ИщIэм деплъынщ

«Япэм щыIахэр», - псалъитIыр щызэхэпхкIэ, гум гъэщIэгъуэну зеущэху, нобэрей дунейм щумыгъуэтыжыну щапхъэ гуэрым зэрырагъэхъуэпсэнум хуэхьэзыру. «Абыхэм хуэдэ щыIэжкъым», - псалъэухар щызэхэпхкIи, ардыдэр къыпщощI.  

ТхылъымпIэм тет тхыдэ къызыщIэмына ди нэхъыжьхэм я псалъэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ къыщыпIэрыхьэжым деж, ярэби, мыхэр ди бзэкIэ дгъуэтыжамэ, сыту дехъулIат, жыуагъэIэ. XIX лIэщIыгъуэм Кавказым щыпсэухэм я гупсысэкIэр зыгурагъэIуэн папщIэ, лъэпкъ къэс къыдекIуэкI хабзэхэр щызэхуахьэсыжа, «Кавказым щыпсэу бгырысхэм ятеухуа хъыбархэр» тхылъым апхуэдэ щытыкIэм щIэх-щIэхыурэ урегъэувэ. Дин Iуэхур иджыри зыхамыгъэкъэбзыкIа пасэрей гукъэкIыжхэр нэхъ лъапIэ зыщIри аращ.

«Балхъ щыщ Iэхьмэд» щIэныгъэлIышхуэм и гъащIэ гъуэгум теухуауэ зыри къытхуэгъуэтакъым зэкIэ, ауэ и гъэсэным папщIэ абы итха ущиехэр адыгэбзэм идгъэзэгъэным дезыгъэхъуэпсар езым зыхищIэ диным и IэфIыр и псалъэ къэс зэрыхэплъагъуэрщ. Дривгъаплъэт и цIэ-унэцIэм и пIэкIэ тхыгъэм «Iэхьмэд тхьэмыщкIэ» кIэщIэзытха щихъым и чэнджэщхэм.

«Алыхьталэм гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыщегъэхъу, - етх ущиякIуэм. – Ардыдэм гур зы щытыкIэм кърехри адрейм ирегъэувэ. Абы фIэфIыр къэхъунущ, Ар зыхуэмейр къэхъунукъым. Алыхьым и цIэкIэ! Абы нэхърэ нэхъ цIэфI щыIэкъым! Аращ щытхъу зыхуэфащэр. Алыхьым и хъуэхъумрэ и сэламымрэ лъыус и ЛIыкIуэ Мухьэмэд, абы и щIэблэмрэ и гъусахэмрэ.

Си къуэш псэ къабзэ, щыпкъэ, губзыгъэхэмрэ Iущхэмрэ я Iимам молэ Мухьэмэд сэлам изох, Алыхьым и нэфI зыщыхуахэм, цIыхухэри мелыIычхэри Алыхьым и щIэныгъэмрэ и гущIэгъумрэ фIэкIа пхухуэмыгъэдэну хъуэхъукIэ зэхъуэхъу Мухьэмэд бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и жьауэм щIэтхэм яхибжэну сыхуэлъаIуэу. Амин!

Псалъэ лей зыхэмыт сэлам нэужьым хъыбар узогъащIэ Ащтырхъан узыншэу сыкъызэрысамкIэ. Си сабийхэмрэ щхьэгъусэмрэ зэрыгукъыдэмыжым къыхэкIыу, нэтхыпIэ сиIакъым. Иджы ахэри къызэфIэувэжащи, Алыхьым и фIыщIэщ. Уи хъыбар сымыщIэ щхьэкIэ, сыногупсысын зэи щызгъэтакъым, Алыхьыр си щыхьэтщ.  

Си къуэш! Уэ щытыкIэ насыпыфIэ гуэрхэм узэрихуам теухуа нэщэнэхэм я хъыбар къысхубощIри, Алыхьым и фIыщIэщ, Абы сыт щыгъуи щыгугъ. ИтIани, си къуэш, уи гур зэрыхэхъуэм е зэрыхэщIым гулъытэшхуэ хуумыщIмэ, нэхъыфIщ. ЩытыкIитIми зэхуэдэу уахущытыфу зегъасэ. Гухэхъуэмрэ гухэщIымрэ Алыхьым и гъуэгум тетым дежкIэ дамитIым хуэдэщ. Еплъ Ибрэхьим лъапIэм дахэу зэрыжиIам:

Алыхьым зэм и пщылIым зыкърегъэцIыху,

Зэм и гум шынагъэ кърелъхьэ.

Аращ гур зи IэмыщIэ илъри,

Деплъынщ Алыхьым ищIэм,

Абы ищIэ псори дахэщ.

Алыхьым зэм гур егъэнщI,

Зэм цIыхухэр егъэгуфIэ,

Зэм Езым фIыуэ закърегъэлъагъу.

Деплъынщ Алыхьым ищIэм,

Абы ищIэ псори дахэщ.

ПщылIыр дэIэпыкъуэгъуншэу къызэрынэу,

Алыхьым зэуэ нэщыпхъуэр трехри, и узыр щхьэщех.

Деплъынщ Алыхьым ищIэм,

Абы ищIэ псори дахэщ.

Алыхьым щыгугъ,

И IэмыщIэм зилъхьи, уи гур гъэпсэху.

Бэшэчу щыт, псомкIи уарэзыуэ.

Деплъынщ Алыхьым ищIэм,

Абы ищIэ псори дахэщ».

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: