Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм аспирантхэм, адъюнктхэм, ординаторхэм, ассистент-стажерхэм, студентхэмрэ курсантхэмрэ папщIэ игъэува стипендиехэмкIэ эксперт советым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм накъыгъэм и 23-м Iэ зыщIидза унафэ №186-РГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм деж аспирантхэм, адъюнктхэм, ординаторхэм, ассистент-стажерхэм, студентхэмрэ курсантхэмрэ папщIэ игъэува стипендиехэмкIэ щыIэ эксперт советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм аспирантхэм, адъюнктхэм, ординаторхэм, ассистент-стажерхэм, студентхэмрэ курсантхэмрэ папщIэ игъэува стипендиехэмкIэ эксперт советым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм накъыгъэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №186-РГ-мкIэ арэзы зытехъуам, хэтхэм мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
 Бейтыгъуэн И. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
Щхьэгъэпсо З. Л. - «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ).
б) Рахаев А. И. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институт» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэр» (зэгурыIуауэ).
в) Советым къыхэгъэкIыжын Апажэ А. Къ., Къущхьэ И. Р.
2. Мы унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ,
2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м
№218-РГ

Поделиться: