Спорт хъыбархэр

Кавказ Ищхъэрэр зэпоуэ

 

 

 

Ставрополь крайм хыхьэ ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм кудомкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу 6-м я спортсмен 400-м щIигъу. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм щыIащ цIыху 48-рэ икIи я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ХьэтIэхъу Къантемыр, Мэлъкъуэнды Елдар, Лобжанидзе Дамир, Къардэн Дамир, КIурашын Андемыркъан, Мэлъкъуэнды Имран, Бетрожь Артур, Шыд Абдуррэхьмэн, Акъсорэ Азнаур, Омаров Расул, ТыIэщ Малик сымэ.

ЕтIуанэ хъуахэщ Къэжэр Амир, ПщыукI Азэмэт, Елмэс Саид, Ержыб Идар, Къулътырбей Амир, Тэтрокъуэ Исмэхьил, Тэтэркъан Алихъан, ГъунжафIэ Къантемыр, Мамышэ Илъхьам, Уэщро Iэдэм, Борсэ Идан, Пщыгъусэ Самир, КIыщ Сэлмэн сымэ.

Ещанэ увыпIэр къахьащ Архэст Алий, Ащхъуэт Сулеймэн, Тэрчокъуэ Самир, Дыджэ Идар, Тэтэркъан Рэмэзан, Бжий Темырлан, Болэ Сэлим, Тэтрокъуэ Мухьэмэд, Жылау Руслан, Кулиев Къайсын, Шыд Ахьмэд, Бауэ Аскэр сымэ.

Гупхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр иубыдащ Ставрополь крайм и командэм, етIуанэр Дагъыстаным, ещанэр КъБР-м икIахэм.

Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Щоджэн Русланэ, Акъсорэ Ахьмэд, Щоджэн Аслъэн, Мэремыкъуэ Казбек сымэ.

 

Ди щIалэгъуалэр спортырщ къыхахыр

 

 

 

 

«Къэбэрдей-Балъкъэрым терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щымыгъэIэн» республикэ программэм ипкъ иткIэ «Спортыр террорым и бийщ» фIэщыгъэр зэрихьэу Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ спортсмени 147-рэ.

Илъэс 16 - 17 зи ныбжьхэм я деж я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Теунэ Къантемыр, Нэхущ Эристам, Щэрдан Къантемыр, ШэрыIужь Алий, Къанщауэ Тимур, Щоджэн Тембот, Атэбий Ислъам, Нэгъуей Ратмир сымэ.

Илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэм я деж щытекIуащ Тэрчыкъуэ Таукъан, Шыгъушх Астемыр, Урчыкъу Алихъан, Хьэжьырокъуэ Умар, Лыджыдэ Залым, Iэрэмысэ Ахьмэд, Щоджэн Сэлим сымэ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр иратащ.

БЭТОКЪУЭ Ислъам.

Поделиться: