Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ

Нобель саугъэтыр зыт къэпщытакIуэ комиссэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ. Махуэкум наIуэ хъуащ ЛитературэмкIэ тыгъэр Венгрием щыщ тхакIуэ Краснохаркаи Ласло зэрыратар.

 «Уи фIэщ хъу и тхэкIэ жыжьаплъэм, дунейкъутэж гужьеигъуэм и зэманым гъуазджэм и къарум и инагъыр къызэригъэлъэгъуэфам папщIэ» - а псалъэхэмкIэ къагъэлъэгъуащ илъэс 71-м ит  Краснохаркаи Нобель и саугъэтыр хуэфащэу къыщIалъыта щхьэусыгъуэр.

ТхакIуэр 1954 гъэм Венгрием хыхьэ Дьюлэ къалэ цIыкIум дунейм къыщытехьащ. Абы и тхэкIэр зрагъэщхьыр Кафкэ Франц, Бернхард Томас сымэ хуэдэу, «европей хъэтIкIэ», щIагъыбзэр щынэхъыбэ сурэткIэ дунейр къэзыгъэлъагъуэхэрщ.  ТхакIуэр зэрыцIэрыIуэр «ШейтIан танго» зыфIища и романымкIэщ. Венгрием коммунизмэр тепщэу щыщыта лъэхъэнэм лей зытехьа къуажэм теухуащ. 1994 гъэм ар и лъабжьэу фильм ягъэувауэ щытащ. Зонтаг Сьюзан критикым и псалъэкIэ жыпIэмэ, Краснохаркаи къохъулIэ гъащIэм щекIуэкI хабзэншагъэмрэ ар ипэжыпIэкIэ зэрыщытыпхъэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр уи нэгум къыщIигъэувэну. 2015 гъэм мэжэр тхакIуэм Букер и цIэр зезыхьэ саугъэтыр, 2019 гъэм – зэдзэкIыгъэхэм папщIэ ят Лъэпкъ тхылъ тыгъэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. 

 ЛитературэмкIэ мы гъэм и саугъэтыр хуэбгъэфащэ хъуну къагъэлъэгъуахэм ящыщщ  Японием щыщ Мураками Харуки, Китайм щыщ Сюэ Кан, къинэмыщIауэ, Этвуд Маргарет, Рушди Салман сымэ.  Нобель Альфред

и уэсятым къыхинащ ар зратыпхъэ тхакIуэм бгъэдэлъын хуей Iэзагъыр зыхуэдэр: «ГъащIэр нэгъэса хъуным хуэунэтIа тхыгъэ щэджащэ зи Iэдакъэ къыщIэкIам».

 ЛитературэмкIэ а саугъэтыр яту къызэраублэ лъандэрэ, цIыхуитIым ар къыIахын ядакъым: СССР-м щыщ Пастернак Борисрэ (I958 гъэм) франджы тхакIуэ Сартр Жан Полрэ (1964 гъэм). Пастернак зэрыхагъэзыхьам и хъыбарыр хэIущIыIущ, Сартр тыгъэ лъапIэр къыIихын щIимыдар цIыхубэ гулъытэ псоми зэрызащидзейрт.

  ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: