Бахъсэн къалэр ягъэдахэ![]() Лэжьыгъэхэр щекIуэкIыну уэрамым метр 230-рэ и кIыхьагъщ, метри 6 и бгъуагъщ. Абы телъ асфальтыжьыр тратхъунщIыкIынурэ гъуэгум и лъабжьэр ягъэбыдэнущ. ИужькIэ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэжынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынурэ къэухьхэр щагъэувыжынущ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм гъуэгущхьэр зэтес ящI. Апхуэдэуи «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №9-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. ИджыпстукIэ унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкI, пэшхэр къращIыкI, лъэгухэм плиткэхэмрэ ламинатхэмрэ иралъхьэ. А псом къадэкIуэу, IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ, ягъэдахэ. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и кIэхэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ. ЖыпIэнурамэ, Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим и нэIэ щIигъэт зэпытщ щIыпIэм щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр. ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIахэми, нэгъуэщIхэми кIуэурэ Iуэхухэр зыIутыр зрегъэлъагъу. Иджыблагъэ ар щыIащ Бахъсэн къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэу зэIузэпэщ ящIхэм. Абы хохьэ Ленинымрэ Шыкуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхуакум дэлъ лъэс лъагъуэр, Комаровым и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху, къалэ стадионым и гупэм къедза щIыпIэшхуэр. НобэкIэ лэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэм плиткэхэр иралъхьэри, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ гъуэгущхьэм тралъхьащ. Иджыпсту а щIыпIэхэм уэздыгъэхэр щыпадзэ. Апхуэдэуи абыхэм щагъэувынущ тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху зрадзэнухэмрэ, иужькIэ щхъуантIагъэхэр щагъэтIысыжынущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||





