Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр![]() Адыгэ гупсысэкIэм къызэрищтэмкIэ, псэущхьэ псори, языныкъуэхэр зэрану къалъытэми, къызыхуигъэщIа Iуэху хэха щыIэщ, дэтхэнэми пщэрылъ пыухыкIа иIэу дунейм къытохьэ. Хэти шынагъуэщ, ауэ зэран хъу псэущхьэ щхьэхуэхэр мыбэгъуэнымкIэ егъэлеяуэ щхьэпэщ. Хэти гурыхьщ, уеплъ пэтми защыбгъэнщIыркъым, уеIусэну икIи зыхэпщIэну ухуейуэ гукъыдэж къыуат. Иужьрей псэущхьэ лIэужьыгъуэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, хьэндырабгъуэр. УеплъынкIэ гуапэщ, укIэлъыплъынкIэ щIагъуэщ. Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъэмахуэ жэщ псом уэсэпсыр къызэрехым укIэлъыплъыным нэхъ гухэхъуэ щыIэкъым. Нэхущнэгъым ирихьэлIэу уэсэпсыр щытекIыжкIэ, «дахэр иремыкIуэд» жаIэурэ мелыIычхэм хьэндырабгъуэхэр къраджэу фIэщхъуныгъэ щыIэщ. Адыгэхэм я фIэщ мэхъу абыхэм яшэщI дамэм къыхипхъ сабэналъэ жьгъейхэм зыпэплъэ насып Iыхьэ гуэр къатригъэщащэу. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, дунейм хьэндырабгъуэу тетыр лIэужьыгъуэ мини 158-м нызэрохьэс, ауэ а бжыгъэр мин 255-м нэсу къэзылъытэхэри мащIэкъым. Адыгэхэм хьэндырабгъуэ лъэпкъым щыщу лIэужьыгъуэ зыбжанэ ижь лъандэрэ яцIыху: хьэндырабгъуэр, хьэмпIырафэр, хьэнтIрэпIийр, мафIэхьыр. Шэч хэлъкъым, мы зи цIэ къитIуахэри зэщымыщ куэду зэрызэхэтым. ГъэщIэгъуэнщ адыгэбзэм и кIуэцIкIэ узыщрихьэлIэ жыIэгъуэхэри. «Дыгъуасэ хуэдэт хъыджэбз IэпцIлъэпцI цIыкIуу щыщытар, иджы зи дамэхэр зышэщIа хьэмпIырафэ нэхъей, пщащэ къабзэкIей къищIыкIащ», – жаIэ. «ХьэнтIрэпIийм хуэдэу щхьэ зыкъебдзэкIрэ?» – зэхэпхынущ Шэджэм икIи Бахъсэн щIыналъэм щыпсэухэм жаIэу. «СабэджэдыкIэм къилъэтыкIа хьэндырабгъуэм ещхьщ» жыIэгъуэми щIэх-щIэхыурэ урохьэлIэ. Арыххэуи, адыгэхэм я дахэ нэщэнэхэм хьэндырабгъуэм увыпIэшхуэ щеубыд, адыгэбзэм ухэлъыхъухьыпэмэ, гъэщIэгъуэн куэд къызэриIуэтэнуми шэч хэлъкъым. Хьэндырабгъуэм и гугъу щIэтщIым щхьэусыгъуэ иIэщ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Ботаникэ хадэм иджыблагъэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ: иджыри къыздэсым щIэныгъэ дунейр зыщыгъуэза хьэндырабгъуэ лIэужьыгъуэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр Филиппин хытIыгум къраха сабэджэдыкIэм къикIащ. Хьэндырабгъуэм и дамитIыр щишэщIкIэ сантиметр 30-м нызэрохьэс. Зи теплъэр плъыжь-морафэ хьэндырабгъуэм и дамитIым IэпапIэ хужьхэр, гъуэжь-плъыжьыфэхэр, плъыжь-хужьыфэхэр, фIыцIафэхэр хэпхъауэ тетщ. – СабэджэдыкIэм къикIагъащIэ хьэндырабгъуэр ин къудейкъым, ар икIи псэущхьэ губзыгъэщ. Абы и дамитIым мо жыжьэу уакъыпыIукIуэтрэ уеплъыпэмэ, блащхьэу уаIуоплъэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэндырабгъуэм шынагъуэм зыщихъумэу аращ. Зыщышынэн хуей гуэр гъунэгъу къыщыхуэхъукIэ, хьэндырабгъуэм и дамитIыр мащIэу игъэхъейуэ хуожьэ, блэм и щхьэр зэригъэсысым ещхьу. Абы гу лъызытэ бзухэми гъунэгъу зыкъыхуамыщIмэ нэхъ къащтэу, жыжьэу блолъэтыкI, – жеIэ Ботаникэ хадэм и унафэщI Бахъуэ Мурат. ЗыплъыхьакIуэ Ботаникэ хадэм кIуэхэм Iэмал яIэщ хьэндырабгъуэр зрагъэлъагъуну. ЛэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, жэщ-махуэм и нэхъыбэм хьэндырабгъуэр мыхъейуэ и пIэм исщ, апхуэдэ щIыкIэкIэ и къарур ехъумэ, шынагъуэ къылъыкъуэкI хъумэ, абы псынщIэу зэрыIэщIэкIынум хуэдэу, и гуащIэр зэрегъэзахуэ. – Хьэндырабгъуэр зрагъэлъагъуну зи Iуэху хуэмыкIуэхэм гукъеуэ ящремыхъу. Дэ иджыри шылащхьих диIэщ, мазэм къриубыдэу ахэр сабэджэдыкIэ хъунурэ, щIэх дыдэ хьэндырабгъуэр къикIынущ. Тропикэ дунейм и щытыкIэ псори къызэщIимыубыдэмэ, абы пэгъунэгъу дызэрыхуэхъуным дыхущIэкъуу хьэндырабгъуэхэм я псэупIэр къызэдгъэпэщащи, хэти Iэмал иIэщ къакIуэу абыхэм еплъыну, – жеIэ Ботаникэ хадэм и лэжьакIуэ Бабыгуей Маринэ. Хьэндырабгъуэхэм нэмыщI, Ботаникэ хадэм кIуэхэр еплъыфынущ зихуэдэ щымыIэ къэкIыгъэхэм. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, зи щхъуантIагъэр мыкIуэд чэщейхэр, япон криптомериехэр, шыкIуртIымщэху лIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщI куэди. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||





