Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэм щагъэзащIэ проектхэм ахъшэхэр хуэутIыпщынымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м  Налшык къалэ
№161-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэм щагъэзащIэ проектхэм ахъшэхэр хуэутIыпщынымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм фокIадэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №158-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн Быф А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр;
б) Iэпщэ З. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщI (Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ, зэгурыIуауэ)»; 
в) Бэждыгъу Т. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ»;
г) Белецкая О. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ»;
д) Комиссэм къыхэгъэкIын ЩоджэнцIыкIу М. Л.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
 
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэм и Попечительскэ советым хэтхэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэ зыхуригъэувэну хущIэкъуу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ езыгъэкIуэкIхэм я проектхэм хэплъэнымкIэ комиссэм хэтхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м  Налшык къалэ  №162-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэм и Попечительскэ советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №151-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Iэпщэ З. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщI (Попечительскэ советым и унафэщIым и къуэдзэщ, зэгурыIуауэ)»; 
б) Белецкая О. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ»;
в) Войтов А. И. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ (Попечительскэ советым и унафэщIым и къуэдзэщ, зэгурыIуауэ)»; 
2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэ зыхуригъэувэным хущIэкъуу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ езыгъэкIуэкIхэм я проектхэм хэплъэнымкIэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I0 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №224-ПП-мкIэ къащтам хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн Быф А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр;
б) Белецкая О. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ»;
в) Чочаев А. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЗыужьыныгъэмкIэ и корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор (зэгурыIуауэ)»;
д) комиссэм къыхэгъэкIын ЩоджэнцIыкIу М. Л.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
 
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м  Налшык къалэ
№164-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №213-ПП-мкIэ арэзы зытехъуам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэу мы унафэм щIыгъур къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться: