«Хэтхэ уащыщ?» - жаIэу щIэупщIэмэ, адыгэ цIыхум абы пидзыжынур нахуэщ: къызыдэкIа къуажэмрэ зыщыщ лъэпкъымрэ зэпигъэувэнурэ апхуэдэу зыкъыхуэзыгъэзам жэуап иритыжынущ. Адыгэ цIыхум дежкIэ лъапсэжьыр Iуэхушхуэщ. ЦIыхум и къуэпсыр къыщилъыхъуэжри и адэжьхэм я къекIуэкIыкIа псор щызэфIигъэувэжри абдежщ.
Адыгэ цIыхур дэнэ щIыпIэ къыщыщIимыдзми, къыщыхъуа жылэр, и цIыкIущхьэр щигъэкIуа хьэблэжьыр, и адэжь пщIантIэр игу ихуркъым, ар къэгъэнауэ, абыхэм епха гу-къэкIыж IэфIхэм зэщIаIыгъэурэщ гъащIэм хуиIэ гугъапIэхэр зэрызэригъэпэщыр, и хъуэпсапIэхэм зэракIэлъыкIуэр. Сыту жыпIэмэ, къехъулIа псор кърихьэлIэжрэ ар щылъхуа лъа- хэм зэм-зэм къекIуэлIэжмэ, абы къыщыгуфIыкIынури гуапэу къыIущIэнури и гупсэу къуажэжьырщ, зыхилъхьэ щымыIэ и хьэблэжьырщ. ЖаIэнущ: мыпхуэдэм и быным на- пэ къытхуихьри къэкIуэжащ. Арыххэуи, быным ифIщ япэ итыр щIэпсэур, япэ итри зыхущIэкъур аращ - лъэужьыфIэ хъунырщ, щIэблэ узыншэ къызэрыщIэхъуэнырщ. Къуажэри хьэблэри зытелажьэр къащIэувэ щIалэгъуалэм я гъуэ-гур занщIэ зэращIынырт, я гум IэфIу къинэкIэрэ, цIыхугъэрэ адыгагъэрэ яхэлъу дунейм тегъэхьэнырт.
Мыпхуэдэ гупсысэхэращ узыхуагъэушыр иджыблагъэ дунейм къытехьа дэфтэр зэужь гъэщIэгъуэну «Абейкъуажэ икIыу Белоглинскэ кIуахэр» фIэщыгъэр зыгъуэта тхылъым. Абейкъуажэ цIыкIукIэ дэсхэр зэджэ жылэр, пэж дыдэу, цIыкIущ, уеблэмэ апхуэдэ къуажэ щыIэу зымыщIэхэми уарихьэлIэнущ. Апхуэдэу щыт пэтми, къыщыунэхуа махуэм укъыдэбжэмэ, къуажэм илъэ-си 100 зи кIыхьагъ тхыдэ гъуэгуанэ къызэпичащ, адыгэ дунейр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэр къыдэкIащ, ущIехъуэпсэн икIи ущIыдэплъеин ехъулIэныгъэхэри зыIэригъэхьащ.
ГъащIэр езыр тхыдалъэщ. Абы ехъумэ блэкIам и щэху куэд, къэптIэщIыжыф къудеймэ, уи къуэпсхэм уаришэлIэ- жу, узыщымыгъуэза куэд ды- дэ къыпхущIигъэщыжу, нэхъыбэжи къэплъыхъуэну ухуигъэпабгъэу. Дунейм къытехьа тхылъыщIэр зи IэдакъэщIэкI ДыщэкI Хъызыррэ Махъсидэ Феликсрэ яхузэфIэкI къагъэнакъым Абейкъуажэ цIыкIум и тхыдэр IупщIу зэрызэфIэбгъэувэжын дэфтэрхэр къызэщIэкъуэным, архив хъумапIэхэм къыхахыжа тхылъымпIэхэр тегъэщIапIэ ящIкIэрэ, апхуэдэ гукъэкIхэр зи лъабжьэ лэжьыгъэ гуащIафIэхэр къызэщIэIэтэным ехьэлIауэ. Къапщтэмэ, къуажэр къыщыунэхуар дыгъуасэ хуэдэщ, адыгэхэм я жыIэкIэу, лIы ныбжь ирикъуа къудейщ. А далэм къриубыдэу къуажэм къызэринэкIа гъащIэм щымыщ хэплъхьэфыну къыщIэкIынкъым, ауэ щыщIэр ирибгъэкъужын хуеину къыщIэкIынущи, ар мы къыдэкIыгъуэм къалэн зыщещIыж, икIи, жыIэн хуейщ: зэужьыр зэхэзылъхьахэр абы хъарзынэу пэлъэщащ.
Зи цIэр куэдрэ къраIуэу Джылахъстэней щыхьэрибгъум ящыщщ Абейкъуажэр. Хабзэжь щызэрахьэу зы адыгэ къуажэжьщ ар. Къэбэрдей къуажэхэр 1744 гъэм картэм тету япэ дыдэу Чичагов Сергей къыщигъэлъагъуэм, Сунш псыежэхым деж щыс Абейкъуажэри къыхигъэщыгъат. Кавказ зауэм и лъэхъэнэм ар Курп псыежэхым и Iэгъуэблагъэм къоIэпхъуэ. Абдеж куэдрэ зыщиIэжьакъым - къуажэ зэхуэхускIэ зэджэм и лъэхъэнэм, 1865 гъэм, нобэ здэщыс щIыпIэм къотIыс. Абдежи щиухакъым къуажэдэсхэм я Iэпхъуэшэпхъуэным. Унагъуэ 43-рэ хуэдиз абы къыхокIри, Белоглинскэ зыфIаща къуажэр яухуэ. А Iуэхугъуэр къыщыхъуамкIэ зэдауэ мащIэ щы- Iэщ. Хэти щIыпIэр ягуэшу щIым тур щытращIа 1924 гъэм гъатхэпэм и 14-м къыдобжэ, хэти унагъуэхэр къэIэпхъуэу хьэблэхэр щызэхагъэщхьэхукIа 1925 гъэм и накъыгъэ мазэм тхыдэр къыщыщIедзэ. Тхылъыр зэхэзыгъэувахэм къуажэм и тхыдэр 1925 гъэм къыщрагъажьэ, а Iуэху еплъыкIэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри тегъэщIапIэу къахь. Сыт хуэдэу щымытми, къуажэр илъэси 100 ирикъуащ, абы хуэфащэ гулъытэр ирагъэгъуэту тхылъ хъарзынэри дунейм къытехьащ.
Илъэси 100-м къриубыдэу къуажэм зиубгъуащ. Абейкъуажэжьым къыдэкIахэр жылэщIэм и купщIэу къанэу, абы иужькIэ къыдэтIысхьащ гъунэгъу жылэхэм къикIа унагъуэхэри. НобэкIэ къуажэм цIыху 521-рэ щопсэу, ахэр унагъуищэм нызэрохьэс. Унагъуэ къэс къежьапIэ яIэщ. БелоглинскэкIэ зэджэ къуажэ цIыкIур щытIысам къыщыщIэбдзэмэ, абы щыпсэу лъэпкъхэм я блэкIам щыщ Iуэхугъуэ куэд фIэкIуэдынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Абы къыхэкIыу Абейкъуажэмрэ Белоглинскэмрэ я тхыдэр зэпэIэщIэу къэбгъэлъагъуэ хъуну къыщIэкIынкъым. А Iуэхугъуэр къалъытащ тхылъыр зэхэзыгъуэвахэми. Белоглинскэр псэупIэ зыщIа унагъуэхэм я цIэ-унагъуэцIэ-хэр зэрыт дэфтэрым и мызакъуэу, зэужьым хыхьащ къуажэдэс лъэпкъхэр къызытехъукIыжа я адэжьхэм я цIэ- хэм ущыхуэзэнкIэ хъуну, 1825, 1862, 1886 гъэхэм зэхагъэува къуажэ къыхэтхыкIыу щхьэпэнухэр. А щIыкIэм тету ДыщэкI Хъызыррэ Махъсидэ Феликс-рэ къуажитIым дэсхэр зэрызэрылъхузэрыпIыр къагъэлъэгъуащ, лIэужьхэри зэрапхащ. Абы щIалэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм и пщIэр лъагэу еIэт.
Апхуэдэу тхылъым ущрихьэлIэнущ Iуэхугъуэ зэмылIэу-жьыгъуэхэм ехьэлIа нэгъуэщI дэфтэрхэми. Абыхэм ящыщщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Тыркум икIыжыну хуейхэм, хьэжыщI кIуэну зызыгъэхьэзырахэм, къуажэм ефэндыуэ дэсахэм я цIэ-унэцIэхэр къызытещыж дэфтэрхэр. Тхыдэр куууэ зыджынухэмкIэ а тхылъымпIэхэм уасэ яIэкъым.
Зэужьым щIыпIэшхуэ щаубыдащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Абейкъуажэ цIыкIум къыхуихьа гузэвэгъуэр къызыхэщыж дэфтэрхэм. Къыхэгъэщын хуейщ къуажэм щыщу Хэкур зэрыпхъуакIуэхэм щахъумэну цIыху 44-рэ зэрыдэ-кIар, абыхэм ящыщу цIыху 27-м я псэр адэжь лъахэр хуит къэщIыжыным зэрыщIатар. Нэгум къыщIэгъэувэгъуейщ зи насып къэкIуэгъуэу, зи унагъуэ щIыгъуэу дэкIа щIалэщIэхэм щIэблэу къащIэхъуэну щытар зыхуэдизыр, гугъэмрэ гуIэмрэ зэхэту быным япэплъэу дунейм ехыжа адэ-анэхэм я бжыгъэр, лэгъунэ нэщIым нэпс мыжакъуэр щIагъэкIыу къыщIина фызабэхэр зэрыхъур… Зауэ бзаджэм къуажэм къри- та цIыху хэщIыныгъэр зэрырибгъэкъужын щыIэкъым, ауэ абыхэм я фэеплъыр пхъумэу щIэблэ узыншэ къызэрыпIэтыфынум а дэфтэрхэр я шэсы- пIэ йоувэри, уасэ яхуэщIыгъуейщ. КъищынэмыщIауэ, бийр къуажэм къыдыхьэу зэхикъута псэуалъэхэм, цIыхухэмрэ колхозымрэ ярита хэщIыныгъэм я инагъыр къызыхэщыж тхыгъэхэри мымащIэу зэу-жьым къыщыхьащ.
Щхьэхуэу гулъытэ хэха ягъуэтащ къуажэм дэт IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм, IэнатIэ зэ-мылIэужьыгъуэхэр къэзыIэт лэжьакIуэхэм, щIыналъэм и цIэр фIы и лъэныкъуэкIэ зыгъэIуа цIыху цIэрыIуэхэм. Къэхутэныгъэ щхьэхуэ яхуэфащэщ Абейкъуажэ цIыкIум и дахэр Джылахъстэнейм и мызакъуэу, къэралым щызэбгрызыгъэкIхэм ехьэлIа Iуэхум. ДыщэкIымрэ Махъсидэмрэ абы хуэунэтIа лэжьыгъэм и гъунэр иралъауэ жыпIэ хъунущ.
Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ къуажэм щыпсэу лъэпкъхэм я дамыгъэхэм я сурэтхэр тхылъым зэрихуам абы и фIагъыр къызэриIэтыр. Къуажэдэс щIалэгъуалэр нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхунымкIэ ар Iэмал хъарзынэщ, лъэпкъ щIэжыр къэIэтынымкIи бгъэдыхьэкIэ щIагъуэщ.
Тхылъыр зи къалэмыпэм къыщIэкIа щIалитIым ятеухуауэ псалъитI-щы жытIэныр игъуэу къыдолъытэ. ЛъэпкъкIэ Инарыкъуей къуажэм щыщ ДыщэкI Хъызыр адыгэ тхыдэ щIэныгъэм гуащIафIэу хуэлажьэ, дэфтэр хъумапIэхэр емышыжу къэзытIэщIыж, адыгэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар емытIысэхыу къэзылъыхъуэ икIи зэфIэзыгъэувэж щIалэщ. Джылахъстэней къуажэхэм я блэкIар къэзыгъэлъэгъуэж тхылъ зыбжанэ Хъызыр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Тхылъыр дунейм къытехьэнуи цIыхухэм я деж нэсынуи къыщIэкIынтэкъым, абы-кIэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIа Махъсидэ Феликс мыхъуамэ. Щалъхуа Абейкъуажэ цIыкIур зи псэм хэлъ Махъсидэм хузэфIэкIащ IуэхумкIэ акъылэгъу къигъуэту абы и гъуэгур гъащIэм къыхишэн, зи пщIэр мыкIуэдын дэфтэр зэужьри къуажэдэсхэм тыгъэ яхуищIын. ДыщэкI Хъызыррэ Махъсидэ Феликсрэ я гуащIэдэкIыр зы махуэ лэжьыгъэкъым. Архив IуэхущIапIэхэм ущIэсу гупсэхуу напэкIуэцI мин бжыгъэу зэхэлъ дэфтэрхэр къызэбгъэдзэкIын щхьэкIэ шыIэныгъэ ухуейщ. Зи гур лъэпкъым хуэкъабзэ щIалитIыр зыхуагъэувыжа къалэным пэлъэщащи, фIыщIэ яхуэфащэщ. Дэ ди фIэщ мэхъу тхылъыр псыпэхэш зэрыхъунур, гупсысэкIэщIэ, бгъэдыхьэкIэщIэ, Iуэху еплъыкIэщIэ щIэщыгъуэ куэд къызыхэщыж къэхутэныгъэхэр къызэрырикIуэнур. Арыххэуи, тхылъыр гъуэгу махуэ теувэну ди гуапэщ.
ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.