КЪАРДЭН Мурат: Гупсысэ напцIхэр зытезгъэкIуакъым

 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, адыгэ щIалэ Къардэн Мурат 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа гъэмахуэ Олимпиадэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щытекIуауэ щытащ. Абы щыгъуэ 2I-нэ лIэщIыгъуэм дыхыхьауэ арат икIи ди республикэм и тхыдэщIэм щыяпэ дыщэ медалт ар. Куэд щIауэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ диIатэкъым икIи арауэ къыщIэкIынщ ар хэIэтыкIауэ щIагъэлъэпIар.

ЛIэщIыгъуэм и Iыхьэ плIанэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ къыдитауэ щыта дэрэжэгъуэр езыми дэри иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыну дыхуейуэ, дэ Къардэн Мурат зыхуэдгъэзащ икIи и гупсысэхэмкIэ ар ядогуашэ «Адыгэ псалъэм» еджэхэм.

 

Си анэм зы усэ итхащи, куэд къыбжеIэ абы. Нобэ сызытепсэлъыхь, сигу къэзгъэкIыж псори къызэщIаубыдащ а сатыр мащIэхэм. Финалым сыщыбэнэн хуейуэ абы сыщынэсам си къалэн нэхъыщхьэу щытар икIи зиужь ситар олимп чемпион сызэрыхъуным семыгупсысынырт. А медалыр си пщэм илъу си нэгу къыщIэзгъэхьэн щIэздзамэ, гугъу сехьынут, шэч хэмылъу.

Сэ зызытезухуэн хуейр нэгъуэщIт: гупсысэ нэпцIхэм задезмыгъэхьэхыу, тэмэму зызгъэхьэзырынырт, схузэфIэкIыу хъуар утыкум къыщызгъэлъэгъуэнырт. Уи акъылыр ирегъэш гупсысэ лейм, уи лъэри зэщIегъанэ, зыкъыуигъэIэтыркъым. УгуитIщхьитIу, уи гур зымкIэ щыIэу, уи псэр нэгъуэщI щIыпIэкIэ пхъэрауэ утыку уихьэ хъунукъым зэи, апхуэдэ щытыкIэм фIым ухуишэнукъым.

Финалым сыщыкIуам си напIэр зэтеслъхьауэ щытакъым. ЗызгъэкIэрахъуэу сыхэлъ нэхърэ нэхъыфIщ, жысIэри, къэскIухьащ, сышхащ. Абы ипэкIэ си хьэлъагъым кIэрызгъэхун хуейуэ къысхудэкIри, сымышхэу зэман тIэкIу дэзгъэкIат. СыпIейтейрт, си псэри загъэртэкъыми, си анэм деж сыпсэлъащ. АбыкIэ пщэдджыжьыпэт, НалшыккIэ шэджагъуэт. Мамэ сепсэлъарэт, жиIэрт си гум. ДызыщIэс унэм и пщIантIэм телефон дэтти, сыкъеуащ.

Си анэм къищIа хуэдэт си щхьэм къыщекIуэкIыр: «Щхьэ умыжейрэ?» - жиIащ. «Нэху щащ, тIэкIу дэкIмэ, тренировкэм дыкIуэнущ», - жэуап естыжащ, сымыгъэгузэвэн щхьэкIэ. Ауэ сэри сеупщIащ: «Мамэ, сыт уи гум жиIэр?» «Сыт жебгъэIэнур, утыкум уихьэу утекIуэн хуейуэ аращ», - къызитыжат жэуап мамэ. Уи фIэщ зэрыхъун, си гур занщIэу игъэсабырыжащ абы, сыщIэпIейтеяри сщхьэщихащ.

Иджы, сымыжеями сыгузавэртэкъым, си къарум сыкъигъэгугъэрт. СфIэфIкъым цIыхур щытхьэусыхэм, и Iуэху зэхуэмыхъумэ псори щигъэкъуаншэм деж – абы узэрыбгъэдыхьэщ. ГуитIщхьитI ухъуамэ, укъинауэ аращ. Сыт хуэдэ Iуэхуми, Iейм умылъыхъуэу, фIыр нэхъыбэу хэплъэгъуэн хуейщ.

ИщхьэIуэкIэ зэрыщыжысIащи, Олимпиадэм укIуа нэужь къыпхуэнэжыр зыщ – утекIуэну аращ. Ауэ абы унэсын ипэкIэ, уэ къогъэщIылIауэ цIыху куэд мэлажьэ. Уи закъуэкIэ зыпхуэгъэсэнукъым, зэрыжаIэу, уи ныбжьым упэуву уебэныжыфынукъым. Тренер ирехъу е ныкъуэкъуэгъуу щрырет - зыгуэр къыббгъэдэтын хуейщ. Уеблэмэ ныкъуэкъуэгъухэращ нэхъ лъэщ узыщIыр.

