Академик цIэрыIуэм и щIэиныр

Тхыдэдж щыпкъэ, социологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгей къэрал университетым и профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик АфэщIыж Тыркубий Индрис и къуэр (1937-2022) ди лъэпкъым и IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм ящыщащ. Адыгэ Республикэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник АфэщIыж Тыркубий и Iуэху зехьэкIэ пэрытым, бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ фIыуэ щыщыгъуазэщ Урысей Ипщэ щIыналъэм. 
АфэщIыжь Тыркубий и сабиигъуэр ещхьт езым хуэдэ ныбжьыщIэ минхэу Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэ, абы и мафIае илъэсхэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм. Ар къыщалъхуащ Адыгей щIыналъэм и Улап къуажэ цIыкIум. Бынунагъуэшхуэм къыщыхъу дэтхэнэ сабийми хуэдэу, ар къэтэджащ хабзэрэ нэмысрэ хэлъу, гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ къапимыкIуэту, дунейм, гъащIэм я зэхэлъыкIэхэр фIэгъэщIэгъуэну. 
- Си сабиигъуэм щыщу си нэгу къыщIыхьэж теплъэгъуэхэм ящыщщ зэныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэр дыIэпцIэлъапцIэми дыныбэнэщIми, абыхэм щхьэкIэ уэтт щымыIэу, тлъагъу, зэхэтх псори тфIэхьэлэмэту дыкъызэрытэджар, -  игу къигъэкIыжырт Тыркубий. – Псом хуэмыдэжу цIыкIухэр дыдахьэхырт ди адэшхуэхэм яIуэтэж хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэм, ахэр сытым ехьэлIами ди зэхуэдэу. Ди жылэм дэс нэхъыжьыфIхэр къуажэ утыкум деж щызэхуэсамэ е пщIэшхуэ зыхуащI зыгуэрым и куэбжэпэм къыщызэтеувыIамэ, абдеж занщIэу дыкъыщыхутэрт хьэблэ сабийхэри. КъэхъукъащIэхэм, я псэукIэ-щыIэкIэхэм тепсэлъыхьа нэужь, хабзэ хъуати, а зэхуэзэхэр иухырт ди лъэпкъым, дыщалъхуа щIыпIэм я тхыдэм теухуа хъыбарыжьхэмкIэ. 
Апхуэдэхэм деж щIалэ цIыкIухэм, дауи, адэшхуэхэм жаIэ дэтхэнэ псалъэри  «зыщIашэрт», псы хуэлIа къэкIыгъэм ещхьу, я лъакъуэхэр я шэнту щыму щысу. И сабиигъуэм зыщIэдэIуа апхуэдэ хъыбархэр и гъуазэу, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм и блэкIам теухуауэ нэхъыбэ къызэрищIэным щIэхъуэпсу, ар и мураду балигъыпIэм нэсащ Тыркубий.  Я жылэм дэт илъэсибл школыр  ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Мейкъуапэ дэт медицинэ училищэм. Ар диплом плъыжькIэ къиухри, фельдшеру илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ медицинэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Зыхуеджа IэщIагъэр и псэм къыдыхьэми, АфэщIыжым и гупсысэхэм хэтт и сабиигъуэм зыщIэхъуэпсу щыта Iуэхугъуэхэр: ар хуейт къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ нэхъыбэIуэ къищIэну,  къиугъуей псори итхыжыну. Апхуэдэ мурадхэр и тегъэщIапIэу Тыркубий щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и тхыдэ факультетым икIи, зэрылажьэм хуэдэурэ, ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ 1967 гъэм. 
Тхыдэдж IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта АфэщIыжыр уващ Адыгейм и Красногвардейскэ районым къыщызэIуаха «Дружба» газетым. Абдеж абы зыкъыщигъэлъэгъуащ зи гупсысэхэр куу, зи къалэмыр жан, жэуаплыныгъэ зыхэзыщIэ  журналист IэкIуэлъакIуэу. Абы гу лъамытэу къэнакъым «Социалистическэ Адыгей» областной газетым и редактор нэхъыщхьэ Андырхъуей Жантемыр, щIыналъэ радиокомитетым и пашэ Жанэ Къарэмызэ, усакIуэ икIи журналист Пэрэныкъу Мурат сымэ, нэгъуэщIхэми. Абыхэм  АфэщIыжыр ирагъэблэгъащ лъэпкъ газетым икIи илъэс куэдкIэ абы и зэфIэкIхэр ирихьэлIащ адыгей журналистикэм зиужьыным. Апхуэдэу I975 - I977 гъэхэм Тыркубий лэжьащ Краснодар тхылъ тедзапIэм и Адыгей къудамэм и унафэщIу. АфэщIыжым  тхылъ тедзапIэм Iуэху зехьэкIэщIэм и мардэхэр хилъхьащ, щIыналъэм къыщыдэкI тхылъхэм я бжыгъэми я фIагъми хэхъуащ абы щыгъуэ. КъинэмыщIауэ, утыкум къиша хъуащ нобэ Адыгейр зэрыгушхуэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм я нэхъыбапIэр. 
 Тыркубий апхуэдэу иригъэкIуэкIырт къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. 1975 гъэм абы хьэзыр ищIащ и кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ. ЩIэныгъэм нэхъ куууэ зезыт IэщIагъэлIыр 1978 гъэм ирагъэблэгъащ Адыгей къэрал университетым. ЕгъэджакIуэ нэхъыжьу щIэзыдза Тыркубий зэман кIэщIым къриубыдэу хъуащ абы и доцент, профессор. I992 гъэм АфэщIыжым утыку кърихьащ и доктор диссертацэр. «Дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэр – лъэпкъым хэлъыпхъэ дзэ щэнхабзэм и лъабжьэщ» къэхутэныгъэ лэжьыгъэр АфэщIыжым щыпхигъэкIащ Москва дэт къэрал университетым икIи социологие щIэныгъэхэм я доктор цIэр къыфIащащ. 
Адыгейм щыщу АфэщIыж Тыркубийщ  социологиемкIэ доктор япэу хъуар.  ЩIэныгъэм а и унэтIыныгъэм щIыналъэм зыщиужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ абы. 1992 гъэм Адыгей къэрал университетым къыщызэIуихащ социологиемкIэ секцэ щхьэхуэ. КъыкIэлъыкIуэу Тыркубий къыдигъэкIащ «Социологие курсыр зэрегъэджыпхъэ программэ», «СоциологиемкIэ семинар дерсхэр зэрегъэкIуэкIыпхъэ планхэр» тхылъхэр. 1995 гъэм АКъУ-м къыщызэIуахащ философиемрэ социологиемкIэ кафедрэ. Абы и унафэщIу ягъэувауэ щытащ АфэщIыж Тыркубий. 
 Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыта илъэ 50-м нэсым къриубыдэу абы и нэIэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ щIэныгъэхэм я кандидатрэ доктору куэд. Тыркубий и гъэсэнхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм, Кубаным, Адыгейм я вузхэм щезыгъаджэхэр. Апхуэдэу АфэщIыжым и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу I30-м щIигъу, монографие щхьэхуэри хэту. Абыхэм ящыщщ «Социологиемрэ иджырей лъэхъэнэмрэ: дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр», «ЩIэныгъэм къыхыхьэ макъыщIэхэр», «Социологие», «Социологие терминхэм я псалъалъэ», нэгъуэщI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри. Абыхэм къинэмыщIауэ, Тыркубий итхащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэ гъуэгуанэм, къыщалъхуа къуажэм и цIыху пэрытхэм ятеухуа повестхэр, рассказхэр, очеркхэр. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэщ илъэси 100-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм теухуа «Псыхъуэм къыщыIуа фоч уэ макъ» тхылъыр. А тхыдэ-дэфтэр повестыр Тыркубий и къалэмыпэм къыпыкIащ 1999 гъэм. 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: