ЩэкIуэгъуэм и 6, махуэку
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр зауэ щекIуэкIым деж къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ.
1857 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэ къулыкъущIэ, маршал, зыхъумэжыныгъэмкIэ, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру щыта Абыкъу Ахьмэд-пэщэ.
1936 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист ПащIэ Ахьмэд.
1953 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Быж Зарэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Напэм техуэр жьэм жеIэф.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.