спорт хъыбархэр

«Тэрчыр» КъБР-м и чемпионщ

2025 гъэм шыщхьэуIум и 23-м щегъэжьауэ республикэм щекIуэкIа «Kinder league» чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр Налшык къалэм щызэхэтащ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и сабий топджэгу командэ нэхъыфIхэм ящыщу 12.

Зы очко закъуи фIэмыкIуэду зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм нэса, Тэрч щIыналъэм и «Тэрч» клубыр абы щыIущIащ «Спартак-Налшыкым» и топджэгу ныбжьыщIэхэм. Мыбдежми, я ныбжь емылъытауэ, джэгукIэ дахэ къагъэлъагъуэу тэрчдэсхэр КъБР-м и чемпион хъуащ.

Абы нэмыщI, зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъыфIу къалъытащ «Тэрчым» и топджэгу Жантегуэл Щыхьбан. Гъуащхьэхъумэ нэхъыфIри а командэм хэт ХьэщIэмахуэ Андемыркъанщ.

Тэрчдэсхэр «ЛIыхъужьхэм я лигэм» щытокIуэ

«ЛIыхъужьхэм я лигэ» фIэщыгъэр зэрихьэу республикэм мазитIкIэ щекIуэкIа, ныбжьыщIэхэм я акъыл зэхэдзэ-спорт зэпеуэм и кIэух зэIущIэхэр Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием иджыблагъэ щызэхэтащ. Абы щызэхуэзащ Налшык къалэм, Тэрч, Шэджэм, Дзэлыкъуэ районхэм я командэхэр.

Илъэс етIуанэ хъуауэ КъБР-м щрагъэкIуэкI «ЛIыхъужьхэм я лигэ» зэхьэзэхуэм гъэщIэгъуэну хэлъыр, спорт зэпеуэхэм щIадзэным ипэ къихуэу, спортсмен ныбжьыщIэхэм упщIэ гъэщIэгъуэнхэм зэгъусэу жэуапхэр зэрыратыжырщ. Командэхэм упщIэхэм пэжу иратыжа жэуапхэм ятещIыхьауэ баллхэр хуагъэув, адэкIэ спорт зэIущIэм къыщахьа бжыгъэхэри абы халъхьэжри, текIуар наIуэ къащI.

Мы гъэм финалым щызэхуэзащ Налшык къалэмрэ Тэрч районымрэ я командэхэр. Мыбдежым тэрчдэсхэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ икIи «ЛIыхъужьхэм я лигэ» зэпеуэр яхьащ.

МазитIкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм республикэм и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ я командэу 8 хэтащ икIи спорт зэIущIэу 300-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ.

Сэтэней и Кубокыр

«Сэтэней и Кубок-2025» фIэщыгъэр зэрихьэу спорт зэхьэзэхуэ зэIуха щекIуэкIащ КъБКъУ-м и физкультурэ-спорт комплексым. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я спортсмен лъэщу 120-м нэблагъэ икIи ахэр зэпеуащ сумомкIэ, мас-рестлингымкIэ, дартсымкIэ.

Мас-рестлингымкIэ екIуэкIа зэIущIэхэм къыщыхэжаныкIащ Бахъсэн къалэм Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу щыIэ спорт еджапIэм и тренер ЛампIэжь Алим и гъэсэнхэр.

Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Щомахуэ Аслъэн-Бэч, Урыс Амырбэч, Дал Алан, Мэржэхъу Аслъэн сымэ. Таукъан Елдар етIуанэ хъуащ, Гындыгъу Ясмин, Дыджэ Марат, Бэлагъы Марат, Мэржэхъу Мухьэмэд сымэ ещанэщ.

ДартсымкIэ япэ увыпIэхэр къахьащ командэм и тренер ЛампIэжь Алимрэ Щомахуэ Аслъэн-Бэчрэ.

Тренерыр ягу къагъэкIыж

Мейкъуапэ къалэм дэт Адыгей къэрал университетым щэкIуэгъуэм и 14 - 15-хэм щIыналъэхэм кикбоксингымкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Ар и фэеплъу щытащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Сихъу Казбек. Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Ипщэм и щIыналъэхэм ящыщу 7-м я спортсмен 400-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль зэхуэмыдэу I5 къыщихьащ абы. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Кумыщ Арсен, Iумыхьэ Аслъэнбэч, Алэкъей Темырлан, Пекъу Темырлан, Бэгъуэт Имир сымэ.

Командэр зэпеуэм хуагъэхьэзыращ ДыщэкI Аслъэнбэчрэ ТекIушэ Замиррэ.

 Хьэсанэ Мурат и саугъэтыр къахь

СамбэмкIэ 11-рэ дуней псом и чемпион хъуа Хьэсанэ Мурат и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ, къэралэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIахэри яхэту, спортсмен ныбжьыщIэу 280-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпым щIэту зэхьэзэхуэм бэнакIуипщI щыIащ икIи абыхэм ящыщу и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Къудей Ислъам (кг 53-рэ).

Килограмм 58-рэ зи хьэлъагъхэм я деж етIуанэ щыхъуащ Ажахъуэ Iэмин.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди щIалитIым Iэмал ягъуэтащ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ етIанэгъэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.

АдэкIэ зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэр къахьащ Къумыкъу Ренат, Къудей Беслъэн, Мэш Амир сымэ.

Ди командэм дэлажьэр ПшынащIэ Муратрэ Къарэмышэ СулътIанрэщ.

ЩЭУЕЙ Башир.
Поделиться:

Читать также: