Лъэщагъым и дамыгъэ

2005 гъэм щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 4-м ­Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэ  зэкъуэты­ны­гъэм и махуэр. Ар къытехъукIащ 1612 гъэм ­Минин Кузьмарэ Пожарский Дмитрийрэ я пашэу Москва хуит къызэращIыжауэ щытам. Польшэр Урысейм къыщытеуэм, Урысейм и цIыхубэр къызэрыIэтащ, нэгъуэщI къэралым и унафэм щIэувэну хуэмейуэ. 1611 гъэм фокIадэм  Новгород Ищхьэрэм  щыщ земскэ старостэ (иджы куей унафэщIым и къулыкъум хуэдэ) Минин Кузьма цIыхубэм захуигъэзат зауэлI зэгухьэныгъэ къы­зэрагъэпэщыну.

Къалэдэсхэм зэгухьэныгъэ Iуэхум халъ-хьэу щIадзащ я лэжьапщIэм и Iыхьэ щанэр. Езы Мининым щапхъэ игъэлъагъуэу а Iуэхум хилъ­хьащ и мылъкум и нэхъыбэр. Дзэ ­пашэу ха-         хащ илъэс 30-м ит пщы Пожарский Дмитрий. Къалэдэсхэм Пожарскэм и дэIэпы­къуэгъуу ­хахащ Мининыр. Дзэзешэу абыхэм ­ягъусащ Черкасскэ Дмитрий (Къанщауэ). Черкасскэр урыс полкхэм я пашэу хэтащ Углич, Вязьмэ, Дорогобуж, нэгъуэщI къалэхэри хуит къэзыщIыжахэм. 1618 гъэм Черкасский Къанщауэ хэлIы­фIыхьащ Можайск деж щекIуэкIа зэхэуэми. 1613 гъэм пащтыхь щытрагъэувэм, абы Iэ иIэтауэ щытащ илъэс 16 зи ныбжь Романов Михаил и ­телъхьэу. Михаил и тетыгъуэми, и къуэ Алексей  и пащтыхьыгъуэми, Черкасский Къанщауэ ­къулыкъушхуэхэр иIыгъащ, ар щытащ, Къэзан, Сыбыр Приказхэм я унафэщIу, пащтыхьым и лIыкIуэу щыIащ Повольжьем, Тэн, Кавказ Ищхъэрэм, Сыбырым.
УрысыщIыр хамэ зэрыпхъуакIуэхэм  къаIэ­щIэгъэкIыжыным хэтащ къызыхэкIакIи я псэу­кIэкIи зэщхьэщыкI цIыху куэд. 1612 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Новгород Ищхьэрэ    цIыхубэ дзэ      зэгухьэныгъэм Китай-къалэр къащтэри, полякхэр Москва дахужащ. КъызыхэкIа лIакъуэ, зэрахьэ дин, я IэнатIэ емылъытауэ цIыхухэр зэкъуэувэу къагъэлъэгъуа лIыгъэ-хахуагъэр тхыдэм щапхъэ дахэу хэуващ. Бийр къэралым зэрырахужам, Москва хуит къызэращIыжам теухуауэ ягъэува махуэшхуэр илъэс къэс ягъэлъэпIащ XX лIэщIыгъуэ пщIондэ. Октябрь зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ ар къэралым игъэ­лъапIэ ­махуэшхуэхэм хагъэкIыжауэ щытащ. ­СССР-м махуэшхуэу щагъэлъапIэрт щэкIуэ­гъуэм и 7-р - Октябрь зэщIэхъееныгъэр къыщыхъуар. Ауэ Урысейм и дин зэгухьэныгъэ советым къы­хилъхьащ щэкIуэгъуэм и 4-р ЦIыхубэ зэ­къуэтыныгъэм и махуэу ягъэбелджылыну. А жэрдэмыр Къэрал Думэм диIыгъащ. 2004 гъэм и дыгъэгъазэм Къэрал Думэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ «ЗауэлI щIыхьым и махуэхэр» («О днях воинской славы») феде­ральнэ законым. Абы щагъэбелджыла зэхъуэ­кIыныгъэ­щIэхэм хеубыдэ ЦIыхубэм я зэкъуэ­тыныгъэм и махуэр гъэлъэпIэныр. 
1818 гъэм пащтыхь Александр Езанэм и унафэкIэ Утыку Плъыжьым дагъэуващ Мининымрэ Пожарскэмрэ я фэеплъ. Скульптор Мартос Иван и лэжьыгъэр цIыхубэм къахэкIа лIы­хъужьхэм я япэ фэеплъщ. 2005 гъэм   Новгород Ищхъэрэм  щагъэуващ Мининымрэ Пожарскэмрэ я фэеплъ. Урысейм хабзэ щыхъуащ махуэшхуэр а фэеплъитIым деж къыщыщIадзэу ягъэ­лъэпIэну. Илъэс къэс ди къэралым  и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ а махуэм ирихьэлIэу щрагъэ­кIуэкI концертхэр, пшыхьхэр, псапэ зыпылъ ­Iуэ­хухэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, гъэлъэ­гъуэ­ныгъэхэр, флешмобхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэхыхьэхэр, тхыдэм теухуа ­дерсхэр. ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ар дэтхэнэ цIыхури хэкум дежкIэ зэрылъапIэм, узэ­къуэувэмэ, лъэщ узэрыхъум и нэщэнэщ.   ЦIы­ху­бэр зэгурыIуэмэ, зызэщIагъакъуэмэ, зэ­дэ­Iэ­пы­къумэ, къэралри йофIакIуэ. 
ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: