Дызытес къудамэрЩэкIуэгъуэм и 15-р КIэрыхубжьэрыхухэм хэлэжьыхьыжыным (рециклинг) и дунейпсо махуэщ. Зи гугъу тщIы Iуэхур зыхуэгъэзар кIэрыхубжьэрыхухэр щIэрыщIэу къэгъэсэбэпыжыным ехьэлIа лэжьыгъэм къэрал къулыкъущIэхэм, жылагъуэм, апхуэдэуи промышленностым пыщIа къулыкъущIапIэхэм гулъытэ хэха хуегъэщIынырщ. Къэрал куэдым зы илъэс къэмынэу щэкIуэгъуэм и 15-м щрагъэкIуэкI кIэрыхубжьэрыхухэм хьэпшыпыщIэхэр къахэпщIыкI зэрыхъунур нэрылъагъу къыпщызыщI гъэлъэгъуэныгъэхэр, дыкъэзыухъуреихь дунейм щысхьын, щIыуэпсым хуэсакъын зэрыхуейм гупсысэр хуэзышэ концертхэр, псапэ зыпылъ Iуэхухэр. Зи гугъу тщIы махуэм щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэр США-м 1997 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м щызэхаубла Iуэхугъуэрщ – абы щыгъуэщ а къэралым япэ дыдэу щыщекIуэкIар кIэрыхубжьэрыхухэм щыхэлэжьыхьыжа щIыхьэхушхуэу щIыуэпс и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэу къалъытар. Абы иужькIэ а махуэр къэрал куэдым ягъэлъапIэу хуежьащ. ЖыпIэнур арамэ, кIэрыхубжьэрыхум зэбгъэзэхуэж, уеблэмэ хьэпшыпыщIэхэр къахэпIущIыкIыж зэрыхъунум ди нэхъыжьыфIхэри егупсысу щытащ. Жыжьащэ дымыIэбэу къыхэдгъэщынщи, дыщыпсэуа къэрал абрагъуэу СССР-ми щрагъэкIуэкIырт нэхъыщIэ цIыкIухэр, зэрыщыту къатщтэмэ, жылагъуэр къызэщIэзыубыдэ Iуэхугъуэ дахэу тхылъымпIэжьхэмрэ гъущIхэкI кIэрыхубжьэрыхухэмрэ щызэхуахьэсыж щIыхьэхухэр. МашинэкIэ къыдыхьэрти, жьы хъуа щыгъыныжьхэр, уэншэкужьхэр, шхыIэныжьхэр нэгъуэщI-къинэмыщIхэри пIахырт. Абы дызэреджэр бацэ етти, ар къыдыхьамэ, цIыкIухэр дыгуфIэу къэджыхьу унагъуэр зыхуэмейжхэр зэхуэтхьэсырти еттырт. Ар килограмм бжыгъэт зэрыIахри, нэхъ хьэлъэ гуэрхэр зэреттыным дыхущIэкъурт. Абы къыпэкIуэрт цIыкIухэр дызэрыджэгу хъуну Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнхэр. Арат нэхъыбэу дыщIыпэплъэр. Илъэс къэс гъэмахуэ мазэхэм ирихьэлIэу къыдыхьэрт, къытхуэмыгъэсыуи дежьэрт. Иджырей щытыкIэм и гугъу тщIымэ, икъукIэ дызыгъэгузавэщ ЩIы хъурейм кIэрыхубжьэрыхуу щызэтрихьэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур. Зи гугъу тщIым иужьрей илъэсхэм нэхъри дызыхуишэ тхьэмыщкIагъэхэм ящыщщ щIэныгъэлIхэм щIэх-щIэхыурэ зи цIэ къраIуэ «парниковый эффект» жыхуаIэри. ЩIы Хъурейм къэдгъэсэбэп хъуну и хъугъуэфIыгъуэхэр щысхьыншэу зэрыдгъэкIуэщIым и «фIыгъэкIэ», щIыуэпсым дызэригъэфIэфыну бгъэдэлъа и гъэтIылъыгъэхэм я Iыхьэ щанэм, щIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, гъазэ имыIэу дыпыкIащ. А гупсысэхэрщ дахуэзышэр щIым къыщIэтх, псым къыдит хъугъуэфIыгъуэхэр зэдгъэзэхуэн зэрыхуейми, кIэкъинэхэм, бгъэдыхьэкIэ тэмэм къахуэдгъуэту, хьэпшыпыщIэхэр къахэтщIыкI зэрыхъунуми. КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




