Министрымрэ студентхэмрэ я зэIущIэ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ академием и студентхэм.

СыхьэтитIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зэIущIэм щытепсэ­лъыхьащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и Iэна­-         тIэм щыIэ щытыкIэм, апхуэдэуи министрым жэуап яритащ ныбжьыщIэхэм я упщIэхэм. Студентхэр щIэупщIащ медицинэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмалхэр, иджырей технологиехэр щIыналъэм къызэрыщагъэсэбэпым, щыIэ гугъуехьхэм, егъэджэныгъэр, лэжьыгъэм и пIалъэ зэрыхагъэгъуазэр къы­зэрызэгъэпэщар егъэфIэкIуэным зэреплъхэр къаIуэтащ. НыбжьыщIэхэм жаIащ дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхахэр Iуэхум нэIуасэ щыхуащIу медицинэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуэщIыпхъэр,   я Iэзагъэм нэхъыфIу хагъэхъуэфын папщIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр абы егъэгъуэтын зэрыхуейр. 
Къалэбатэ Рустам къыхигъэщащ еджапIэхэмрэ медицинэ IуэхущIапIэхэмрэ яку зэпыщIэныгъэ дэлъыным, егъэ­джэныгъэ программэр щаубзыхукIэ студентхэм я еплъыкIэр къыхэлъытэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэрщ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и къэкIуэнур зыхуэдэнур зэлъытыжар», - жиIащ министрым. Апхуэдэуи къигъэлъэгъуащ мы зэIущIэм хуэдэхэр Iуэху щхьэхуэхэм ятеухуа еплъыкIэхэр утыку кърахьэнымкIэ Iэмал хъарзынэу зэрыщытым къищынэмыщIауэ, егъэджэ­ныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ медицинэ IэнатIэхэмрэ зэгъусэу IэщIагъэлI нэсхэр гъэхьэзырынымкIэ щхьэпэ зэрыхъур.

Тхьэхущынэ  Ланэ.

Поделиться: