Унэхэр

ГъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухэзыгъаплъэ, узыщIэзыгъэгупсысыж тхыгъэхэщ ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм ящыщ зыщ абы и «Унэхэр» новеллэр.

Къуажэ уэрам кIыхьым унэу тетыр пхуэбжынкъым… Бысымхэм хуэдэуи, езыхэри зэщхькъым. Языныкъуэхэр лъагэщ, адрейхэр лъахъшэщ, зым щхьэгъубжэ Iэджэ хэлъщ, адрейр щIыунэм ещхьщ. Унэ зыбжанэм я бжэхэр сыт щыгъуи хьэщIэхэм яхузэIухащ, мыдрейхэр цIыху кIуапIэу щыткъым.

ИтIанэми, а псом къахощхьэхукI къуажэкIэ дыдэм щыт унитIыр. Зыр щIалэгъуэм, гуфIэгъуэм я щапхъэщ, щIэращIэщ, ихъуреягъкIэ уэздыгъэ цIыкIухэм къагъэнэху. Абы и пщIантIэм щIэх-щIэхыурэ дыхьэшх макъ, макъамэ дахэхэр къыдоIукI. Ар унэщIэщ, и къару илъыгъуэщ икIи сыт хуэдизрэ емыгупсысами, къыгурыIуэркъым и гъунэгъур апхуэдэу щIэнэщхъейр.

- Мы дунейм и дахагъым еплъыт! Дыгъэ къопс, бзу цIыкIухэм уэрэд жаIэ, хьэуа къабзэм къаруущIэ къыпхелъхьэж! Апхуэдизу щхьэ унэщхъей?! – йохъурджауэ ар и гъунэгъум.

Жьы дыдэ хъуа унэм и напIэ-щхьэгъубжэхэр хьэлъэу къеIэтри, хощэтыкI:

- Уэхуууу… Сыт мыгъуэр къыбгурыIуэрэ уэ?! Мыпхуэдэу сыт щыгъуи сыщыта уи гугъэ?!

Унэжьым и нэгу щIокIыж зэгуэр япэу и бжэр къыщызэIуахар. ГъащIэщIэм хыхьэ зэщхьэгъуситIым я гуфIэгъуэмкIэ дуней псом дэгуашэ хуэдэт. Зэраухуэрэ илъэс фIэкIа мыхъуа унэр абыхэм я насыпым и щыхьэтт. Ар сытым хуэдэу гуфIэрэт! Зы пщэдджыжь къэмынэу и щхьэгъубжэхэр дыгъэм хузэIуихырт.

Унэгуащэм хуэсакъыу ихъумэрт и унэр, гу къабзэкIэ псыхьа цIыхухэр щIэх-щIэхыурэ къеблагъэрт. Куэд мыщIэу пщIантIэм къыдэIукI хъуащ сабий макъхэри. Адэм и къуэхэр хуигъасэрт пэжыгъэм, лIыгъэм, анэм ипхъухэр – нэмысым. НасыпыфIэт ахэр!

Унэм фIы дыдэу ещIэж тхьэрыкъуэ пщэхуу пщащэ дахащэхэр мы пщIантIэм зэрыдэлъэтари, адэ-анэм я гъусэу гуфIэгъуэ нэпс щIигъэкIари. Щыгъупщэркъым абы, къуршыбгъэ уардэу, щIалэхэри абгъуэм зэрилъэтар. Зэгуэр гуфIэгъуэ макъхэр къызыдэIукIыу щыта пщIантIэр иджы щэху хъуат. Адэ-анэм я гъусэу хуэмурэ унэри жьы хъурт. Я бынхэр куэдрэ къыщымыкIуэжым деж ар ядэнэщхъейрт, къеблэгъэжамэ – ядэгуфIэрт.

ЕщIэж абы адэр сымаджэ хьэлъэ зэрыхъуари, иужькIэ абы и гъуэлъыпIэ нэщIым гъыуэ бгъэдэса и бынхэри. Нэщхъейуэ унэр кIэлъыплъырт, зэдэлъхузэшыпхъухэм анэр къалэм яшэжыну иужь зэритми. «Сыпсэуху сыдэкIынукъым фи адэр зыдэса пщIантIэм», - жызыIэ унэгуащэм и телъхьэт ар. Абы и гущIэм иджыри гугъэр щыужьыхыжатэкъым! И теплъэкIэ жьы хъуами, гукIэ щIалэт. Абы и фIэщ хъурт зэгуэр пщIантIэм дэта гуфIэ, дыхьэшх макъым, насыпым къагъэзэжыну.  

Ауэ, зэманыр кIуэху, унэгуащэм и узыншагъэм хуэдэу, унэм и гугъэри нэхъ махэ хъурт. ИкIэм-икIэжым къэсащ ар ажалым хуэдэу зыщышына махуэр: адэ-анэр зыщIэмысыж унэ нэщIым IункIыбзэ иратыжри зэдэлъхузэшыпхъухэр ежьэжащ. Абдежым щиухащ а унагъуэм и тхыдэр.

Ящыгъупщэжащ унэри! Ар нэщхъейщ, жьыи хъуащ. Япэм хуэдэу щыгуфIыкIыжыркъым гъатхэм, дыгъэм. Абы и пщIантIэр нэщIщ, псалъэмакъыншэщ…

Аращ а унитIыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр! Зым и гугъэщ гъащIэр зэи имыгъущIыкIын псыежэхыу, адрейм ещIэ ар напIэдэхьеигъуэу зэрыщытыр! Зым псэун щIидзэ къудейщ, адрейм гъащIэ псо къигъэщIащ!

Поделиться: