ГурыщIэ къабзэкIэ псыхьащ

Адэжь лъахэм нэхъыфI сыт щыIэн?! Абы и дахэр яIуатэу хэт гуапэ зыщымыхъунур?! Шэч къызытумыхьэжыну жэуапым узытет дунейм и зы къуапэ къыуимыгъэгъанэу щIэрыщIэу щIыуегъэпщытыкIыж, ар нэгъуэщIым дахэ икIи гукъинэж щIыщыхъум и щхьэусыгъуэхэр къыуегъэлъыхъуэ. Кавказыр, адыгэщIыр, адыгэ цIыхухэр хамэ щIыпIэ къикIахэм гунэс щIащыхъум я IуэхукIэ зи гъащIэ псом зэупщIыжрэ жэуап зэмылIэужьыгъуэхэр зратыжу къэпсэуахэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм зи хъыбарыр фIыуэ ящIэ Бормотов Иван.

«Сыщыпсэу дунейр» («Мир, в котором я живу») – аращ зэреджэр иджыблагъэ къыдэкIа тхылъ гъэщIэгъуэным, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, литератор, лъахэхутэ Бормотов Иван и къалэмыпэ къыщIэкIа усэ тхылъым. Дунейм къытехьа тхылъыр урысыбзэщ зэрытхар икIи ауэ абы гулъытэ хэха щIыхуэтщI щхьэусыгъуэ щыIэщ. Куэд щIакъым Бормотовым «МелыIычибл» зыфIища тхылъ хьэлэмэт дыдэр цIыхухэм зэралъэIэсрэ. ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIыр зэрыщыту триухуат етIуанэ унэ хуэхъуа Адыгэ Хэкум и щIыуэпсым, абы зэрыхущытым, мыбдеж щигъуэта гупсэхугъуэм, нэгъуэщI куэдми. Ауэ, нэхъыщхьэращи, тхыгъэр зейм къиIуэтащ адыгэщIым хэлъ гуащIэмылъытэр зыхуэдэр – цIыхум и щытыкIэр нэхъыфI зэрищIыр, зытепсэукI щIыгум пщIэ хуищIын хуейуэ гузыхэщIэ инхэр къызэрыритыр къигъэлъэгъуащ. ГъэщIэгъуэн къысщыхъуат хамэ щIыпIэ къыщыхъуа цIыхум адыгэщIым хуиIэ гумащIагъымрэ лъагъуныгъэмрэ икIи, пIалъэ къыхэзмыгъэкIыу, Бормотовым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр къэзгъуэту щIэздзащ. СыхущIегъуэжакъым, уеблэмэ сызыхэплэну сызыхунэса тхылъхэм си гузыхэщIэм зрагъэIэтащ. ПсэупIэ пхуэхъуа лъахэм и дахэ уэрэдыр апхуэдизу пIуэтэн щхьэкIэ, гум фэрыщIыгъэ имылъу щытын, ар къэгъэнауэ, абы къиIукI пшыналъэр уи хъуреягъкIэ щытхэми зэхахын хуейщ. Бормотовыр зыцIыхухэм аращ жаIэр – хамэ щIыпIэхэм къикIахэм ящыщу Адыгэ лъахэр абы хуэдэу фIыуэ зылъагъу куэд щыIэкъым.

Бормотов Иван Пермь щIыналъэм 1950 гъэм мазаем и 28-м къыщалъхуащ. Ауэ, зэрыжытIащи, абы псэупIэ хуэхъуар Адыгэ Хэкурщ. Бормотовым и гъащIэр зэрыщыту лъахэм и щIыуэпсыр хъумэным, абы хуэсакъыным триухуащ. Курорт зыгъэпсэхупIэхэмрэ турист зыплъыхьакIуэхэмрэ епха хуэIухуэщIэхэмкIэ экономист IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, Бормотовым Мейкъуапэ дэт къэрал технологие университетым экономикэмрэ жылагъуэ гъащIэмкIэ и кафедрэм лэжьэн щыщIидзащ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр къыдихащ, бгылъэрызекIуэ спортымкIэ мастерщ, зыплъыхьакIуэхэр гъэгъуэзэнымкIэ дунейпсо классыр иIэщ, инструктор-методистщ, Урысеймрэ Адыгэ Республикэмрэ щIыхь зиIэ я бгылъэрызекIуэщ. ЩIалэщIэу ди щIыпIэхэм къакIуэри, лъахэм хуищIа лъагъуныгъэр мыкIуасэу, нэхъри къызэщIэрыуэу къекIуэкIащ: и гухэлъхэри ныбжьыщIэхэм зэрахипщэным хущIэкъу зэпытщ, абыхэм я гупэр Хэкум и тхыдэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ яхуигъэзэну иужь итщ.

Бормотовым егъэджэныгъэм хилъхьэ гуащIэр зэрымымащIэм я щыхьэтщ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ телъыджэхэр: «Бгылъэм ис Адыгэ Хэкур» («Горная Адыгея»), «Адыгейм и къуршхэмрэ бгыхэмрэ» («Горы Адыгеи»), «ЩIэплъыпIэм адэкIэ» («Там, за горизонтом»), «Мейкъуапэ хуит къызэращIыжар. «Эдельвейс» операцэр зэрызэхакъутар» («В боях за Майкоп. Крах операции «Эдельвейс»), «КъахуэмыгъэIурыщIа адыгэбгхэр» («Непокоренные горы Адыгеи»), «Хъыбархэмрэ тхыдэжьхэмрэ я лъахэм» («В краю легенд и преданий»), нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщын хуейщ: Бормотовым игури и псэри адыгэ лъахэм, адыгэхэм яхуэгъэзауэ матхэ, мэгупсысэ, абы и лъэныкъуэкIи Iуэхугъуэ щхьэпэхэр зэфIегъэкI.

Ущыпсэу лъахэр фIыуэ умылъагъуу, абы уардэу къыщхьэщыт бгылъэхэмрэ къуршылъэхэмрэ пщIэ яхуумыщIу, уи гъащIэр зупха Iуэхур уи гупсысэм хэмыту апхуэдиз фIыщIэ къыпхуэлэжьынукъым. Бормотовым щIэблэм емышыжу ядригъэкIуэкI лэжьыгъэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, апхуэдизкIэ ар иужь итщ абыхэм я дунейм щIыуэпсым увыIэпIэ хэха мыхъуу, щIыпIэшхуэ щаригъэубыдынуи.

ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа усэ тхылъыщIэр дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIакъым. Лъахэм хуиIэ гурыщIэ къабзэхэм иджыри зэ щыхьэт техъуэж хуэдэщ Бормотовыр. Ар нэхъыбэу зэрацIыхур щIэныгъэм хуэгъэза лэжьыгъэкIэт, ауэ иужьрей илъэсхэм псалъэ зэгъэпэщыкIэм и Iэмалхэр къигъэIурыщIэурэ художественнэ тхыгъэ ди пащхьэ кърелъхьэ.

ЦIыхум къещIэкIа дунейм и зы Iыхьэу зэрыщытыр зыхэпщIэныр, фIыр къыхэпхыу Iэпэгъу пщIыныр, уэ пхуэдэ цIыхум дамэгъу ухуэхъуныр – щыIэныгъэм пкъощIэсэ хуэхъу Iуэхугъуэхэм ящыщщ мыхэр. Ахэращ Бормотовым и усыгъэм къыщIэIукI пшыналъэр зытеухуари. Псалъэр къабзэмэ, IупщIу къэIуэтамэ, гурыщIэ нэхукIэ узэдамэ, узыIэпешэ, укъеубыд. Загъуэрэ Бормотовым и усэбзэм къыщIэIукI макъамэр нэщхъей щыхъуи къыхокI: цIыхур дунейм къытохьэ, къыхуиуха гъащIэ Iыхьэр ирехьэкIри, дунейм йохыж. А далэм къриубыдэу КъэгъэщIакIуэм цIыхум къыхуегъэув къалэн зыбжанэ: цIыхугъэр ихъумэну, щыIэныгъэр игъэдэхэну, дахагъэр зыгъэбагъуэу къигъэщIар и пIэм къринэну. Ахэр хузэфIэкIамэ, фIыгъуэшхуэщ, ауэ къемыхъулIамэ – хэплъэгъуэщ. УсакIуэр мэхъуапсэ, мэгугъэ, и фIэщ ищIыну хуейщ апхуэдэ щымыIэу.

КIыхьу къэпсэуащ, жаIэу зэзэмызэ зэхыбох. Ауэ гъащIэр зыужэгъужа щыIэкъым. Псэр IэфIщ, а IэфIым ирикъуа щыIэкъым. Ауэ дызэплъэкIыжу къэткIуа гъуэгуанэм дриплъэжыну Iэмал хуэдмыгъуэтурэ, макIуэ гъащIэр, дблэкIым гу лъыдмытэу, дгъэкIуа махуэр къызэрытфIэIуэху щымыIэу. Ауэ, усакIуэм къызэрилъытэмкIэ, гъащIэм хуэсакъын хуейщ, щхьэхьу жэныр балигъ хъуа цIыхум зэрызримыгъэкIум ещхьу, дэтхэнэ зы махуэри гупсэхуу гъэкIуэныр хьэкъщ, къытхуихьымрэ дблихымрэ зэпэтшэчэн хуэдэу. Аращ узыпсыхьынур, аращ къэбгъэщIым и мыхьэнэр зыхэпщIэу узыщIынур.

Апхуэдэу зэплъэкIыж усакIуэм и гурыщIэхэр къыщеIуатэ «ГъащIэ», «Илъэсхэр мажэ», «Хыжьей къабзэм деж» жыхуиIэ усэхэм. Ныбжьыр зэрыкIуэри, цIыхур гъащIэм щилъагъу псом зэрагъэтхъури, кIуэтэху къыхуэнэр зэрымащIэри къеIуатэ усакIуэм, икIи, нэхъыщхьэращи, зыщIыхуэарэзыжын куэд и гъащIэм хэлъщи, къэнам и гур игъэкIуэдыркъым, атIэ нэхъри епсыхь.

ГукIэ зыхищIэр, лъагъуныгъэ зыхуищIыр, гурыщIэ IэфIхэр къыхузэщызыгъэуахэри ибзыщIыркъым усакIуэм, дахэу къеIуатэ. Апхуэдэ гузыхэщIэхэр макъамэ щабэу къыщIоIукI «Сэ бгылъэхэм сыкъыщыхъуащ», «Бгыхэм я джэ макъ», «Махуэ дахэ», «ФIыуэ узолъагъу, Мейкъуапэ!» усэхэм.

Насыпкъэ-тIэ узыщыпсэу щIыналъэм гузэгъэгъуэ щыбгъуэтарэ щыплъагъумрэ щызэхэпхымрэ ущагъэусэм деж! ФIы зигу илъыр фIы хуэмызэжынкIэ, фIым пэплъэм ар къыхуэмызэнкIэ Iэмал иIэкъым. Узыпэплъэр къыплъэIэса нэужь, щыIэныгъэмкIэ зы насып гуэр бгъуэта хуэдэу къыболъытэ, уи къарури, уи акъылри, уи Iэмалри абы нэхъ лъэщ зэращIыр зыхыбощIэ. Езы Бормотовым зэгуэр жиIат: «Ныбжьэгъу псалъэм сигъэIурыщIащ, абы и пэжагъ-щыпкъагъым си гур къыдришеящ. Апхуэдэ дыдэуи адыгэ цIыху къызэрыгуэкIым си лъэр щIигъэкIащ – абы и хабзэр езым къемэщIэкIми, сэрэ сызытет дунеймкIэ егъэзыпIэ лъэщ хъурт, абы къысхуигъазэ и псалъэр езым хузэмыгъэпэщми, къыщригъэжьа дыдэм деж хилъхьэ хуабагъым сызыIэщIэзыубыдэну хэт щIыIэр игъэкIуэсэжырт. Си гъащIэм сыхуэарэзыщ, абы къыхыхьахэми фIыщIэ яхузощI. Ахэращ сызыгъатхэр, сызыгъэусэр, сызыгъэпсалъэр», – жеIэ Бормотов Иван.

Псори зэгъусэу зэужьым уси 100-м щIигъу ихуащ. Дэтхэнэ зы усэми адыгэщIымрэ адыгэ лъэпкъымрэ яхуиIэ щытыкIэ дахэр нуру къапхопс, шэч хэлъкъым адыгэ тхылъеджэр абы зэрызыIэпишэнум, зэрыдихьэхынум. Лъэпкъхэр теплъэкIэ, бзэкIэ, динкIэ зэмыщхьу Тхьэм къигъэщIащ. Апхуэдэу щIищIа щыIэкъым, ахэр зэрыцIыхуу, дахэрэ фIыкIэ зэхъуажэу дунейр ягъэдэхэн фIэкIа. Ар къызыгурыIуам Тхьэр етащи, и Iэужь дэтхэнэми гулъытэ игъуэтынущ. Аращ зэрыхъур Бормотовым и къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэхэри.

«ТхылъыщIэ дунейм къытехьэмэ, цIыхущIэ къалъхуауэ къысщохъу», – жиIэрт адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Нало Заур. ТхылъыщIэкIэ ар зэджэри купщIэ зыкIуэцIылъ тхыгъэращ. Дунейм къытехьар апхуэдэ зы лэжьыгъэщи, ар зылъэIэсыну адыгэхэр и кIуэцI иригъэплъэжу, къаплъэм къызэрыщыхъу щIыкIэм иригъэгупсысыну, а щIыкIэм тету нэхъыфIыж зэрыхъунум и Iэмалхэр и щхьэм щызэригъэзэхуэну дыщогугъ. Тхылъым и фIагъхэм ящыщщ ар зыIэрыхьэр зэригъэгупсысэри, апхуэдэ зэфIэкI мы къыдэкIыгъэщIэми къызэрыкъуэкIынум шэч къытетхьэркъым, гъуэгу махуэ теувэнуи ди гуапэщ.

Тхыгъэри сурэтри зейр ШУРДЫМ Динэщ.
Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик