ПсэукIэр егъэфIэкIуэным пащэ![]() Налшык къалэ администрацэм щекIуэкIащ цIыхубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэщIауэ къалэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызрагъэужьыну щIыкIэм теухуа зэIущIэ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIа зэхуэсым хэтащ Налшык къалэ администрацэм и УнафэщI Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Журавлёв Андрей, министрхэмрэ министрхэм я къуэдзэхэмрэ. Налшыкдэсхэм я псэу-кIэр тынш щIыным теухуауэ япэу зыхэплъа Iуэхугъуэм куэд къызэщIеубыдэ. Абы тепсэлъыхьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ ТIымыжь Хъусен. Абы къыхигъэщ республикэм и щIыналъэ 13-м 2030 гъэ пщIондэ псэукIэр процент 30 хуэдизкIэ щегъэфIэкIуэн къалэныр къазэрыпэщылъыр, псом япэуи а Iуэхухэр Налшык къалэм зэрыщекIуэкIынур. ПсэукIэр егъэфIэкIуэныр Iуэхугъуэ 15-кIэ къалъытэ, къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ. Апхуэдэщ, цIыхухэм я псэупIэхэр нэхъ Iэхуитлъэхуит щIыныр, жьы хъуа унэхэм щIэсхэр къыщIэгъэIэпхъукIыныр, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэныр, унэхэм интернет щIэшэныр, хабзэм къемызэгъыу къагъэунэхуа пхъэнкIий идзыпIэхэр Iухыжыныр, цIыхубэ транспортхэм я щытыкIэм кIэлъыплъыныр, егъэджэныгъэм, медицинэм, спортым пыщIа IуэхущIапIэхэр, сабий садхэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыныр, щэнхабзэмкIэ унэхэмрэ библиотекэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр.
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 09:36 →
Шынагъуэншагъэр къалъытэ
16.11.2025 - 09:00 →
Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ
12.11.2025 - 18:59 →
Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ
13.09.2025 - 11:00 →
ЛъэхъэнэщIэм къапэщылъхэр
23.08.2025 - 10:57 →
Кхъухьлъатэ гъуэгуанэхэм заубгъу
| ||




