Псы къабзэм егугъуу![]() Абы къыхэкIыуи, проектым и лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар цIыхухэр псыкIэ къызэзыгъэпэщ, псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш IэнатIэхэм я лэжьыгъэр щызэблэур гъэмэщIэнымрэ фIагъ лъагэ зиIэ псы къабзэр цIыхухэм яхуэутIыпщынымрэщ. Экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыналъэм игъуэтыну зыужьыныгъэмрэ цIыхухэм я узыншагъэр зыхуэдэнумрэ куэдкIэ елъытащ абыхэм. ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр жыджэру хэтщ а къэрал пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм икIи лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI. Мы гъэм щIыпIэу 22-рэ программэм хагъэхьащ. Ахэр пщэрылъ зыхуащIынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэхэр ирагъэкIуэкIри, абы щытекIуахэр ягъэбелджылащ, я къалэнхэм пэрыхьауи мэлажьэ. Программэм хыхьа лэжьыгъэхэр я инагъкIэ, щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэмкIэ, мыхьэнэмкIэ зэщхьэщокI. Абы къыхэкIыуи, языныкъуэхэм деж щыIэ инфраструктурэр къыщагъэщIэрэщIэжынущ, жьы хъуахэр щызэрахъуэкIынущ, языныкъуэхэм – щIэрыщIэу щаухуэнущ. Псалъэм къыдэкIуэу, Тэрч районым хыхьэ Терекскэ къуажэм псы зэрыкIуэ и бжьамийуэ хъуар къагъэщIэрэщIэжынущ, псори зэхэту километр 21-рэ я кIыхьагъыу. Лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь псы къабзэр яIэрыхьэнущ абы щыпсэу цIыху 450-м нэблагъэм. ИджыпстукIэ лэжьакIуэхэм бжьамийхэр зыдалъхьэну щIыр датIыкIащ. Языныкъуэ щIыпIэхэм ахэр щаукъуэдиини щIадзащ. Лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпыр иджырей мардэм къитIасэ, зыри къащымыщIу илъэс куэдкIэ щIы щIагъым щIэлъыну бжьамийхэм хуэдэщ. Прохладнэ щIыналъэм и Граничное жылэдэсхэри псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным лэжьакIуэхэр щогугъу. НобэкIэ псы къыщIэшыпIэр иратIыхащ, бетон гъэжахэмкIэ кърагъэбыдэкIащ, трансформатор подстанцыр ягъэуври, токым падзэжащ. Абыхэм къадэкIуэу, бжьамийхэр зыдалъхьэну щIыр датIыкI, псы къыщIэшыпIэр къахухь. Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэми псы къабзэ зэбгрытыкIыпIэхэр щаухуэ, псори зэхэту километри 5,3-м щIигъуу. НобэкIэ, километри 3,6-м щIыр щыдатIыкIащ, лъабжьэри щагъэбыдащ, абы щыщу километри 2,5-м нэблагъэм бжьамийхэр далъхьащ. ИужькIэ, къэнэжа метр 1000-м бжьамийхэр щаукъуэдиинурэ, датхъуэжынущ. Лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь къуажэдэс мини 4-м щIигъум псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнущ. Зэрынэрылъагъущи, «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ КъБР-м и цIыхухэм псы къабзэ яIэрохьэ, я псэукIэри йофIакIуэ. Апхуэдэуи, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хохъуэ, ЖКХ-м и IэнатIэм къыщыхъу къэхъукъащIэ мыщхьэпэхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэ мэхъу.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||





