Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ IэнатIэ щаIэным и IуэхукIэ 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м Налшык къалэ №184-ПП «Урысей Федерацэм ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащыщхьэщыжыным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №181-ФЗ-м, 1995 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м къащтам, и 20 статьям ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ IэнатIэ яIэныр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ къыдигъэкIа приказ №605н-р, 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къащтар, къэлъытауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. Къэщтэн мы унафэм щIыгъухэу: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ IэнатIэ къызэрыщыхузэрагъэпэщ щIыкIэр; Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм хыхьэ къулыкъущIапIэхэу ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ IэнатIэ яIэным пыщIахэм я пщэ къыдэхуэхэр зэрагъэзащIэмрэ ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ IэнатIэ яIэныр зи пщэ дэлъ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа регламентыр. 2. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться:
Читать также:
06.08.2026 - 11:06 →
ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ
05.08.2026 - 15:57 →
ЕгъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ
05.08.2026 - 11:09 →
Об охоте и о сохранении охотничьих ресурсов и о внесении изменений в отдельные законодательные акты Российской Федерации
28.07.2026 - 16:53 →
Бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ
25.07.2026 - 16:00 →
Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ
| ||




