Къумахуэ Тимур етIуанэми щытокIуэ

Тайландым и Паттайе къалэм и «Bangla Boxing Stadium» спорт комплексым тай-боксымрэ грэпплингымкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Къумахуэ Тимур.
ГрэпплингымкIэ ди щIалэм къыпэщIэтащ США-м и бэнакIуэ лъэщ, ауэ зэхьэзэхуэм хухаха зэманыр и кIэм нимыгъэсу Тимур ар хигъэщIащ: и пщэр питхьэлыкIри, игъэмэхащ.
Тай-боксымкIэ Къумахуэм къыпэщIэтащ хэгъэрей спортсмен. Ди щIалэм нэхърэ ар зэрынэхъ лъэщым къыдэкIуэу икIи килограммипщIым щIигъукIэ нэхъ хьэлъэт. Ауэ Тимур абы къигъэдзыхакъым: ерыщу пэщIэтащ икIи зэхьэзэхуэ нэужьым судьяхэм текIуэныгъэр къратащ. 
МазитI хуэдиз ипэкIэ профессиональнэ утыкум Къумахуэр япэу къыщихьам щыгъуэ, ари щекIуэкIар Тайландырщ, хэгъэрейхэм я спортсменыр хигъэщIауэ щытащ, и IэзагъкIэ хэпщIыкIыу абы ефIэкIыу. Иджы Тимур мыр и етIуанэ ехъулIэныгъэщ.
Аруан щIалэхэр нэхъ лъэщщ
Тыркум и Яловэ къалэм щекIуэкIащ универсальнэ зэзауэмкIэ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 550-м щIигъу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ Аруан районым я спортсменхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр яIэу къагъэзэжащ: абыхэм къыздахьащ дыщэ медалу 4. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Хьэвэящхьэ Елдар (кг 65-рэ), Хъалил Алан (кг 75-рэ), Хьэсанэ Мурат (кг 85-рэ), Урыс Мухьэмэд (нэхъ хьэлъэ дыдэхэм я деж) сымэ.
      Iэпщэ Александр и фэеплъ зэхьэзэхуэ
СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Iэпщэ Александр и фэеплъу урысейпсо зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Апхуэдэуи ар траухуат ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм икIи абы щызэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командиплIрэ Осетие Алание – Ищхъэрэм и «Алания» клубымрэ. 
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм щытекIуащ Владикавказ къалэм къикIахэр. Дыжьын медалыр къихьащ «Спартак-Налшыкым». Ещанэ хъуащ Бахъсэн къалэм и «Форвард» командэр.
КъызэгъэпэщакIуэхэм топджэгу нэхъыфIу къалъытащ «Аланием» и гъуащхьауэ Кодзаев Темырлан. А командэм щыщ Кудзасов Марат гъуащхьэхъумэ нэхъыфI хъуащ, тренерхэм я деж Кенкишвили Георгий япэ щрагъэщащ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ.
КЪУЭЖЕЙ Iэмин.
Поделиться: