ЕгъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэДи къэралым и щыхьэр Москва КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ УФ-м Къызэры-мыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэм (МЧС) и пашэ Куренков Александр. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и МЧС IэнатIэр адэкIи егъэфIэкIуэным, ди деж зи нэгу зыщезыгъэужьхэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм, щIыпIэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщ УФ-м и МЧС-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым: IэщIагъэлI 90-рэ техникэ хэхауэ 47-рэ. Гупым я хэщIапIэр Терскол жылэращ. Абы и нэIэм щIэтщ рес-публикэм и щIыпIэ псори, Кавказ бгы щыгум и Iыхьэшхуэ, бгы лъагэ абрагъуэу тху хиубыдэу. ЗыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм абы ехьэлIа щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ ябгъэдэлъыпхъэщ. Аращ шынагъуэншэ нэгузегъэужьым и джэлэс нэхъыщхьэр.
Поделиться:
Читать также:
02.06.2026 - 11:18 →
Министерствэм щрагъэблагъэ
30.05.2026 - 10:01 →
IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ
23.05.2026 - 10:10 →
Лей къатехьакъым
23.05.2026 - 10:05 →
Къэбэрдей-Балъкъэрыр фи гъусэщ
02.05.2026 - 12:00 →
ЩIыхуэр нэхъ мащIэ хъуркъым
| ||




