Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Дзэм къулыкъу щащIэну я пщэ дэлъ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №63-ФЗ-уэ 1998 гъэм гъатхэпэм и 28-м къыдэкIам ипкъ иткIэ 2025 гъэм икIи 2026, гъэмрэ 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм дзэ комиссариатхэр здэщымыIэ щIыналъэхэм пэщIэдзэ дзэ учетым гъэувынымкIэ я полномочиехэр ягъэзэщIэн папщIэ жылагъуэхэм я бюджетхэм субвенцэхэр ятегуэшэным теухуауэ «2025 гъэмрэ 2026, 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №52-РЗ-уэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдэкIамкIэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ (гуэдзэн №12-м и таблицэ №4)
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэхэм я Iыхьэ щхьэхуэхэм я къарур къызэтегъэувыIэным, Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэхэм я Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным икIи 2025 гъэм Урысей Федерацэм и бюджет IэнатIэм и бюджетхэр зэрагъэзащIэм щхьэхуагъэхэр хуэгъэувыным я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №367-ФЗ-уэ 2024 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м къыдэкIам и 15-нэ статьям и 9-нэ, 13-нэ Iыхьэхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Дзэм къулыкъу щащIэну я пщэ дэлъ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №63-ФЗ-уэ 1998 гъэм гъатхэпэм и 28-м къыдэкIам ипкъ иткIэ 2025 гъэм икIи 2026 гъэмрэ 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм дзэ комиссариатхэр здэщымыIэ щIыналъэхэм пэщIэдзэ дзэ учетым гъэувынымкIэ я полномочиехэр ягъэзэщIэн папщIэ жылагъуэхэм я бюджетхэм субвенцэхэр ятегуэшэным теухуауэ «2025 гъэмрэ 2026, 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №52-РЗ-уэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ (гуэдзэн №12-м и таблицэ №4) халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.
 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Говоров С.
Поделиться: