«Нанэ и гущэкъу уэрэд»

Лъэпкъым и псэр хъума мэхъу бзэкIэ, тхыдэкIэ, щэнхабзэкIэ. Апхуэдэ Iуэху дахэхэр зылэжь цIыхухэм адыгэпсэ яIэщ. Я адыгэпсэрщ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ гурыфIыгъуэхэмрэ цIыхухэм я деж нэхьэсынымкIэ сэбэп хъури. Адыгэр щэнхабзэкIэ, шыфэлIыфэкIэ, хабзэ-бзыпхъэкIэ, фащэкIэ, щIэныгъэкIэ дунейм къыщацIыху. Лъэпкъым теухуауэ Iуэху дахэхэр зылэжьхэм ящыщщ Мэрем Гукъан. Тхыдэм дехьэх, щIэныгъэкIэ хэлъэт иIэщ, зыпэрыхьэм псэ хелъхьэ. Мэрем Гукъан хуэдэхэм адыгэпсэр яхъумэ гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ, хьэл-щэнкIэ!

 Тыркум и Узун - Яйлэр адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэууэ зы щIыпIэщ. Абы адыгэ къуажэ куэд егъэщIылIащ. Абыхэм ящыщ зым – Инарыкъуейм - къыщыхъуащ Гукъан. И сабиигъуэр Къайсэр щигъэкIуащ, курыт еджапIэри аращ къыщиухар. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэн хуей хъури, Анкара сыкIуащ. ИлъэситIкIэ абы сыщеджауэ, Инджылызым щыпысщащ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтыным. Зы илъэскIэ Лондон, илъэсищкIэ Саутенд къалэм щыIэ университетхэм щеджащ. Университетым къыщиухащ «бизнес менеджмент» жыхуаIэ къудамэр. Мэрем Гукъан IуэхущIафэкIэ куэдым хунэсащ. А Iуэху псоми лъэпкъым и купщIэр щыхъумауэ. Дэ мы тхыгъэм деж щхьэхуэу дыкъызытеувыIэр «Нанэ и гущэкъу уэрэд» фIэщыгъэр иIэу абы къыдигъэкIа макъамэ альбомырщ. Абы теухуауэ езы Гукъан и гупсысэхэмкIэ дывдогуашэ. АдэкIэ и псалъэхэр къыдохь:

- Си ныбжьэгъу, си цIыхугъэхэм я сабий щагъэжейкIэ тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ гущэкъу уэрэдхэм зэрыщIагъэдэIум гу лъыстащ. Зыгуэрым ар щыжесIэм, «и тхьэкIумэр есэнщ, къыдэкIуэтеймэ нэхъ тыншу франджыбзэр зэригъэщIэнщ» къызжиIащ. «АтIэ адыгэбзэкIи гущэкъу уэрэдхэр диIэщ, евгъэдаIуэ», - жысIащ сэри. Абдеж щыжытIахэр си щхьэм итащ куэдрэ симыгъэпсэхуу. АдыгэбзэкIэ гущэкъу уэрэдхэр зэхуэсхьэсыну си гум ислъхьащ. Апхуэдэ гурылъхэр сиIэу, «ковид» уз зэрыцIалэр къэхъейри, ди Iуэхухэр тхуэмыгъэкIуатэ хъуащ. Къайсэр сыдэсрэ Истамбыл щыIэ макъамэ студием сыкIуэну Iэмал симыIэу екIуэкIащ зэманыр.

2023 гъэм и жэпуэгъуэм едгъэжьащ альбомым и Iуэхур. Къайсэр, Джюзджэ, Гоксун лъэныкъуэхэм щыжаIэу зэхэсха гущэкъу уэрэдхэр зэхуэсхьэсыжащ. Ауэ ахэр мащIэт. Абы щыгъуэм сэбэп къысхуэхъуащ Шыбзыхъуэ Астемыр. КъардэнгъущI Зырамыку Къэбэрдейм щыIэ къуажэхэр къызэхикIухьурэ, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ кIуэурэ адыгэ уэрэдыжь куэд зэхуихьэсыжауэ щытащ, нэхъыжьхэм яхуэзэурэ гущэкъу уэрэд куэд итхыжащ. Ахэр къысIэригъэхьащ, сригъэдэIуащ, я хъыбарри къызжиIащ Астемыр. КъардэнгъущIым и уэрэдхэм я нэхъыбэм зэрытха макъым и фIагъыр щIагъуэтэкъым, къабзэтэкъым, ахэр щызэхуихьэса зэманым щыIа Iэмалыр апхуэдэти. Псалъэ куэдым я къэпсэлъыкIэр къысхуэмыубыду куэдрэ къытезгъазэурэ седэIуэжырт. Си ныбжьэгъу Гъут Эрдогъан сэрэ дытIысри, къытедгъазэм дедаIуэм, макъхэр къэдубыдурэ, уэрэдхэр къиттхыкIащ. Мазэрэ ныкъуэкIэ Истамбыл студием щыттхащ макъамэхэр. Альбомым уэрэд куэд хэдгъэхьащ, ди гур хуэзэгъауэ къыдэкIащ.

АдыгэбзэкIэ, абазэбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ ягъэзащIэу пасэрей гущэкъу уэрэд куэд щызэхуэхьэсащ альбомым. Уэрэдхэр жаIэ Къуэший Мехьтап, Хьэжкъасым Тулин, Кымза Сэлда, Садзба Сэбахьэтин, Мэрем Бэртан, сэ. Нэхъыбэр макъамэ Iэмэпсымэхэр щIэмыту, къабзэу дгъэпсащ. Макъамэхэм Iэпэпшынэ, мащIэ дыдэу – шыкIэпшынэ хэзгъэхьауэ аращ. ШыкIэпшынэр зыщIэзгъэувари сэ езым згъэзащIэ уэрэдырщ, ари си макъыр нэхъ щабэ щIэхъукIын щхьэкIэ. Бзылъхугъэхэм макъ щабэкIэ жаIэ уэрэдхэм шыкIэпшынэр къыщIэувэркъым. Iэпэпшынэми шыкIэпшынэми еуар си шынэхъыщIэ Мэрем Бэртанщ. Бэртани Къайсэр дэсщ, макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ Iэзэщ – Iэпэпшынэ, шыкIэпшынэ, пшынэ, гитарэ, бас-гитарэ йоуэ. КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэса уэрэдхэм «оранжировкэ» жыхуэтIэр къыхуэзгупсысащ сэ.

Сэ уэрэд куэд стхат нэхъапэкIэ – уэрэдыжьхэр, гушыIэ, гухэлъ уэрэдхэр, гъыбзэхэр. Гущэкъу уэрэдым япэу селэжьауэ аращ. Мыбыхэм ущелэжькIэ зы хабзэ щIагъуэм уфIэкI мыхъуу утетын хуейщ – сабийр жейм хригъэшэн хуэдэу гъэпсыпхъэщ. Гущэкъу уэрэдым уелэжьыныр гугъущ, пэжым ухуеймэ. Мыбдежым жэуапу пхьыри нэхъыбэу къыщIэкIынущ. Гущэкъу уэрэдыр щабэщ, псэр егъэпсэху. Альбомым сыщелэжьым чэнджэщэгъу схуэхъуахэм ящыщщ Думэныщ Iэулэдин.

Махуэ гуэрым гущэкъу уэрэдхэм макъамэ студием дыщелэжьырт гуп дыхъуу. Зы макъамэ гуэрым дыщынэсым, сэ езым жейм сыхригъэшащ абы. Сыкъызэщыуа нэужь, си ныбжьэгъухэр къыздэгушыIэрт, «мис иджы и кIэм нэдгъэсащ, дызыхуейм хуэдэу къыдэхъулIащ, ущIэдэIуурэ ущыжейкIэ», - жаIэу.

Альбомым тет сурэтри гупсысэ хэлъу къыхэсхащ. Сурэтыр къабзэу, лей хэмыту, уеплъынкIэ утемызашэу, ауэ абы щыгъуэми и щIыкIэм иджырей технологие къыщыгъэсэбэпауэ щытыну сыхуейт. Бзэм елэжь «Джэрэз» гупым интернет напэкIуэцIым къралъхьэ сурэтхэр куэд щIауэ сигу ирихьырт. Сурэтым теухуауэ ХьэхъупащIэ Астемыр сепсалъащ. Сурэтым щIэслъхьэну сызыхуей гупсысэр къыгурызгъаIуэщ, си нэгум щIэт теплъэр жесIэри, а жысIа дыдэр хэслъагъуэу ищIащ. Альбомыр хьэзыр хъуа нэужькIи, и къыдэгъэкIыныр тIэкIу кIыхьлIыхь хъужащ. Макъамэхэм я фIэщыгъэхэр, хэзыгъэгъуазэ хуэдэхэр адыгэбзэкIэ тетыну сыхуейт, ютубым ар адыгэбзэкIэ къыщыщIэщмэ сфIэфIт. Ахэр адыгэбзэкIэ тестхэным папщIэ Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм мазитIкIэ хуит зыкъезгъэщIыфакъым. «Мыр дэ къыдгурыIуэн хуэдэу латин хьэрфкIэ тхын хуейщ», къызжаIэрт. Сэри адыгэбзэр сукъуэдият. Сытми, альбомыр къыщыдэкIа IуэхущIапIэри министерствэм «еныкъуэкъуащ» зыкъомрэ. ИкIэм - икIэжым адыгэбзэкIэ тетыпхъэр теттхэнымкIэ хуит дыкъащIащ, альбомри дунейм къытехьащ.

«Нанэ и гущэкъу уэрэдыр» къыдэзгъэкIа нэужь, кърикIуа Iуэхухэм гукъыдэж къызатащ. Си ныбжьэгъухэм, си цIыхугъэхэм, сымыцIыхуххэхэм видеохэр къысхурагъэхь хъуащ я бынхэр абы тет макъамэхэм IэфIу щIагъэжеикIыу. Сэ абы дауэ сыщымыгуфIыкIынрэт, адыгэ сабийхэр адыгэ гущэкъу уэрэдым щIэдэIуурэ жей IэфIым щыхишэкIэ! Мис абы къызит гурыщIэм сэркIэ уасэ иIэкъым.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: