Гундэ зэрадыгъуар

(абхъаз таурыхъ)

Нарджхоу щIалэм Гундэ тхьэIухудыр хузыщыгъэгъупщэртэкъым, и нэгум щIэт зэпытт, и гупсысэм хэкIыртэкъым.

Нарджхоу бжэрэ щхьэгъубжэрэ хэмылъу пщыIэ факъырэ щIэс Iэхъуэт, ауэ щыхъукIи, абы лIыгъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуейт, псом хуэмыдэу ерыщ хуекIуэу и гъуэгу къытехьам хуигъэгъунутэкъым.

 Зэгуэрым ар и анэм деж щIыхьэу:

- Нысашэ сокIуэри, хэт къыпхуэсшэн? - щыжиIэм:

- Уэмрэ щIымрэ бгъэзми зыщ пхуэфэщэну слъагъур, ауэ къуатыну пIэрэ уэ ар? - къитащ анэм жэуап.

 - Хэт къызамытынур? И цIэр къипIуэну фIэкIа сыхуейкъым.

- Нарт пелуанищэм нэ лей къытрамыгъаплъэу, уафэм лъэIэсу къыпщыхъу сэрейкIэ къаухъуреихьауэ, абджыпс чэщанэм я шыпхъур щахъумэ. Хъыджэбзым и дэлъхухэр зыцIыхухэр абы лъыхъуну тегушхуэркъым.

Нарджхоу зыри жимыIэу кIуэри и адэм и шыр къыщIишащ.

- Ди анэ, сэ нарт зэшхэм я шыпхъур къэздыгъуну сокIуэ, хъыджэбзыр къэзмыхьауэ сыкъэкIуэжынукъым, - жиIэри ежьащ.

Арати, дыгъэр къыщыкъуэкI лъэныкъуэмкIэ икIри, Нарджхоу ежьащ, Хъыжьэрыпс зылъыхъуа Гундэ тхьэIухудыр унэидзыхьэ ищIыну.

Жьым нэхърэ нэхъ псынщIэу, шы лъакъуэр щIым емыIусэу мажэ псэлъыхъур. КIуэм-кIуэурэ щIалитI зэщыхьауэ ирохьэлIэ.

- ЛIо фхуэмыгуэшар? - жеIэри и макъым зригъэIэтауэ щIоупщIэ Нарджхоу.

- Ди адэр дунейм щехыжым сэшхуэ, щIопщ, щIакIуэ къытхуигъэнащи, ахэр зылъысынур тхузэхэгъэкIыркъым, - къатыжащ щIалэхэм жэуап.

- Сэ сывдэIэпыкъунщ, - жиIэщ щIалэми, сэшхуэмрэ щIопщымрэ къатрихри, щIакIуэр цIыкIу-цIыкIуу ичэтхъащ.

- СщIам и мыхьэнэр къывгурыIуа?

- КъыдгурыIуащ, - къатыжащ жэуап зэшхэм.

 ЩIалэм и гъуэгу хигъэщIу ежьэжащ. Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, Жабрэ губгъуэ хуитым нэсмэ, нэм къиплъыхьыр дахагъэщ. Плъэмэ, губгъуэ куэщIым цIыхухъуитI итщи, зэрымыщIэжурэ я бгым нэс щIым зэрыхэхуащ.

- Ей щIалэфIхэ, фыукIытэркъэ? - жиIэурэ щIалэхэр зэбгришыжри, езыр и гъуэгу теувэжащ. АрщхьэкIэ, щIалэхэр япэрейм нэхърэ нэхъ гуащIэжу зозауэ. ГъуэгурыкIуэм къигъэзэжщ, зэзауэхэр фIыуэ иудыныщIэри ежьэжащ. Абы иужькIэ щIалэхэр зэзэуэжакъым. Аргуэру щIалитI зэрыукIыу ирихьэлIащ Нарджхоу.

- Фэри щхьэ фызэфIэна? - йоупщI щIалэр абыхэм. - Ди адэм къыщIэнауэ жьэгум фIэдза кIапсэ диIэщи, тхуэгуэшыркъым, - къыхуотхьэусыхэ Нарджхоу ахэр.

- ЗыкъэфщIэж, напэ зимыIэхэ!

Нарджхоу Iэбэщ, кIапсэр зэпиупщIри, ныкъуэ-ныкъуэу яритыжащ.

Нартхэр, хьэщIэ къахуэкIуэуи гурыщхъуэ ямыщIу, топ джэгуу пщIантIэм дэтт. Я анэ Сэтэней гуащэ аддэ жыжьэу бжьэпэм къытеува фIыцIагъэ цIыкIум гу лъитэри, къэгузэващ:

- Си щIалэхэ, топ джэгуныр къэвгъани, хьэщIэм фыпежьэ, - егуоуащ ар и къуэхэм.

- Къэсмэ, дыпежьэнщ, - къатыж жэуап нартхэм.

- ЦIыху бзаджэ къакIуу къыщIэкIмэ, фIы щIэфхынкъым, - жиIащ Гундэ нэщхъейуэ.

- Хэт дэ мышынэу къыдэзыкуфынур? - жаIа щхьэкIэ, шыпхъум и псалъэхэм едаIуэри, куэбжэшхуэхэр ягъэбыдащ, пхъэрыгъажэр ирагъэлъэдэжри, бжэгъухэри кIэщIагъэкъуэжащ.

Уащхъуэдэмыщхъуэу, къыздикIари къыздихуари ямыщIэу, шы лъагъуэхэмкIэ тепкIэрэ, уафэгъуагъуэм хуэдэу макъышхуэ иригъэщIу Нарджхоу шыбгъэмкIэ куэбжэр ирихащ, и гъунэгъуу щыта псори щIипIытIэу.

- Фи махуэ фIыуэ, нартхэ! - макъ утIыпщакIэ захуигъэзащ Нарджхоу къыпежьахэм. ХьэщIэм и къыдыхьэкIэр ягу зэрыримыхьар къагъэлъагъуэу нартхэр щымт.

- Фигу срихьми сримыхьми, хьэщIэу сыкъыфхуепсыхащ.

Хуэмей-хуэмейуэрэ нартхэм щIалэм и шы IумпIэр яубыдри, шы фIэдзапIэм фIадзати, шыр абы егъун щIидзэри куэд дэмыкIыу щIым хихуащ. И щхьэр щиутхыпщIым, шы фIэдзапIэр къыхичыжри аддэ жыжьэу Iуидзащ. Ари ягу ирихьакъым нартхэм.

- Нартхэ, - захуигъэзащ къызэхуэсахэм Нарджхоу. - Сэ фи шыпхъур сшэну, благъэ зыфхуэсщIыну сыкъэкIуащ.

- КъэтIыси дызэгъэпсалъэ, - къатыжащ абыхэм мыарэзыуэ жэуап.

ХьэщIэр ауэ щыт шэнтым щытетIысхьэм, абы и лъакъуиплIри щIым хихуащ.

- Сыщытмэ нэхъыфIщ, - жиIэри и Iэщэ-фащэр зэшхэм яхуишиящ, ахэр гъущI пкъом щыфIадзэм, ари кIуэцIрыхуащ.

- Сэ зэзгъэзэхуэжмэ нэхъыфIщ, - жиIэщ хьэщIэми, и Iэщэ-фащэр зыпщIэхилъхьэжщ, и шым зридзри, хъуаскIэхэр шы лъэгум къыщIихыу зричащ. Нартхэм зыкъыщащIэжам, Нарджхоу абджыпс чэщанэм нэсщ, Гундэ къипхъуатэри, губгъуэшхуэм ихьэжат.

КIэлъыпхъэращ зэшхэр ар къезыщIа щIалэм, нэхъ макъ жьгъырууэ яхэтхэм бгы лъагэм тес Хъыжьэрыпс еджэн щIадзащ.

- Хъыжьэрыпсу лIыхъужь, дызэхэх, дызэхэх, уи нысащIэр ядыгъу. Ар щызэхихым, Хъыжьэрыпс и шым зридзри, и лъэ къызэрихькIэ зричащ. Мес ар нартхэм ялъэщIыхьэжащ, дыгъум лъэщIыхьэнми иIэж щыIэкъым.

- Ей, сызэхэпхрэ, цIыхубз IэлъэщI птемылъмэ, къэувыIэ.

Нарджхоу а псалъэхэр зэхимых хуэдэт.

- Ей, маржэ хъужыхэн, къэувыIэ си нысащIэр зыдыгъуар, къызэтеувыIэ сызыгъэунэхъуар.

- Сыщытщ, - къэувыIащ щIалэр.

- Хъыджэбзыр къэутIыпщи, лъы дымыгъажэу дызэIэпыкIынщ.

- Хьэуэ, дызэзэуэнущ, - икIуэтакъым Нарджхоу.

Арати, псалъэ лей къыхэмыкIыу шабзэхэмрэ шабзэшэхэмрэ ягъэхьэзырри, зэпэщIэуващ.

- Япэ уэгъуэр ууейщ, - жиIащ Хъыжьэрыпс.

Арати, шабзэшэхэм зэблэлъэтын щIадзэри, махуэ енкIэ щытащ апхуэдэу, Гундэ пщащэри а псом кIэлъыплъа фIэкIа зыри жиIакъым. Нарджхоу щIалэр игу ирихьауэ пIэрэт? АрагъэнкIи хъунщ, абы и пэжыпIэр иджы къыздэсым зыми ищIэркъым.

Нарджхоу губжьауэ шэр щиутIыпщым, Хъыжьэрыпс и щхьэку дыдэм техуэри тIууэ зэгуигъэхуащ.

- Уэ уцIыхухъур пэжмэ, сэ гъукIэм деж сынэсу си щхьэр зэгуезгъэпхэжыху къызэжьэ, - жиIащ Хъыжьэрыпс.

- Хъунщ, сэри апщIэндэху къыхэсхыжынщ си шхужьым хэна шабзэр, - арэзы хъуащ Нарджхоу.

И щхьэр иIыгъыу Хъыжьэрыпс гъукIэм деж псынщIэу нэсащ. Гъуаплъэ тхьэмпэхэр щхьэм ирикIуэу къыхибзыкIри, ар гъущI IунэкIэ иригъэубыдыжащ.

Аргуэру зэпэщIэувэжащ зэбийхэр. Хъыжьэрыпс и шабзэр иутIыпщри, и жэгъуэгъум и Iэм техуащ, Нарджхоу и шабзэр Хъыжьэрыпс и лъэгуажьэм хэнащ. Къарууншэ дыдэ хъуат тIури. Нарджхоу Гундэ къищтэжу адэкIэ я гъуэгу хагъэщIыну ежьэжа щхьэкIэ, къарууэ иIэр иухри, гъуэгущхьиблыр щызэхэкIым къытенащ.

А псом кIэлъыплъ Сэтэней гуащэ мы псалъэхэр къиIущэщащ:

- Си хъыджэбз закъуэм и насыпыр тезыха Нарджхоу, мывэ къыр ухъуи зы насыпи умылъагъуу дунейжьым укъытенэ. Хейуэ хэкIуэда Хъыжьэрыпс епэрым я нэхъ гуакIуэ ухъуи, цIыхухэр бгъэгуфIэрэ убагъуэу куэдрэ упсэу!

Сэтэней жиIар а дакъикъэм къэхъуащ. Нобэми а щIыпIэм Нарджхоурэ Гундэрэ мывэу жауэ щытщ. Абы и хъуреягъым къыщыкI епэр гуакIуэм нэри пэри етхьэкъу, абы и къуэпс лантIэр цIыхухэм унэ щащIкIэ къагъэсэбэп.

Зыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик