Медаль 23-рэ къахь![]() Карате Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу Тырныауз къалэм щекIуэкIащ щIыналъэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и спортсмен ныбжьыщIэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль 23-рэ зэхьэзэхуэм къыщихьащ, абы щыщу 8-р дыщэу, 7-р дыжьыну, 8-р домбеякъыу. Я ныбжьымрэ хьэлъагъымрэ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Ногеров Малик, Бежан Идар, Блий Изабеллэ, Зыхъуэ Кемран, Григорян Ваник, Нэзрэн Алихъан, ТекIуий Алим, Елчэпэр Алишер сымэ. Къущхьэ Амир, КIэмпIарэ Iэдэм, Борэн Мухьэмэд, Бобров Демид, БатI Дианэ, Ахуэмгъуэт Аслъэн, ТекIуий Алий сымэ дыжьын медалхэр къахьащ. Ещанэ хъуахэщ Мэчанэ Асанэ, Къуныжь Дамир, Сысоевэ Алисэ, Зэшей Астемыр, Мусаев Елдар, Бобров Даниил, Къэзанш Елдар, Едгъул Софие сымэ. БЭБЭЧ Башир.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2025 - 18:39 →
Спорт хъыбархэр
15.11.2025 - 17:59 →
Спорт хъыбархэр
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
| ||




