И текIуэныгъэм дыпоплъэКъэбэрдей-Балъкъэрым щиухащ «ЦIыхубэ участковэ-2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым наIуэ щыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу ещанэ кIэух Iыхьэм хэтынур. ЩIыналъэ IэIэтым кърикIуахэмкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ участковэ нэхъыфI» хъуащ Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм полицэм и участковэ-уполномоченнэ, полицэм и капитан Аргъэщокъуэ Ренат. ЕтIуанэ увыпIэр лъысащ полицэм и капитан Сэбаншы Тимур (Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэ), Урысей МВД-м и Налшык управленэм и ОП №2-м полицэм и участковэ уполномоченнэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Джэду Залым ещанэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр екIуэкIащ 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 7 - 16-хэм. Республикэм и щIыхьыр зэпеуэм и кIэух Iыхьэм щыIэтыным хэтыным хущIэкъуащ полицэм и участковэ уполномоченнэу 13. Зэпеуэм и кIэух IэIэтыр зэхэтынущ 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 1 - 10-хэм.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




