ЛIэщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ

Илъэсищэ ипэкIэ Налшыки абы и Iэгъуэблагъэми промышленнэ IуэхущIапIэшхуэхэр щымащIэт. Къалащхьэм дэтар хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ псы щхьэл зыбжанэрэщ, кхъуэщын, чырбыш, сэху щащI завод мыинхэмрэ кхъуей, тхъу хуэдэхэм щелэжьхэмрэщ. 1900 гъэм ирихьэлIэу псори зэхэту къалэм хиубыдэ щIыпIэхэм предприятэ щитIым щIигъу щыIэу арат. Абыхэм щылажьэрт цIыху щиплIрэ тIощIрэ щырэ.

Зызыужьу хуежьа къалэм и дежкIэ ар мащIэ дыдэт. Ауэ 1906 гъэм предприятэхэм я бжыгъэм фIыуэ къыхэхъуащ. Налшык дащIыхьащ тыкуэн зыбжанэ. Абыхэм щащэрт Налшык и заводхэм, фабрикэхэм къыщыщIагъэкI хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд. Уней Iуэху щIапIэхэм щелэжьырт фэм, пхъэм, гъущIхэкIхэм. Абыхэм щащIырт адрей гъунэгъу куейхэм щIэупщIэшхуэ щызиIэ бащлыкъхэр, уанэхэр, гъущIыкIэ Iэмэпсымэхэр. Апхуэдэу фIыуэ ящэхурт пхъэбгъухэр, пхъэ хъурейхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми къалащхьэм мылькушхуэ къыхуихьырт.

ТIощI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэхэр хуабжьу елэжьу щытащ Iэщышхуэ гъэхъунымрэ шы зехуэнымрэ. Псом хуэмыдэу мылькушхуэ Къэбэрдейм къыхуихьырт шы щэным. Ахэр ящэхурт Мэздэгу, Псыхуабэ, Тифлис, нэгъуэщI къалэшхуэхэми къикI сатуущIэхэм. Урыс пащтыхьым и дзэхэм папщIи шы куэд ящэхурт. Апхуэдэу 1901 гъэм пащтыхьым ищэхуауэ щытащ сом мин 40-м щIигъу зи уасэ шы лъэпкъыфI. Уеблэмэ Урысейр Къэбэрдейм къыдэIэпыкъури, шы заводышхуэ яухуат.

Адыгэ щIыналъэм зиужьырт. А лъэхъэнэ дыдэм Налшык округым къыщызэIуах банкхэр, ахъшэ хъумапIэхэр. «МэкъумэшыщIэм я банккIэ» зэджэ IуэхущIапIэм гъавэгъэкIхэм щIыхуэ къыIахырти, я уней лъапсэхэм, гъавэ щIапIэхэм, хъупIэхэм зрагъэужьырт. Щхьэж къызэригъэсэбэпыф елъытауэ куэд къулей ирихъуащ а Iэмалым, къулейсыз дыдэ дэхъуари мащIэкъым ЦIыхубэм къытехьэлъэрт налогхэри. Ахэр псом я дежкIи зэхуэдэти, къызэрыгуэкI лэжьакIуэбэр пэлъэщыртэкъым.

Апхуэдэ политикэ мыхъумыщIэм игъэгубжь цIыхухэм пэкIухэр къызэрагъэпэщырт. Абы зэхуэдэу хэтт щIыпIэм щыпсэу лъэпкъ псори. Абыхэм къалъэIэсырт Урысейм и курыкупсэм щекIуэкI зэрызехьэхэм я хъыбархэр. Апхуэдэу 1905 гъэм дыгъэгъазэм Москва зыкъыщызыIэтахэм я Iуэхур даIыгъыу, Налшыки пэкIу ин щекIуэкIауэ щытащ, уеблэмэ Iэщэ къэзыщтаи яхэту. АрщхьэкIэ зыкъэзыIэта гуащIэрыпсэухэр щIэх дыдэу я пIэ ирагъэтIысхьэжат гуащIэу. Апхуэдэ щытыкIэм иту Къэбэрдейр Урысейм 1917 гъэм къыщыхъея революцэшхуэм IущIат.   

  КЪАНКЪУЛ Раисэ.

Поделиться: