Кубокым щIэбэну
КъШР-м и къалащхьэ Черкесск и «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым кикбоксингымкIэ и Кубок ЗэIухар къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ кадетхэм я зэIущIэрэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым я спортсмен 250-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 9 - 18 хъухэмрэ илъэс 19-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Куэпэшэр Батыр, Жыкъуэ Хьэсэн, КIарэ Къантемыр, Бэлэтокъуэ Имран, Къардэн Имран, КъарэцIыкIу Умар, Атэлыкъ Муса, Щоджэн Мухьэмэд, Апажэ Къамболэт, Рахаев Тимур сымэ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Сасыкъ Анзоррэ Къудейхэ Алимрэ Залымрэ.
ШахматхэмкIэ зэпоуэ
Черкесск къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм шахмат къызэрыгуэкIымкIэ, псынщIэмкIэ, блицымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэхьэзэхуэхэр. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 320-рэ, я ныбжькIэ илъэси 9-м къыщыщIэдзауэ 19-м нэсыху. Абыхэм ящыщу 32-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIат.
Илъэс 17 зи ныбжьхэм я деж Вэрокъуэ Дамир шахмат псынщIэмрэ блицымкIэ Кавказ Ищхъэрэм чемпион щыхъуащ, шахмат къызэрыгуэкIымкIэ ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
ТекIуий Эмир шахмат псынщIэмкIэ япэ увыпIэр къыщихьащ илъэс 19 зи ныбжьхэм я деж, блицымкIэ - етIуанэ хъуащ. Илъэс 17 зи ныбжьхэм я деж Жабоев Iэдэм ещанэ увыпIэр блицымкIэ къыщихьащ.
УФ-м шахмат къызэрыгуэкIымкIэ, псынщIэмкIэ, блицымкIэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр 2026 гъэм щIышылэм и 31-м щегъэжьауэ мазаем и 15-м пщIондэ Сочэ къалэм щекIуэкIынущ.
Урыс шашкэмкIэ нэхъ лъэщхэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым урысхэм я шашкэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIащ. Абы щхьэхуэу гупищ щызэпеуащ: 2015 гъэм къалъхуахэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, 2012 - 2014, 2008 - 2011 гъэхэм къалъхуахэр.
Я ныбжь елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Зыхъуэ Аслъэн, Сэбан Миленэ, Къарэжь Арман, Гуанэ Атия, Алътуд Айтелие, МафIэдз Самир сымэ.
Лингур Темырлан, ЗэкIуий Евэ, Гуанэ Инус, Джаурджий Саидэ, Алъэскыр Ланнэ, Вэрокъуэ Iиляс сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Ещанэ увыпIэр къахьащ Бабаев Алий, Шагъырбей Данэ, Гуанэ Дамир, Бауаевэ Наиля, Дыгуэрлы Залым сымэ.
Зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу.
МедалитI къахь
ТхэквондомкIэ (ИТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) урысейпсо зэхьэзэхуэу Сочэ къалэм щекIуэкIам я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ Реуцкая Лилианэрэ (кг 40) Байсултановэ Аминэрэ (кг 45-рэ).
Ди спортсменхэр зыхэтар илъэс 11 - 13 зи ныбжь гупхэрщ, я тренерыр Кан Юрэщ.
Ещанэ мэхъу
Воронеж къалэм щекIуэкIащ УФ-м спорт бэнэкIэмкIэ абсолютнэ хьэлъагъымкIэ и чемпионат. Абы щызэпеуащ къэралым и бэнакIуэ лъэщу щэ ныкъуэм нэблагъэ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру плIы яхэту.
Килограмм 97-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ УФ-м спортымкIэ и мастер Заникоев Марат.
Зэхьэзэхуэм ар хуагъэхьэзыращ Заникоев Азрэт, ЗэкIуий Арсен, Мурат Эдем сымэ.