 Си анэм и фIыгъэ хэлъщ, шэч хэмылъу. Си къуэш Хьэсэн къызбгъэдэтащ, си ныбжьым хуэдэу. Абы зэчий нэхъыбэ иIащ, сэ сэлъытауэ, ауэ нэхъ пасэу псори къигъанэри, сыт и лъэныкъуэкIи къыздэIэпыкъуу си гъусащ. Дауи, си тренерхэр псори хэтщ абы, зы къэмынэу - илъэс тIощIым и кIуэцIкIэ, сыщыцIыкIуам къыщыщIэдзауэ УФ-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэм деж сынэсыху, къыздэлэжьахэр.

ДыпкIэлъыплъынущ, дыбдэщIынущ, жаIэурэ, си иужьым иту зэхьэзэхуэхэм нэкIуа си адэ къуэш Къардэн Олег, Пащтыхэ Хьэсэн, Руслан, Генэ сымэ. Ахэр куэд мэхъу - къыздэбэнахэр, си къуажэгъу-гъунэгъухэр, ныбжьэгъу-жэрэгъухэр, сытым дежи сызыгъэгушхуэу си гъуса дэтхэнэ зыри. Псоми къыздаIыгъащ си мурадхэр.

 Ди адэр пасэу тфIэкIуэдащ (ахърэт нэху Тхьэм кърит!). Ар сымаджэ щыхъуам, абы сыбгъэдэсрейт. Сэ езыр УФ-м и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам сыхэхуат, зэхьэзэхуэхэм сыкIуэну къыспэщылъти:

- КIуэи, уи Iуэхур зэфIэгъэкIи, къэгъэзэж, - къызжиIэрт. Сэри, сыкIуэрти, сытекIуауэ къэзгъэзэжырт. Аргуэрыжу сежьэрти – сытекIуауэ сыкъэкIуэжырт. Мис апхуэдэурэ екIуэкIащ си Iуэхур а лъэхъэнэм. ИужькIэ, ди анэм и закъуэ къытхуэнэри, нобэми къыттеубгъуауэ допсэу.

Сыхуейт си тренер Лобжанидзе Владимир, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Жаным Аслъэн, УФ-м и командэ къыхэхам и тренеру диIа Иванов Игорь сымэ, нэгъуэщI куэдми я цIэхэр къисIуэну.

 ЦIыху куэд къыщыпщыгугъым, къыщыпкIэлъыплъым деж абы бэшэч уещI, Iуэхуми нэгъуэщI нэкIэ урегъэплъ. Уезэшами, зыкъыбоIэтыжри, уи лэжьыгъэм пыбощэж. Зэхьэзэхуэхэм фэбжь куэд хэсхащ, спортыр къыщIэзгъэнэн щхьэусыгъуэхэри мымащIэу сиIащ абы щыгъуэ, ауэ ипэкIэ сыплъэрт, си тренерхэм, си анэм, си къуэшым, си шыпхъу Неллэ, си унагъуэм ар къазэрыщыхъунум сегупсысырти сыкъызэтеувыIэжырт.

Спортым ехъулIэныгъэ щызыIэрыбгъэхьэн папщIэ зэману къуитыр мащIэ дыдэщи, къэувыIэ уимыIэу ар къэбгъэсэбэпын хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, плъэкIыу хъуар пщIарэ зыгуэр пхузэфIэмыкIыу къэнамэ, ар уигу апхуэдэу къеуэжынукъым. Бетэмал, абы щыгъуэ иджыри гугъу тIэкIу зезгъэхьыжамэ, щыуагъэ сымыщIамэ, нэхъыфIтэкъэ, жыпIэу, иужькIэ уи щхьэр щыбгъэкъуэншэжым дежщ хьэлъэр. Мыхъуар Iуэхукъым, ухущIэкъуауэ щытмэ. УхущIэмыкъуу мыхъуаращ итIанэ узу къофыкIыжыр.

Олимпиадэм щыIахэр къапщтэмэ, псори дызэрыIыгъщ, дызэщIоупщIэ, дызэдоIэпыкъу. Абы щыгъуэ ди командэм хэта Карелин Александррэ сэрэ дызэныбжьэгъущ, къуэшым хуэдэу къысхущытщ. Апхуэдэщ УФ-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Когуашвили Гоги. ЩIалэщIэ дыдэу, и ныбжьыр илъэс 21-рэ фIэкIа мыхъуауэ, Олимпиадэм си гъусэу дыщэ медаль къыщызыхьа Самургашев Вальтарес си ныбжьэгъущ. Дэ тIуращ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ япэ увыпIэр къэзыхьар абы щыгъуэ. Ди текIуэныгъэхэм я зэхуакум дэлъар дакъикъэ 15 хуэдизщ.

