И зэфIэкIыр интАдыгэ литературэм и тхыдэм и гугъу щыпщIкIэ, псом япэу зи цIэ къиIуапхъэхэм ящыщщ тхыдэдж щIэныгъэлI, тхакIуэ гъуэзэджэ Хъан-Джэрий. Абы теухуащ филолие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэр.
«ЩIэныгъэм и мыхьэнэр пасэу къызыгурыIуа Хъан-Джэрий япэщIыкIэ зэлэжьыр и лъэпкъым и тхыдэрщ, IуэрыIуатэрщ, къыдалъхуахэр зыхэт зауаем къыхэшынырщ, щIэныгъэм и гъуэгу нэхум ахэр тешэнырщ. ИужьыIуэкIэ ар и ужь йохьэ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэмрэ абыхэм ехьэлIа и гурыгъу-гурыщIэхэмрэ художественнэ псалъэкIэ къэIуэтэным икIи адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ хуэхъуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэм къыщIокI. А цIыху пэрытым къыщIэна къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ абы и художественнэ тхыгъэхэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ литературэмрэ я тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыд, ахэрщ а тIуми къежьапIэ яхуэхъуар.
Адыгэхэр зыхэт кIыфIыгъэм къыхэшын зэрыхуейри, ар абы къызэрыхэпшыну Iэмалхэри а зэманым нэхъ куууэ къызыгурыIуэу щытахэм ящыщщ Хъан-Джэрий. Адрей лъэпкъ узэщIакIуэхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм фIыуэ зыщегъэгъуазэри, ар езыри и зэфIэкIхэм йоплъыж: и анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэхелъхьэри и щхьэкIэ къигъэсэбэпу щIедзэ. И къэхутэныгъэхэм я гугъу ищIыжурэ, и лэжьыгъэхэм ящыщ зым абы мыпхуэдэу щитхыжыгъащ: «Сэр дыдэм а бзэм (шэрджэсыбзэм – Хь. А.) папщIэ алыфбей зэхэслъхьащ, занщIэуи ехъулIэныгъэхэр зыIэрызгъэхьащ… а хьэрфыщIэхэмкIэ сэ шэрджэс хъыбархэр тыншу стхыф сыхъуащ – абы, шэчыншэу, хьэкъ къысщищIащ а къэхутэныгъэм зэфIэкI мыкIуэщIыж зэриIэри, арыншауэ шэрджэс лъэпкъым мыхьэнэшхуэ зыпылъ щIэныгъэ зэрызримыгъэгъуэтыфынури».
Хъан-Джэрий и къэхутэныгъэхэм щыщIидзам, тхыгъэ мащIэ дыдэт и лъэпкъым теухуауэ щыIэр. Хамэ щIэныгъэлI зырызхэм ятхахэм тегъэщIапIэ пщIынышхуи хэлътэкъым. Абы къыхэкIкIи ар ерыщу иужь йохьэ къыдалъхуахэм я тхыдэр, IуэрыIуатэр зэфIэгъэувэжыным, зэрахьа хабзэхэр, яхэлъа хьэл-щэнхэр къэхутэжыным. И зэманым тепщIыхьмэ, абы и япэ лэжьыгъэ нэхъ цIэрыIуэу щытащ тхылъищу зэхэт «Шэрджэсым теухуа хъыбархэр» жыхуиIэр. ЩIэныгъэлIым абы япэ дыдэ щызэхигъэкIащ адыгэхэм я пасэрей тхыдэр, я лIакъуэхэр, я бжыгъэр, я диныр, я IуэрыIуатэр, я хабзэхэр, я сабий гъэсэкIэр – кIэщIу жыпIэмэ адыгэхэм я псэупIэхэмрэ я псэукIэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд. ПхужымыIэну мыхьэнэшхуэ яIэщ Хъан-Джэрий и лэжьыгъэ хьэлэмэтхэу «Шэрджэсхэм я диныр, я хабзэхэр, я хьэл-щэнхэр, я псэукIэр», «Шэрджэс лъэпкъхэм я мифологиер» жыхуиIэхэм.
Талант абрагъуэ зыбгъэдэлъ а цIыху акъылыфIэм и зэфIэкIхэр нэхъ наIуэу къыщигъэлъэгъуащ и художественнэ тхыгъэ телъыджэхэм. Ахэращ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм япэ лъэбакъуэхэр урысыбзэкIэ зычу щIэзыдза адыгэ литературэм къежьапIэ хуэхъуар. Абыхэм куууэ икIи узыIэпишэу щызэфIэгъэувэжащ адыгэ лъэпкъым и гъащIэр, и псэукIар, гугъуехьрэ хьэзабу абы ирагъэшэчар. Хъан-Джэрий зыщIапIыкIар урыс литературэрщ, арауи къыщIэкIынщ романтизмэм и Iэмалхэр нэхъыбэу къыщIыщигъэсэбэпри, блэкIа гъащIэм нэхъ ехьэжьауэ щIытетхыхьри, егъэлеиныгъэр зи нэщэнэ лIыхъужьхэр щIызэригъэпэщри, лъэпкъ IуэрыIуатэм щыщ хъыбархэр и тхыгъэхэм лъабжьэ щIахуищIри.
Адыгэ тхакIуэм и япэ художественнэ тхыгъэр – «Шэрджэс хъыбархэр» – 1841 гъэм «Русский вестник» журналым и къыдэкIыгъуитIым зэкIэлъхьэужьу къытехуащ. А тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуар лъэпкъ IуэрыIуатэм щыщ «Жьуджалэ» хъыбарырщ. «Шэрджэс хъыбархэр» адыгэ литературэм и къежьапIэщ, абы и япэ тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ.
И тхыгъэхэм я нэхъыбэм IуэрыIуатэр тегъэщIапIэ зэрыхуищIым къикIыркъым Хъан-Джэрий зыхэт зэманыр къыгурымыIуэу, абы и щытыкIэ пэжыр къыхуэмыубыду, ахэр къызэригъэлъэгъуэн тхакIуэ зэфIэкI бгъэдэмылъу. ИужьыIуэкIэ абы къыгуроIуэ лъэпкъ IуэрыIуатэм зэригъэпэща хъугъуэфIыгъуэхэр зэпымыууэ къэбгъэсэбэпыныр зэрымытэмэмыр. Зыщыпсэу лъэхъэнэр, къыдэпсэухэм я IуэхущIафэхэр, я псэукIэр, я зэхэтыкIэр, я гурыгъу-гурыщIэхэр къигъэлъэгъуэну яужь зэрихьэм къыбжеIэ тхакIуэм и зэхэщIыкI-гупсысэм зэрызиужьар. А гупсысэр зэрыпэжыр ягъэбелджылы абы и IэдакъэщIэкI хьэлэмэтитIым – «Беслъэней Абат», «Ахуэдэгъуокъуэпщ» повестхэм.
Абыхэми, нэхъапэIуэкIэ итха «Къунчыкъуэ и теуэ», «Къанбулэтыпщ» повестхэми гъащIэм и пэжыр Iэзэу къыщыгъэлъэгъуэжащ.
ЦIыхум и пщIэр къызэрапщытэр абы къигъэщIа илъэс бжыгъэркъым. АтIэ и гуащIэрщ, къызэринэкIа Iэужьырщ. Хъан-Джэрий гъащIэшхуэ имыIами, и псэ пытыху и Хэкумрэ и лъэпкъымрэ яхуэлэжьащ. Аращ абы и цIэр лъэпкъ тхыдэм мыкIуэдыжыну къыщIыхэнар».
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:35 →
АдыгэпсэкIэ псыхьащ и IэрыкIхэр
15.12.2025 - 11:24 →
Зы хэкIыпIэ яIащ
15.12.2025 - 11:13 →
ЖьакIэмыхъу КIунэ ягъэлъапIэ
11.12.2025 - 10:00 →
ГущIэгъу зыхэлъыр гу къабзэрщ
10.12.2025 - 15:05 →
И къалэм жаныр псоми нос
| ||




