Махуэшхуэм и щIыхькIэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху пажэхэр. 

Хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ­кърагъэблэгъахэм щехъуэхъум жиIащ Урысейм мыхьэнэшхуэ зиIэ и махуэхэм ящыщ зым ­теухуауэ зэрызэхуэсар.
- Урысейм ЦIыхубэ зэкъуэ­ты­ныгъэм и махуэр зэрыщагъэувам нэрылъагъу ещI ди лъэпкъ хабзэхэр, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэр, хэкупсагъэр, зыр адрейм зыщIигъэкъуэныр ди къэралым зэрыщыдгъэлъапIэр. Ахэращ ди Хэкум и зыужьыны­-гъэм лъабжьэ хуэхъур, - жиIащ Егоровэм. - Ди япэ итахэм я щIэиныр тхъумэн хуейщ, ап­хуэ­дэуи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым дэтхэнэ зыми ди гуащIэм, ди Iуэху бгъэдыхьэкIэм ди щIыналъэмрэ къэралымрэ  я къэкIуэнур зэрелъытар. Нобэ КъБР-м и Парламентым и ­дамыгъэр зыхуэдгъэфэщахэм яхэтщ дохутырхэр, егъэджа­кIуэ­хэр, социальнэ лэжьа­кIуэ­хэр, щэнхабзэм, спортым, экономикэм хэлъхьэныгъэ хуэ­зыщI­хэр, нэгъуэщI куэди. Шэч хэмылъу, дыщыгъуазэщ дэтхэнэ зыми иIэ зэфIэкIым, и ­ехъулIэныгъэхэм. Иджыпсту Урысейм и Iуэхур тыншу пху­жыIэнукъым, дауи. Абы и щхьэ­хуитыныгъэр, и дуней лъа­гъукIэр дзэ Iуэху хэхам щихъу­мэн хуейщ. Ди зауэлIхэм ди къэкIуэным папщIэ нобэ хахуэу я къалэныр ягъэзащIэ. Мы­дэкIэ щыIэхэми а текIуэныгъэр сыт хуэдизкIи нэхъ гъу­нэгъу зэрыхъуным щхьэж хузэ­фIэкI хелъхьэ. Ди фIэщ мэхъу дызэкъуэту гугъуехьхэр къызэ­ры­зэднэкIыфынур. Фи мура­дыфIхэр къывэхъулIэну, фе­фIэ­кIуэну дэтхэнэми сыныво­хъуэхъу.
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэ­щащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэ­джэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щIэныгъэм, щIыпIэ унафэр зехьэным, хьэрычэт Iуэ­хум, физическэ щэнхабзэм­рэ спортымрэ, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным хэлIы­фIыхьхэм. Абыхэм ящыщщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Тхыдэтхымрэ къежьапIэхэмкIэ и щIэ­ныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Къущхьэбий Анзор, Налшык къалэм дэт курыт школ №26-м химиемрэ биологиемрэ ще­зыгъэдж УнэкIафIэ Мадинэ, УФ-м Пенсэмрэ социальнэ стра­хованиемкIэ и фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэу Беккиевэ Еленэ, Шевчук Ольгэ, Тхьэзэплъыж Люсанэ сымэ, ­нэгъуэщIхэри. 
Республикэм и щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуищIымрэ и ­зэ­фIэкIымрэ къэлъытауэ, ­КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ къафэмкIэ «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ ансамблым и къэфакIуэ пажэ Жанатаевэ Иринэ. «Заман» газетым и сурэттех ­Мамаев Алий - фотожурналистикэм зэрызригъэужьым пап­щIэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэ­нымрэ зегъэужьынымрэ хэлъ­хьэ­ныгъэ зэрыхуищIыр къалъытэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъкIэ ягъэлъэпIащ Шэ­джэм районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэм и къу­дамэм и IэщIагъэлI нэхъыщ­-хьэ Щокъарэ Оксанэ. 
Парламентаризмэм зегъэу­жьыным, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым хабзэхэр щегъэфIэкIуэ­ным­ хэлъхьэныгъэ зэрыхуа­щIым­ папщIэ, зэхуэсым ­КъБР-м и Парламентым и депутат зыбжани щагъэлъэ­пIащ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и Уна­фэщIым и ФIыщIэ тхылъыр иратащ Лъэпкъ зэхущыты­кIэхэмкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ вете­ранхэм я IуэхухэмкIэ комитетхэм хэт Дадэ МуIэед, Ухуэ­ныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ Iэ­натIэмрэ гъэсынып­хъэ-энерге­тикэ IуэхущIапIэмкIэ коми­тетым и унафэщI Къумал За­урбэч, Жылагъуэ шы­на­гъуэн­шагъэмрэ Iулъхьэм пэ­щIэтынымкIэ комитетым и унафэщI Кривко Михаил сымэ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: