Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм, щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ фестиваль. Абы хыхьэу трахащ илъэсищ хъуауэ екIуэкI «Кунацкая» республикэ теленэтыным и иужьрей зэхыхьэр. «Регион для молодых» программэм хыхьэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща Iуэхур ирагъэкIуэкI КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «1 КъБР» телеканалымрэ.
Зэхуэсахэм экранымкIэ фIэхъус гуапэ къариха нэужь, КIуэкIуэ Казбек жиIащ, тхыдэм уриплъэжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ хабзэхэр зэрыдэлъыр, мы Iуэхур абыхэм къыпызыщэу зэрыщытыр. Республикэм и лIыщхьэм къыхигъэщащ Iуэхум лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щыпсэу щIыналъэ 23-рэ зэрыхэтар, щIыпIэм зэныбжьэгъугъэр хъума щыхъунымрэ зыщегъэужьынымкIэ мы лэжьыгъэр щхьэпэ зэрыхъунум шэч къызэрытримыхьэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу Урысей псом абы зыщиубгъуну зэрихъуэпсапIэр.
- Лъэпкъ куэд щыпсэу ди щIыналъэм исхэр мыпхуэдэ зэхыхьэхэм нэхъри зэкъуагъэувэ, яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ, – жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. – Апхуэдэу мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ щэнхабзэ лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным, абыхэм иджырей щIэблэр щIэпIыкIыным теухуауэ.
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, къалэ, къуажэ администрацэхэм я лIыкIуэхэм зыщаплъыхьащ ЩIалэгъуалэм я унэм къыщызэрагъэпэща лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ пщIантIэхэм.
Мы Iуэхум хэтхэр къуажэ-къуажэкIэрэ зэкIэлъыкIуэурэ я зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ, щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ зочэнджэщ, лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ ягъэхьэщIэ, саугъэтхэр зэIэпах. Iуэхум хэтхэр зэныбжьэгъугъэм и хабзэм щагъэгъуазэ, берычэтымрэ хэхъуэмрэ я дамыгъэ жыгыщIэр тыгъэ хуащI. Апхуэдэ зэхыхьэхэм хуагъэхьэзыр уэрэдхэр, къафэхэр, театр теплъэгъуэхэр. ЩIэщыгъуэщ, дауи, зыщыщ лъэпкъкIи, зэрыт ныбжькIи, хабзэкIи, бзэкIи, динкIи, фэилъхьэгъуэкIи зэщхьэщыкI цIыхухэр гъунэгъу зэрызэхуэхъум укIэлъыплъыну. Апхуэдэурэ махуэ къэс къыхохъуэ я гупым хэтхэм я бжыгъэм. Нэтыныр и кIэм щынэблагъэкIэ абы хэтахэм зы уэрэд цIэрыIуэ зэдагъэзащIэ. Проектым хэтахэм абы щыхьэт техъуэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ ират. А псор зэхэухуэнауэ теленэтыну къатыжри, цIыхухэр дихьэхыу йоплъ.
Теленэтыныр езыгъэкIуэкI уэрэджыIакIуэ, режиссёр, уэрэдус Къул Амир зэрыжиIэмкIэ, Iуэхум хэт къуажэхэм я бжыгъэм къахэхъуащ. Ар щрагъэжьам къуажих хэтауэ аращ, иджы республикэм и къуажэ псори зэщIагъэхьащ.
- Ди лъэпкъ хабзэ дахэхэм пыдощэ. Зэныбжьэгъухэр зыр адрейм доIэпыкъу, зэкIэлъокIуэ. Аращ Iуэхур щыдублэм зытетщIыхьари, - жиIащ режиссёрым. – Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 щрикъумрэ Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсымрэ теухуауэ къызэдгъэпэщ зэхыхьэхэм зауэ уэрэдхэр щагъэзащIэ, я адэхэмрэ я адэшхуэхэмрэ Хэкур зэрахъумам теухуа хъыбархэр унагъуэхэм ягу къыщагъэкIыж.