Пашэхэм – гулъытэКъэралым гулъытэ ин щIалэгъуалэм яхуещI, абыхэм заужьын, я зэфIэкIым хагъэхъуэн, я къэухьым зрагъэубгъун папщIэ. Къэрал къулыкъущIапIэхэм лъэкI къагъанэркъым, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхалъхьэурэ, ахэр утыкум кърашэным теухуауэ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ зэхьэзэхуэр хуабжьу сэбэп хъунущ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я гупсысэхэр гъащIэм хапщэнымкIэ. Мы гъэм зэпеуэр зытеухуауэ щытынур гъэсакIуэхэмрэ чэнджэщэгъухэмрэ ехьэлIа Iуэхум нэхъри зегъэужьынырщ, гулъытэ яхэлъыным зи щIалэгъуэхэр къыхуеджэнырщ, цIыхугъэм хуэущиинырщ. Гулъытэ хэха хуащIынущ урысей псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, тхыдэ-щэнхабзэ щIэинхэр хъума хъуным. Зи гупсысэр наIуэу утыку къизыхьэфхэм сом мин 200-м щыщIэдзауэ зы мелуаным нэс иратынущ. Iуэхур щагъэзэщIэнущ курыт еджапIэхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, апхуэдэуи щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ унэхэм, щIалэгъуалэм я зэхуэсыпIэхэм. «Нэгъабэ екIуэкIа мыпхуэдэ зэпеуэм цIыху мини 2 щытекIуащ икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу я пщэрылъхэр зэфIагъэкIащ. Иджы ахэр мы гъэм хэтынухэм чэнджэщэгъу яхуэхъунущ, гъэсакIуэу ядэлэжьэфынущ щIалэгъуалэм я къалэнхэр тыншу зэфIахыфын щхьэкIэ», – жиIащ Урысейм и ЛIыхъужь, «ЛIыхъужьхэм я лъэхъэнэ» президент программэм хэта, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Орлов Артур. ИлъэситIым къриубыдэу Урысей Федерацэм и хэгъэгу 89-м щыщу ныбжьыщIэ, гъэсакIуэ мин 300 хэтащ зэхьэзэхуэм, абы щытекIуа цIыху мини 4-м утыку кърахьа сабий-щIалэгъуалэ жэрдэмхэр гъащIэм хапщэн папщIэ сом мелардым нэс хуаутIыпщащ. БлэкIа илъэсхэм зэпеуэм щытекIуахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэмрэ колледжхэмрэ щылажьэ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэхэм хэтхэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Пролетарскэ къуажэм, Тэрч мэкъумэш техникумым, Ислъэмей, Бахъсэненкэ къуажэхэм дэт курыт еджапIэхэм щыIэ зэгухьэныгъэхэм хэт ныбжьыщIэхэр. Къулъкъужын курыт еджапIэ №2-м щыIэ зэгухьэныгъэм тIэунейрэ текIуэныгъэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. - Ди школым мы щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр къызэрысу, жыджэру дыхыхьащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» иригъэкIуэкI Iуэху гъэщIэгъуэнхэм, – жеIэ курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэмкIэ и чэнджэщэгъу Шокъуий Роксаланэ. – Хуабжьу дыгузэващ дыщыхыхьам, ауэ сабийхэм я зэфIэкIыр къызэкъуахри, ехъулIэныгъэ къэтхьащ. ШколакIуэхэм я жэрдэмым, гукъыдэжым нэхъри хигъэхъуащ, абы къыщымынэу адэ-анэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ къытхыхьащ. Нэгъабэ сом мин 200 къэтхьащ, мы гъэм - мин 300. А зэпеуэм и фIыгъэкIэ социальнэ сетхэм щыдиIэ напэкIуэцIхэм хуабжьу зедгъэужьащ, проект гъэщIэгъуэнхэр гъащIэм хэпща хъуащ, лэжьыгъэм бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхуэдгупсысащ. Зэпеуэм дыхэту текIуэныгъэ къызэрытхьам и мызакъуэу, дэ куэдым щапхъэ дахуэхъуащ, ар уасэншэщ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» зэрыщыжаIэмкIэ, зэхьэзэхуэм хыхьэ хъунущ курыт еджапIэхэм, колледжхэм, университетхэм щIэсхэр, щIалэгъуалэ политикэм, спортым, щэнхабзэм епхауэ лажьэхэр, сабий ибэхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм ядэлажьэхэр, гугъуехь пэщIэхуа ныбжьыщIэхэр зи нэIэ щIэтхэр. Зэхьэзэхуэм и мардэхэм къызэрагъэувымкIэ, хэтыну гупыж зыщIахэр гуп зэрогъэхъури, унэтIыныгъэу 8-мкIэ къалэн пыухыкIахэр зэфIагъэкI: «Самоуправление. Деятельность Советов Первых», «Флагманы и клубы по направлениям Движения Первых», «Медиасопровождение и продвижение ценностей Движения Первых», «Наставничество», «Развитие семейного сообщества», «Социально значимая деятельность», «Регулярная деятельность», «Вызовы Партнеров». Дэтхэнэ зы гупри джэгукIэ щIыкIэм тет Iыхьитхум блэкIын хуейщ. Абыхэм я зэфIэкIыр къэпщытакIуэ гупым къалъытэ. Зэпеуэм и мыгъэрей зэхэшэгъуэм къэпщытакIуэхэм гуп мини 2 къыхахыну Iэмал яIэнущ, абыхэм хуаутIыпщыну ахъшэмкIэ ныбжьыщIэхэм «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэр щылэжьэн щIыпIэхэр къызэрагъэпэщ хъунущ, унэлъащIэхэр, техникэ, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIэту. Зэпеуэр къызэгъэпэщынымкIэ дарэгъу хъуахэм унэтIыныгъэ щхьэхуэхэр къыхагъэхьащ, абыхэм япкъ иткIэ, щIалэгъуалэм зэхьэзэхуэм къыщыхуагъэфэщэнухэм нэмыщI, нэхъыбэжым тезыгъэгушхуэн саугъэтхэр къратынущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Другое Дело» унэтIыныгъэм ныбжьыщIэхэр щызэпеуэ хъунущ зэхьэзэхуэм къигъэув жыпхъэхэм фIыуэ зэрыхащIыкIымкIэ. Абы фIыуэ зыкъыщызыгъэлъагъуэхэм хуагъэфэщэнущ колонкэ Iущ, проектор, сурэттех, щыгъын зэмылIэужьыгъуэ, нэгъуэщIхэри. VK технологие компанием и нэIэ щIэт унэтIыныгъэм щыкIэлъыплъынущ ВКонтакте социальнэ сетым гуп зэрыгъэхъуа щIалэгъуалэм я напэкIуэцIыр къызэрыщызэIуахымрэ ар зэрагъэлажьэмрэ. Ар нэхъыфIу къызэхъулIэ зэщIэгъееныгъэу 10-м я контентыр зыхуей хуэзэу зэрагъэлэжьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуэхъунущ. «Просвещение» компанием гупхэр кърегъэблагъэ школхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэм я теплъэмрэ купщIэмрэ къэкIуэнум нэхъ езэгъыу зрагъэхъуэжыну. Абы елэжь хъунущ еджакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр. Мы Iуэхум теухуауэ гупсысэ нэхъ гъэщIэгъуэн къыхэзылъхьэхэр ягъэпэжэнущ школым ехьэлIа иджырей хьэпшып телъыджэхэмкIэ, псалъэм папщIэ, зэрытхэ дэфтэр, бжыгъэр зи лъабжьэ дэIэпыкъуэгъу и гъусэу. «Четыре Лапы» компанием зэпеуэм хэтхэм яхуигъэлъэгъуэнущ Iуэху щхьэпэ, гуапэ зэфIагъэкIыну – псэущхьэхэр щаIыгъхэм дэIэпыкъуэгъу щыхъуну е а щIыпIэм жыгхэр щыхасэну. «Росатом» къэрал корпорацэм «День атомной промышленности» Iуэхур къыхелъхьэ, я лэжьыгъэм ныбжьыщIэхэр щызыгъэгъуазэ курсхэр иригъэкIуэкIыну мурадкIэ. НэхъыфIу къалъытэхэм саугъэт гукъинэжхэмрэ ныбжьыщIэхэм къахуэсэбэпынухэмрэ иратынущ. Технологие гупжьейхэм хэтхэм я ассоциацэм интерактивнэ джэгукIэхэм я сценарийхэмрэ зэрыджэгу хьэпшыпхэмрэ иратынущ щIалэгъуалэм икIи зэпрагъэуэнущ. КъыхэжаныкIхэм «Юный киберфизик» журналым Iэ хущIадзынущ, саугъэтхэр хуагъэфэщэнущ. «Спартак-Москва» футбол клубым «Спорт и здоровый образ жизни со «Спартаком» Iуэхур къызэрегъэпэщ. ТекIуэныгъэ зыIэрызыгъэхьэ гупхэм клубым и дамыгъэ зытет хьэпшып тыгъэ хуащIынущ, уеблэмэ «Спартакым» и футбол джэгугъуэм хэтыну Iэмал иратынущ, клубым и спортсменхэм хуагъэзэнущ. «РЖД» ОАО-м ныбжьыщIэхэм яхуигъэхьэзыращ «Стартап РЖД: конструктор реальных идей» джэгур. Урысей псом къыщыхахыну щIалэгъуалэ нэхъ жыджэрхэр зыплъыхьакIуэ ягъэкIуэнущ. «SuperJob»-м зэпеуэм хэтхэр IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуригъэджэнущ. «Инициативы Первых»-р – ар щIэуэ дыщIагъуа унэтIыныгъэщ. Абы хыхьэну гупхэм псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проект къагупсысын хуейщ. Ар нэхъыфIу къызэхъулIэ ныбжьыщIэ зы миным 2026 гъэм «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» къызэригъэпэщыну сабий, щIалэгъуалэ зэпеуэхэм хыхьэну Iэмал яIэнущ. Сыт абы къахуищIэнур? ГъащIэм хапщэну зыхуей гупсысэхэр зэрагъэзэщIэн ахъшэ къратынущ, урысейпсо утыкухэм ихьэну Iэмал ягъуэтынущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 11:21 →
Тхьэхэмрэ нартхэмрэ
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
| ||




