Анэдэлъхубзэр сабийхэм къаIурегъэIэфIэ

 

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Дзасэжь Ларисэ адыгэ сабийхэм папщIэ игъэхьэзыр лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр куэдым къыдогъэсэбэп, и бзэгъэпсалъэ-бзэгъэджэгухэм адыгэ анэхэр, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр, анэдэлъхубзэр зыдж сабийхэри нэхъыжьыIуэхэри къыпэджэж зэпытщ. Бзылъхугъэм и дэтхэнэ лэжьыгъэри цIыкIухэм зэрафIэфIым хуэдэу щхъуэкIэплъыкIэщ, Iущыгъэ яхэлъщ, джэгукIэ Iэмалым йозагъэ, нэхъыщхьэращи, гурыIуэгъуэу гъэпсащ.

Ларисэ бзэ зыбжанэ зэрищIэм Iэмал кърет ахэр зэригъэпщэну.

- Куэд щIауэ щIэныгъэр щыхьэт техъуащ – бзэ нэхъыбэ пщIэху, акъылыр нэхъыфIу мэлажьэ. Абы къыхэкIыу, сыкъагъэуIэбжь, зи быным анэдэлъхубзэр езыгъэщIэну хуэмейкIэ, а хъугъуэфIыгъуэм я щIэблэр хэзыгъэкIыж адэ-анэхэм. Абыхэм щхьэусыгъуэ ящI сабийм бзэ зыбжанэр къытехьэлъэну къазэрыщыхъур. Языныкъуэхэми жаIэ нэгъуэщIыбзэхэр пщIэнымкIэ адыгэбзэр зэран хъууэ. Ар пцIыщ. Дэтхэнэ бзэми зы дуней телъыджэ къытхузэIуех. Бзэ зыбжанэ щыпщIэм деж гупсысэ зэтемыхуэхэр зэпэплъыту, щхьэхуэныгъэхэр зэбгъапщэу, Iэмал зэмыщхьхэм уахэдэфу зыбогъасэ. Бзэхэр зэдгъэпщэху, гъэщIэгъуэн гуэрхэм гу лъыдотэ. Ахэр зэрызэтепщIыкIыр куэд мэхъу. Бзэуэ хъуам анэдэлъхубзэр къащхьэщокI и мыхьэнэкIэ: ар ди гъащIэм и къыщIэдзапIэщ - дунейм дыкъыдытехьащ абы. Бзэращ дэтхэнэри лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыху дызыщIыр.

 Хэт гу лъитауэ пIэрэ мы Iуэхугъуэм: зы псалъэр бзэ зэмыщхьхэмкIэ къэIумэ, ар зэхуэмыдэу зыхыдощIэ дэ. НэгъуэщIыбзэм щыщ псалъэхэр акъылкIэ нэхъ зэдгъэзахуэмэ, анэдэлъхубзэм и псалъэр куэдкIэ нэхъ куущ - ахэр гу лъащIэм носри, абдеж аргуэру къыщожьэж, - жеIэ Ларисэ.

ЦIыху бгъэсэнумэ, лъэпкъ гупсысэ къэпIэтынумэ, хабзэрэ щэнхабзэрэ къыдэпхыжынумэ, псом япэу гулъытэ яхуэщIын хуейщ щIэблэм. Егъэлеяуэ лэжьыгъэ куущ цIыкIухэм бзэр фIыуэ егъэлъагъунымкIэ, балигъхэми ар къагъэIурыщIэжынымкIэ бзылъхугъэм и лэжьыгъэхэр: псалъалъэ-псалъэгъэнахуэхэр, махуэгъэпсхэр, джэгукIэ щIэщыгъуэхэр, псалъэзэблэдзхэр адыгэбзэкIэ зэхелъхьэ.

Ларисэ инджылызыбзэкIэ тхылъ гъэщIэгъуэнхэм, сабийм и гупсысэм зэрызрагъэужь гуэрхэм ирихьэлIэрти, ди адыгэ сабийхэм яхуехъуапсэрт апхуэдэхэр яIэну.

        

- Си зы еджакIуэм папщIэ, WordWall онлайн утыкум (платформа) дерс щызгъэхьэзырырт. Мы программэм тету адыгэбзэкIэ зыгуэрхэр къэзгупсысыфыну пIэрэ атIэ, жысIэу сытемыгушхуащэурэ зыщеспщытым, хъарзынэу къызэхъулIащ. Сызэлэжьахэм ящыщ зыбжанэ щапхъэу езгъэлъэгъуащ Тыркум адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ си ныбжьэгъум. Егъэлеяуэ игу ирихьащ. Абы и ужькIэ сытегушхуащ Iуэху щхьэпэм - сыхуейт си лэжьыгъэхэр нэхъыбэм къахуэсэбэпыну, - жеIэ.

Ауэрэ дизайн зэращI гуэдзэн щIэщыгъуэ къигъуэтри, абыкIэ адыгэ сабийхэм уазэрыдэлажьэ хъуну гуэрхэр зэхигъэуващ. Адыгэбзэм мыхьэнэ езытхэм, зи быным ар езыгъэщIэну зыфIэфIхэм Iэмал яIэ хъуащ Ларисэ и напэкIуэцIым кърилъхьэхэр тхылъымпIэкIэ къыщIагъэкIыу къагъэсэбэпыну.

ЦIыкIухэм уазэрыдэлажьэнухэр игъэхьэзырхэр хуиту и напэкIуэцIым къыбохыф пщIэншэу.

- Сыт гукъыдэж къызэзытыр, абыхэм сыщелэжькIэ, жыпIэмэ, цIыхухэм къызэрагъэсэбэпырщ, ахэр адыгэбзэм и дежкIэ хэлъхьэныгъэ гуэр зэрыхъурщ. ЦIыхухэр къыспэмыджэжу щытамэ, сэри Iэпэдэгъэлэл сщIыжынкIэ хъунут а къэзгупсысхэр, - жеIэ езым.

Интернетым, компьютерым, иджырей технологиехэм я зэманым зытебгъахуэурэ сабийм и гупсысэр фIым зэрыхуэпшэн, бзэр къызэрыIурыбгъэIэфIэн Iэмалхэм я пIалъэри ещIэ Ларисэ.

- Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэр нобэ куэдым яджыжын хуей мэхъу, хамэбзэр зэраджым хуэдэ дыдэу. Дауи, апхуэдэм деж къэбгъэсэбэпыну Iэмалхэри щхьэхуэщ – нэхъ тынш дыдэмкIэ къыщIэбдзэн хуейщ. Щапхъэ куэд къыхэпхыфынущ инджылызыбзэр зэрырагъэдж щIыкIэм. Ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ инджылызыбзэм и Iэмалхэм тептхыкI къудейкIэ зэрымыхъунур. АтIэ а щапхъэхэр адыгэбзэм и лэжьэкIэм къибгъэзэгъэн хуейщ.

Иджыри зы Iуэхугъуэ хэлъщ мыбы: иджырей сабийхэр бжыгъэкIэ къекIэрэхъуэкI дунейм и щIэблэщ. Абыхэм я гупсысэр къэпхьэхун папщIэ иджырей технологиехэм къыдат Iэмалхэр къэдгъэсэбэп хъунущ. Псалъэм папщIэ, телефон гуэдзэнхэр, онлайн джэгукIэхэр, мультфильмхэр адыгэбзэкIэ щыIэмэ, сабийр къыдэпхьэхыфынущ, къипшэфынущ бзэм и лъахэм. Мис апхуэдэ гупсысэхэр сиIэщ, - жеIэ.

Лъэпкъым и дежкIэ бзэм иIэ мыхьэнэр зэрызыхищIэм дыщыщIэупщIэм, Ларисэ къита жэуапыр гурыхь тщыхъуащ:

- Бзэр тхыдэ щIэинщ, псалъэкIэ бауэу. Абы къыпкърокI лъэпкъым и хьэл-щэныр, и гупсысэкIэр, и псэр. Бзэ тIурымылъмэ, лъэпкъыу дыщыIэфынукъым. ЗэрытщIэщи, ЮНЕСКО-м ди адыгэбзэр яхибжащ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыпылъ бзэхэм. ДызыIут IэнатIэр гугъу пэтми, дэ Iэмал гуэрхэри диIэщ ди бзэр къедгъэлынымкIэ. Пэжым ухуеймэ, ди фIэщу зетпщытмэ, абы тхуэмыгъэзэщIэн хэлъкъым, ауэ сыт – дызэкъуэувэн хуейщ абы папщIэ. Дауи щIыи, ди ныбжьым итхэращ абыкIэ жэуап нэхъ къызытехуэр – хэмыкIасэ щIыкIэ, хэкIыпIэу щыIэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ.

Езы Ларисэ зэрыцIыкIурэ тхылъ еджэну фIэфIщ. Таурыхъхэмрэ шыпсэхэмкIэ къыщIидзащ, зэрыжиIэмкIэ. ИлъэсипщI щрикъум, Булычёв Кир и тхылъхэм я фIыгъэкIэ, щIэныгъэ фантастикэри фIыуэ илъэгъуащ. Сабиигъуэр гурыфIыгъуэшхуэу къелъытэ Ларисэ, аращ абыхэм яхуэгъэзауэ зызрипщытхэр фIыуэ къыщIехъулIэри.

- Сабийм и дунейр щхъуэкIэплъыкIэрэ телъыджэу зэхэтщ. ГуфIэн, гушхуэн, джэгун хуейщ ар. Абы къыхэкIыу, цIыкIухэр щебгъаджэкIэ къэбгъэсэбэп Iэмалхэри щIэщыгъуэу, сабиипсэ пIейтейр дэзыхьэхыу щытыпхъэщ, - жеIэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: