КъБР-м щыхъыбархэр

ХадэхэкIхэм я куэдагъыр

Дызэрыт илъэсым жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм зэгъусэу хадэхэкIыу кърахьэлIэжам и куэдагъыр, губгъуэхэм къыщагъэкIамрэ хуабэщхэм щызэщIакъуэжамрэ зэхэту, тонн мин 319,8-рэ хъуащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм ирихьэлIэу щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 124,8-кIэ нэхъыбэщ ар.

Губгъуэхэм щызэщIакъуэжащ хадэхэкIыу тонн мин 313,6-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 24,8-кIэ ари нэхъыбэщ. Абы нэмыщI, губгъуэхэм зы гектарым ику иту центнер 229,3-рэ къыщрахьэлIэжащ е нэгъабэ жэпуэгъуэм и 1-м щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 27-кIэ нэхъыбэу.

ЩIыхуэр ирагъэпшын

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм электрокъарууэ къагъэсэбэпам сом меларди 6,8-рэ щIатащ е Iуэхутхьэбзэу абыхэм хуащIам хуэзэм и процент 88-р зытрагъэкIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм электрокъарум къыпэкIуа ахъшэм нэхърэ сом мелуан 950-кIэ нэхъ мащIэщ ар.

Къагъэсэбэпа электрокъарум и уасэр республикэмрэ муниципалитетхэмрэ я бюджетхэм къыхэкI мылъкумкIэ зыт IуэхущIапIэхэм ар проценти 101-кIэ ягъэзэщIащ, ипэкIэ абыхэм ятелъа щIыхуэхэри къэлъытауэ. Промышленнэ, промышленнэу щымыт IуэхущIапIэхэм хуащIа Iуэхутхьэбзэм и уасэр нэсу ятащ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм – процент 99-рэ, унагъуэхэм - процент 97-рэ.

Энергетикхэм къызэрыхагъэщымкIэ, къагъэсэбэпа электрокъарум папщIэ къыIах ахъшэм и куэдагъым щIыкIэрыхум и щхьэусыгъуэр IуэхущIапIэхэм щIыхуэр зэрызэтрагъэхьэрщ. Илъэсым зэрыщIидзэрэ къагъэсэбэпам и процент 30-м и уасэрщ абыхэм халъхьар. ЩIыхуэр къыIахыжын папщIэ, энергетикхэм судым щIалъхьащ искыу 698-рэ, псори зэхэту сом мелуан 965-рэ хуэзэну.

                                     

 

 

 

 

Нартыху бэгъуар Iуахыж

Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу нартыху жылапхъэр кърахьэлIэж мы махуэхэм, ехъулIэныгъэ хъарзынэхэри къагъэлъагъуэ. ЖыпIэнурамэ, псори зэхэту а къэкIыгъэр зыхаса гектар 16837-м щыщу гектар 15000-м нобэкIэ ар къытрахыжащ.

ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, районым зы гектарым ику иту центнер 73-рэ къыщытекIащ икIи нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 5-кIэ ар нэхъыбэщ. Нартыху жылапхъэу псори зэхэту кърахьэлIэжащ тонн 109 573-рэ.

Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм къагъэсэбэпар ди къэралым къыщагъэхъуа жылэфIхэрщ. Абы нэмыщI, псы зэрыщIагъэлъадэ машинэу районым иIэ 38-м къызэщIрагъэубыдащ гектар 3445-рэ. Мыбдежхэм нартыху жылапхъэу зы гектарым къыщытекIащ центнер 92,5-рэ.

Псы щIэгъэлъэдэным ехьэлIауэ щыIэ иджырей Iэмалхэр жыджэру къыщагъэсэбэп Кременчуг-Константиновскэ, Псыхъурей, Бахъсэненкэ, Куба къуажэхэм гъавэр бэгъуауэ къыщрахьэлIэж.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: