ЩIэныгъэм и нэхур цIыхухэм къахуихьуШэрэдж Ищхъэрэ къуажэм къытепщIыкIыу Псынабэр жылэ щхьэхуэу 1928 гъэм тIыса нэужь, псом япэ зэфIэхыпхъэу къэува Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыхубэм я щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыныр. Къуажэдэсхэм я япэ зэхуэсхэм ящыщ зым унафэ щащIауэ щытащ цIыхухэр еджэкIэмрэ тхэкIэмрэ щыхурагъэсэн IэнатIэ щхьэхуэ Псынабэ къыщызэгъэпэщын хуейуэ. Куэд дэмыкIыу жылэм еджапIэ унэ щхьэхуэ къыщызэIуахауэ щытащ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 95-м щIигъум еджапIэм къикIуа гъуэгуанэм топсэлъыхьыж къуажэдэс нэхъыжьыфIхэм ящыщ Теувэ Алексей. «Ди республикэм и жылэхэм я нэхъыбапIэм зэрыщащIам хуэдэу, Псынабэ къуажэм и школыр къыщызэIуахар нэхъ къулейуэ абы дэсхэм я унэхэрат. Апхуэдэ хъуахэт Индрокъуэ Тохъутэмыщрэ Тхьэзэплъ Хьэжкъасымрэ я псэупIэ унэхэр. Жылэм дэт унэ нэхъ зэпэщхэр еджэным хухахами, зэман кIэщIым къриубыдэу ахэри къемэщIэкI хъуащ школым: абы къекIуалIэ сабийхэм я бжыгъэм хэхъуэрт, апхуэдэуи пэш щхьэхуэ яIэн хуейт егъэджакIуэхэми школым и унафэщIми. ЕджапIэм адэкIи зегъэузэщIын зэрыхуейр нэрылъагъут. 1934 гъэм и бжьыхьэм, мэкъумэш лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэса нэужь, къуажэм щаублащ школыщIэм и ухуэныгъэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым хьэзыр ящIащ классиплI щIэныгъэ щрагъэгъуэт пэщIэдзэ еджапIэр, Хьэкъун Тыгъуэн и унэм папщIэ игъэжа ятIэ (сэман) чырбышхэр къаритри. Абы хэтт еджапIэ пэшиплI, егъэджакIуэхэмрэ школым и унафэщIымрэ папщIэ пэшхэр, къинэмыщIауэ, хамэ щIыпIэхэм къикIыурэ абы щылажьэ IэщIагъэлIхэр щыпсэунухэри. Зызыужь, ефIакIуэ жылэ Iумахуэм зэман кIэщIым къриубыдэу къемэщIэкI хъуащ а еджапIэр. КласситI зэхагъэтIысхьэурэ зы пэшым щIэсу щеджэ куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэу школыр ирикъуртэкъым IэщIагъэлIхэмкIи, еджэным къыщагъэсэбэп IэмэпсымэхэмкIи, стIолхэмрэ шэнтхэмкIи, тхылъхэмрэ тетрадхэмкIи. ИтIани школыр лажьэрт, сабийхэри балигъхэм ящыщ куэди яфIэфIу щеджэрт абы, щIэныгъэм и IэфIыр щIэх дыдэу зыхащIауэ. ЩIыпIэм и унафэщIхэм теплъэкъукI ямыIэу ягъэзащIэрт партым къахуигъэува унафэр: илъэси 8 - 12 зи ныбжь сабий псоми пэщIэдзэ щIэныгъэ егъэгъуэтын хуейт. Апхуэдэу илъэсиплIкIэ лэжьа нэужь, пэщIэдзэ школыр илъэсибл еджапIэ ящIащ. Абы класси 7-р къыщызыух ныбжьыщIэхэм еджэным щыпащэрт гъунэгъу Къэхъун къуажэм дэт курыт школым. ЕгъэджакIуэхэр зэрахуримыкъум къыхэкIыу, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм унафэ къищтащ курыт школхэм нэхъыфIу щеджэ ныбжьыщIэхэр пэщIэдзэ, илъэсибл школхэм щылэжьэну хуиту. А ныбжьыщIэхэм я нэхъыбапIэм къахэкIащ щIыпIэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм цIэрыIуэ щыхъуахэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 30-40 гъэхэм Псынабэ дэт школыр къэзыухахэм къахэкIащ парт, хозяйствэ лэжьакIуэфIхэр, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, дохутыр Iэзэхэр, егъэджакIуэ щыпкъэхэр. Апхуэдэхэщ ипэкIэ зи гугъу щытщIахэу ШэджыхьэщIэ Мариерэ Шыд Хьэзритрэ, математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетым и декану лэжьа, школакIуэ нэхъыжьхэм папщIэ университетым тхьэмахуэ школ къыщызэзыгъэпэща Шыд Лиуан, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, Налшык къалэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу щыта Чэрим Борис, КПСС-м и Дзэлыкъуэ райкомым и секретару, иужькIэ Дзэлыкъуэ райисполкомым и тхьэмадэу лэжьа Хьэкъун Мухьэдин, КПСС-м и Аруан райкомым и япэ секретару щыта Хъуран Хьэжмурид, КПСС-м и Дзэлыкъуэ райкомым и секретарь къулыкъум пэрыта Теувэ Хъанбий сымэ, нэгъуэщI куэди. Псынабэдэсхэр дрогушхуэ ди къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща ди къуажэгъухэм. Хэку зауэшхуэм къызэпиудащ совет цIыхубэм яIа мурадыфIхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ. Псынабэ дэт школым и егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми ящыщ куэд хэтащ зауэм, мащIэкъым абы и губгъуэхэм зи щхьэр щызыгъэтIылъахэри. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм ящыщщ ШэджыхьэщIэ Хъусен. Зауэм и пэщIэдзэ дыдэм фронтым Iухьащ ар икIи къикIуэт имыщIэу бийм ерыщу пэщIэтащ. Абы и щыхьэтщ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэу Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, Бэракъ Плъыжь, Вагъуэ Плъыжь орденхэр, медалхэр. Апхуэдэу лIыгъэ хэлъу зэуахэм ящыщщ Хьэкъун Iэлисэхьи. Абы къратащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, маршал Жуковым и цIэкIэ щыIэ медалыр, «Германием зэрытекIуам папщIэ» дамыгъэр. 1935 гъэм къыщыщIэдзауэ 1951 гъэ пщIондэ школым и унафэщIу щыта Монич Игорь лъэкI къигъэнакъым егъэджэныгъэ IэнатIэм жылэм зыщиужьын папщIэ. Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, Монич фронтым Iухьащ икIи лIыгъэ иIэу бийм пэщIэтащ. 1946 гъэм абы Псынабэ къигъэзэжащ икIи зыIукIа IэнатIэм пэрыхьэжри, иджыри илъэс куэдкIэ лэжьащ. ЕгъэджакIуэ-зауэлI хахуэм и бгъэгум щылыдырт ордениплIрэ медаль зыбжанэрэ. Илъэс 60-м щIигъу ипэкIэ, 1964 гъэм Псынабэ еджапIэщIэ щаухуащ икIи ар курыт школ хъуащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы пэшхэр къыпащIыхьыжщ, къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэжри, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ бэлыхь хъуащ. Иджыпсту абы школакIуи 150-м щIигъу щоджэ. Теувэ Иринэ зи унафэщI егъэджакIуэ гупым я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ я еджакIуэхэм щIэныгъэ куу ягъуэтын, гъэсэныгъэ дахэ халъхьэн папщIэ. Гупыр дапщэщи хущIокъу я къалэн нэхъыщхьэр – щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр – къызыхуэтыншэу зэригъэзэщIэным». Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