Кавказым щыщу, сыт щыгъуи ди щапхъэу, нэхъыжьыфIу, абы щыдигъусащ Хадарцев Мухьэрбэч. БэнэкIэ хуитымкIэ тIэунейрэ Олимпиадэм щытекIуащ ар. КъыддэIэпыкъурт икIи дытригъэгушхуэрт. Абыхэм яхэтщ Къардэн Амиранрэ щIалэ дыдэу а зэпеуэшхуэм етIуанэ щыхъуа Таймазов Артуррэ. Финалыр абы фIихьат Мусульбес Давид. Мусульбес иджыпсту УФ-м и спортсменхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэщ икIи, хабзэ хъуауэ, Сидней къалэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэр куэдрэ дызэхуешэс. Мы гъэм Осетие Ищхъэрэ – Аланием дыщигъэхьэщIэнущ, дызыхэта Олимпиадэр илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.  

Спортыр нэгузегъэужьыпIэкъым, атIэ лэжьыгъэшхуэщ, къарукIи псэкIи уригъэшу. Иджыри илъэс зыщыплIкIэ тхуэбэнэж къыщызжаIаи къэхъуащ 2001-2002 гъэхэм.

Абы теухуауэ КIуэкIуэ Валерэ сригъэблэгъауэ щытащ, си мурадыр зригъэщIэну, къызэпсэлъэну. Дызэчэнджэщщ, си гугъэхэр жесIэри, унафэ къэтщтауэ щытащ, зэрыжаIэу, «мамыр» гъащIэм сыкъыхыхьэжыну, ди спортсменхэр олимпиадэхэм хуэзгъэхьэзырыну. «Мис абыкIэ къыддэIэпыкъу», - къызжиIат ди Президентым.

Аращ 2002, 2004, 2008 гъэхэм екIуэкIа олипиадэхэм къыщытхьа медалхэм нэхъыбэу сащIыщыгуфIыкIар, нэхъ IэфIу, нэхъ хьэлэмэту ахэр щIызыхэсщIар.

Хъущт Аслъэнбэч дыщэ медаль къихьу къыщыкIуэжам, Курамагомедов Заур ещанэ щыхъуам, зызгъэщIэгъуэрт - дэ «классикхэм» мыпхуэдиз медаль диIэщ, жысIэу. БэнэкIэ хуитымкIи дзюдомкIи диIащ медалхэр. ИужькIэ, бэнакIуэхэм зыри къамыхьу къыщыкIуэжам щыгъуэ, Кучинэ Марие и закъуэ къихьа медалыр пэбгъэув хъунут мыдрей псоми зэгъусэу къахьам.

Тау Хьэсэнбий, Аккаев Хьэжмурат, ТIэхущ Заур, Хъущт Аслъэнбэч, Курамагомедов Заур, Махуэ Билал, Джэду Iэниуар, Мудрэн Беслъэн, Джэданэ Алим, Урыш Анзор, Кучинэ Марие сымэ дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменхэщ. Апхуэдиз цIыху олимпиадэм бгъэкIуэныр ди республикэм дежкIэ зэфIэкIышхуэщ. Ауэ абыкIэ дыкъэувыIэ хъунукъым, дэ иджыри куэд къытпэщылъщ, дызыщыгугъын, ди пщIэр лъагэу зыIэтыфын спортсменхэри ди мащIэкъым.

Мис а зи гугъу сщIахэм я ехъулIэныгъэхэм срогушхуэ. СфIэфIщ абыхэм я гугъу щытщIым деж. Псалъэ гуапэхэр яхуэфащэщ ди тренерхэми, Емкъуж Мухьэмэд я пашэу.

Иджыри спортым сыхэтыну сыхуеями, сызэрыхъунур сщIэртэкъым. Фэбжь куэд абы хэсхати, ехъулIэныгъэшхуэхэм сынэмысыфмэ, ауэ сытми сыбгъурыту секIуэкIыныр сфIэтэмэмэмакъым. Языныкъуэ спортсменхэр гугъу щIехьыр и чэзум зэрыхэмыкIыжырщ. Сэ нэхъыжьхэм я чэнджэщми сыщIэдэIущ, сэри псори зэпэслъытри, ди щIэблэм сэбэп сахуэхъуу садэлажьэмэ, нэхъ къэсщтащ икIи ар къызэхъулIауэ къызолъытэ нобэ.

Мыдрейуэ, дапхуэдиз спортсмен щыIэ, дунейпсо чемпионатхэр тхуэнейрэ къахьауэ, ауэ Олимпиадэм и дыщэ медаль закъуэмкIэ ахэр яхъуэжыну хьэзыру.

Спортым сыт къызитар, жыпIэмэ, япэрауэ, шыIэныгъэр. ИтIанэ, гупсысэр, псалъэм папщIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэм, зэфIэхыкIэм теухуауэ. Узыдэлажьэм удэгъуэгурыкIуэфу, узыхэт гупым ухэзагъэу щытын хуейщ - нэгъуэщIу къезэгъыркъым. Спортым къыпхелъхьэ мис ахэр псори. УзэгурыIуэу, узэчэнджэщу, узэгъусэу Iуэху блэжьмэ, щыуагъэри нэхъ мащIэщ.

        

    ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

Читать также: