ЦIыхухэм я тыншыпIэм егугъуу

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажищым цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ ящIащ мы гъэм.

Псалъэм къыдэкIуэу, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Псыхъурей къуажэм цIыхухэм щыхуащIа зыгъэпсэхупIэм ихъуреягъкIэ къэухьхэр щыхагъэуващ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьащ, тетIысхьэпIэ тыншхэри щыхуащIащ. А псом къадэкIуэу, сабий джэгупIэхэмрэ спорт утыкухэмрэ къыщыхагъэщхьэхукIащ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщуи, хьэфэ «алэрыбгъухэр» абыхэм ирадзыжащ.

Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэми апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. Абыи цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэми къэухьхэр щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьащ, уэздыгъэхэр щыпадзащ, тетIысхьэпIэхэри кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэри щыхуащIащ. Иджы а жыг хадэ цIыкIур къуажэдэсхэм зыгъэпсэхупIэ, нэгузегъэужьыпIэ яхуэхъуащ.

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Псынэдахэ къуажэми и кум зыгъэпсэхупIэ зэпэщ щаухуащ. Къэухьхэм къадэкIуэу, мыбдежым куэбжэ щыхалъхьащ. Апхуэдэуи зэIузэпэщ ящIа щIыпIэм хыхьащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и бжэIупэмрэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъымрэ.

Къыхэдгъэщынщи, ЩэнхабзэмкIэ унэр мы къуажэм щаухуауэ щытащ   «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ. Абы и бжэIупэм щIэх-щIэхыурэ пэкIухэр, зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI, къуажэдэсхэм зыщагъэпсэху.

Зы гугъу тщIа къуажищым зэIузэпэщ щащIа щIыпIэхэм жыгхэр, чыцэхэр, удзхэр щыхасащ. Лэжьыгъэхэм трагъэкIуэда сом мелуани 7,3-р къэралымрэ щIыналъэмрэ я бюджетхэм къыхэкIащ икIи ахэр псори зыхуэунэтIар къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ

БЭТОКЪУЭ Мысост.

Поделиться: