэр зригъэщIэныр къегугъуэкIыну си гугъэщ. Зэрыпасэрейр и макъхэм къыхощ ди бзэм. Москва лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэгъуалэм садеджащ. Псоми бзэ щхьэхуэ щаIурылъкIэ, щхьэж и бзэм теухуауэ гъэщIэгъуэну хэлъымкIэ дызэдэгуашэрт. А зэманым къызгурыIуащ си бзэм и дахагъэри и гугъуагъри. КъызгурыIуащ бзэм лъэпкъым и дежкIэ и мыхьэнэр. Апхуэдэ дыдэу цIыху щхьэхуэм и дежкIи лъапIэу щытын хуейщ бзэр – лъэпкъ къызырыхъур цIыху щхьэхуэ-щхьэхуэхэр зэкъуэувэурэщ. Москва сыкъикIыжу ди щIыналъэм сыкъыщыкIуэжкIэ срихьэлIэрт урысыбзэкIэ псалъэмэ нэхъ къэзыщтэхэм, ар «модэ» зыщIахэм. Егъэлеяуэ си жагъуэ хъурт. Ар дауэ?! ЦIыхум къыдалъхуа бзэр Iумпэм ищIын щхьэкIэ, дапхуэдизу утхъуауэ щытын хуей и гупсысэр?! Апхуэдэхэм бзэм и IэфIыр я сабиигъуэм зыхрамыгъэщIауэ къысщохъу. - Уи сабиигъуэр сыт хуэдэу щыта? - Сабиигъуэ дахэ сиIащ. Къармэхьэблэ сыкъыщыхъуащ. Ди къуажэр псоми къахегъэщхьэхукI ди щIыуэпсым. Уардэу къэзыухъуреихьа бгыжьхэр, псыежэххэр, удз гъэгъа губгъуэхэр си нэгум щIэтщ. Къуажэр къэзыгъэщIыжыр, и цIэр фIыкIэ зыгъэIур и цIыхухэращ. Хабзэжь дэлъу къекIуэкIащ а жылэр, и цIыхухэр гуапэщ. СфIэфIщ къуажэдэсхэм я зэхэтыкIэр: пасэрейм ижь къыщопщэ абы иджыри! Сэ си фIэщ мэхъу - цIыхур и щIыналъэм псэкIэ пыщIащ! Сабиигъуэм теухуауэ зы гукъэкIыжкIи сывдэгуэшэнут… ИлъэсипщI сыхъуу къыщIэкIынут абы щыгъуэ. Си анэшхуэм и деж хьэщIапIэ сыщыIэт Малкэ къуажэм. Гъунэгъу сабийхэм садэджэгуну секIуэкIат. ПщэфIахэти, сэ сыхагъэзыхьа пэтми, сахуэшхатэкъым. Ауэ, пряник пщтыр ягъэжьати, абы сехъуэпсат, зэ къызэлъэIужамэ, сшхыну къыщIэкIынут (мэдыхьэшх). Анэшхуэм и деж сыздекIуэкIыжым согупсыс: «Нанэ селъэIунщи, пряник езгъэщIынщ»… Куэбжэр Iусхри, шэнт цIыкIу тесу пщIантIэм дэст нанэ. Фалъэ цIыкIукIэ джэдыкIэ зэIиIудырт – пряник игъэжьауэ, абы трикIэну джэдыкIэпс IэфIыр игъэхьэзыру арат. Егъэлеяуэ сыгуфIат, зэрызгъэщIэгъуэнури сщIэртэкъым - си гум илъыр къищIа хуэдэт. Абы щыгъуэ сшха пряникым и IэфIагъыр сэ иджыпстуи си Iум итщ. - Сабиигъуэм уикIыу, балигъ узэрыхъуар щызыхэпщIар сыт щыгъуэ? - Школыр къэзухыу Москва еджапIэ сыщыкIуам япэу зыхэсщIащ балигъ гъащIэр. Къуажэ унэ хуабэр къэзгъанэри, къалэшхуэм сыкъыдэхутат. Си закъуэт, си щхьэм Iэ къыдэзылъэхэм сапэIэщIэт. Сытыт сщIэнур – си бгыр щIэскъузэри, балигъ сыхъуащ. Сыстуденту Америкэм зэгуэр сыкIуат, пIалъэкIэ сыщылэжьэну. Абы щыгъуэм пэIэщIэ дыдэ сыхуэхъуат сабиигъуэм. Апхуэдэхэм деж гупсысэ куэд зыбогъэзахуэ. Зыкъэслъыхъуэжырт: «Сыхэт сэ? Адыгэу дунейм сыкъыщытехьакIэ, сыт сэ лъэпкъым щыщ сызыщIыр?» Америкэм сызэрыщыIа мазэ бжыгъэм къриубыдэу си гупсысэм куэдкIэ зихъуэжащ. Си лъэпкъыр, си унагъуэр, си къуажэр нэхъри куууэ псэкIэ зыхэсщIэ хъуащ. Иджы