Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэЩIы Iыхьэ хэхар щатха гупым къыхагъэкIыу нэгъуэщI гупым хэгъэхьэным и IуэхукIэ №186-ПП 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м Налшык къалэ Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м №52-1.1.12/6128-м щIэту къигъэхьа лъэIум хэплъауэ, Урысей Федерацэм ЩIым теухуа и кодексым и 8-нэ статьям, «ЩIыхэр е щIы Iыхьэ хэхахэр щатха гупым къыхагъэкIыу нэгъуэщI гупым зэрыхагъэхьэм и IуэхукIэ» 2004 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къащта Федеральнэ закон №172-ФЗ-м и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIым теухуа и кодексым и 6-нэ статьям япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Мэкъумэш мыхьэнэ зиIэ щIыхэм къыхагъэкIыу промышленностым, энергетикэм, транспортым, связым, радиовещанэм, телевиденэм, информатикэм хухах щIыхэм, хьэрш лэжьыгъэм, зыхъумэжыныгъэм, шынагъуэншагъэм папщIэ къагъэсэбэп щIыхэм, нэгъуэщI мурад убзыхуахэм хузэрахьэ щIыхэм хэгъэхьэн метр зэбгъузэнатIэ 58480-рэ хъу, 07:04:4900000:519 кадастр номер зиIэ щIы Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Пролетарскэ къуажэ жылагъуэ муниципальнэ зэгухьэныгъэм и гъунапкъэм хиубыдэр, кIэрыхубжьэрыху быдэхэр щыгъэтIылъ щIыпIэм зрагъэубгъун папщIэ. 2. Мылъкур къэралым итхынымкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм чэнджэщ етын ЯмыгъэIэпхъуэ мылъкумкIэ къэрал кадастрым зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться:
Читать также:
10.09.2026 - 11:00 →
Хэхыгъуэ пIалъэм дызыхуэсакъыпхъэхэр
08.09.2026 - 13:00 →
Правительство Кабардино-Балкарской Республики постановление №121-ПП
08.09.2026 - 09:58 →
Гугъэр гъащIэм щыщщ
05.09.2026 - 09:01 →
Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ
| ||




