Ди бэнакIуэхэр нэхъ лъэщщ![]() Тюмень къалэм и «Тюмень-дзюдо» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 76-м я спортсмен 787-рэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм зэхьэзэхуэм зэфIэкIыфI-хэр къыщагъэлъэгъуащ икIи медаль зэхуэмыдэу 5 къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Джэданэ Амырхъан (кг 46-рэ), Унэж Темырлан (кг 55-рэ), Хъуран Къантемыр (кг 66-рэ) сымэ. Бийболэт Даниял (кг 81-рэ) дыжьын медалым деж къыщыувыIащ, Щад Дилианэ (кг 70) домбеякъыр къихьащ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
| ||