согупсыс: сабийр бутIыпщын хуейщ, къэбгъэувыIэ хъунукъым. Дауи, IэфIщ адэ-анэм уабгъэдэсыныр. Ауэ зыкъэпцIыхужыну Iэмал къозытыр гъуэгурщ - дунейм щэху куэд хэлъщ, абыхэм зыщыбгъэгъуэзэн хуейщ. - «Лъэпкъ» щыжаIэкIэ, сыт уи нэгу къыщIыхьэр? - Сыхуейт щIэныгъэкIэ, хабзэкIэ, щэнхабзэкIэ, лIыгъэкIэ дунейм дыкъыщацIыхуну! Иджыпсту ди пасэрейхэм яхузэфIэкIахэм дрогушхуэ, ауэ дэ езым мыхьэнэ зэттын хуей Iуэхугъуэ гуэрхэр тщогъупщэ. Нобэ нэхъыфI гуэр длэжьын хуейщ, къытщыгугъа хъунщ ди япэ итахэр абыкIэ. Дэ, псалъэм папщIэ, ди щхьэр доIэт ди дадэжьхэр дигу къыщыдгъэкIкIэ. АтIэ дэри ди ужьым къихъуэнуIащ – мис абыхэм я щхьэр иредгъэхьэх хъунукъым. Аращ лъэпкъым папщIэ нэхъыщхьэр. - Ася, уи гупсысэм зыгуэркIэ зригъэхъуэжу узэджа тхылъхэр уиIэу къыщIэкIынущ… - Ремарк и «Три товарища», Лондон Джек и «Мартин Иден» романхэм куууэ зыхэсщIэу седжащ. Асадов и усэхэр щIэх-щIэхыурэ къызощтэж. Сэ куэдрэ сызэгупсыс, гъащIэм хэслъагъуэ Iуэхугъуэ куэд абы и деж сыщрохьэлIэж - мыр си псэм пэгъунэгъу усакIуэщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм сыкIэлъыплъыжащ иджы - балигъ сыхъуауэ: школ зэманым зэрызыхэсщIамрэ иджы хэслъэгъуамрэ зэтехуэркъым. - Къанокъуэ Арсен адыгэ щIалэгъуалэм заузэщIын мурадкIэ иригъэжьа пэхуэщIэм ущытекIуауэ щытащ илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ… - ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъун Iуэху иубзыхуауэ щытащ Къанокъуэ Арсен. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ республикэхэм ящыщ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я нэхъыфIхэр къыхишу, къэрал зызыужьахэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэнымкIэ ядэIэпыкъуну, мылъку яхуиутIыпщыну – арат жэрдэмыр зытещIыхьар. Сэри сехъуэпсащ абы сыхыхьэну. Проект зэпеуэм сыкIуэцIрыкIауэ щытащ. Проектым сыщыхыхьэм гугъэшхуи сиIэтэкъым. Сыту жыпIэмэ, куэд дыдэ хэтт, езы зэпеуэм къигъэув хабзэхэри ткIийт. Япэ Iыхьэр - дэфтэрхэр пхыкIынырт. ИужькIэ, урагъэблагъэрт уи мурадым утрагъэпсэлъыхьыну. Зи дэфтэр пхыкIахэр щраджа махуэм сэ Германием лэжьыгъэ IуэхукIэ сыкIуэн хуейуэ техуащ. ВидеокIэ запысщIэу си жэуапхэм езгъэдэIуэну къысхуадащ. Ауэ сэ сыгузавэрт - узэхуэзауэ ущызэпсалъэм и деж щIэныгъэр нэхъ богъэлъагъуэф. ЛэжьапIэм сыщIэст, сызэрыпхыкIамкIэ хъыбар къыщысIэрыхьам. Сыгъащ – дауэт сызэрыпэлъэщынур си гум имыхуэж гуфIэгъуэм?!
Поделиться:
Читать также:
09.12.2025 - 17:00 →
ЕтIанэгъэ зэлэжьыну гъуэгухэр
03.12.2025 - 14:31 →
КъыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ
24.11.2025 - 11:59 →
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ
13.11.2025 - 13:55 →
КъарууфIэщ икIи губзыгъэщ
28.10.2025 - 16:48 →
Щыхьэт техъуэфынкIэ мащIэIуэщ
| ||




