ХъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэ Тхьэщыгъуей Жаннэ утыкум щигъэзэщIащ роль гъэщIэгъуэн куэд. Театреплъхэм ящIэ абы и дэтхэнэ лэжьыгъэри гукъинэжу зэригъэзащIэр. Жаннэ тедгъэпсэлъыхьащ и IэщIагъэр зыхуэдэм, ролхэм зэрехъулIэм, театрым и къэкIуэнум.
Режиссёрымрэ актёрымрэ
- Режиссёрымрэ актёрымрэ я зэдэлэжьэкIэм куэдкIэ елъытащ спектаклыр зэрыхъунур. Режиссёр лэжьыгъэр, пэжыр жысIэнщи, тыншкъым, актёр къэс езым и хьэл иIэжщи, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэбгъуэтыфын хуейщ. Языныкъуэ режиссёрхэм я гугъэщ актёрым уи макъым зебгъэIэтауэ, нэхъ пхъашэу уепсалъэмэ, «сэ схузэфIэкIыр уэ узгъэлъагъункъэ» жиIэу, зыкъызэщIикъуэу нэхъыфIу джэгуну. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр зыхэзагъи щыIэ хъунщ. Ауэ сэ укъыстекIиерэ себудыхмэ, лэжьыгъэм сигу хыхьэжынукъым. Режиссёрымрэ сэрэ дзыхь зэхуэтщIу дызэдэлэжьэн хуейщ. Абы щхьэкIэ шыIэныгъэ хэлъу зыхуейр тэмэму къызгуригъаIуэу, си щыуагъэхэм щабэу гу лъызигъэтэжу щытыпхъэщ.
Сэ режиссёр Iэджэм садэлэжьащ. Шэшэн режиссёр Солцаев Мималт къакIуэурэ спектаклхэр ди деж щигъэувырт. Абы сыщыдэлэжьам сымыгъауэ зэ утыкум сикIыжакъым. Сылэжьэну зэрыщIэздзэу кIиин иригъажьэрт: «Уэ хуэдэ артист мыхьэнэншэм мы театрым щищIэр сыт? Уэ театрым ущылэжьэн хуейкъым, кIуэи жэм къэш», - жиIэурэ. Апхуэдэ псалъэхэр уи гум щIэмыхьэу къэнэнт?! Ауэ сыгъкIи зэфIэзгъэкIыртэкъым, жэуапи естыжырт. «Уигу иримыхьыр тэмэму къызгурыгъаIуэ, си щыуагъэм гу лъызгъэтэжи, зэрысщIын хуейр сыгъэлъагъу. УкъыстекIиекIэ Iуэхур кIуэта хъунукъым», - жысIэрти, дызэрызехьэрт. Ауэ иужькIэ, зэман дэкIауэ, спектакль игъэувэну къыщытхуеблэгъам: «Артистхэм ящыщу хэт сымэ хэбгъэхьэнур?» - упщIэр щратам: «ЗэкIэ сщIэр роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIэнурщ. Ар Жаннэщ», - къажриIат.
Ролыр зыгуэшыр режиссёрыр аращ, дэ абы зыри хэтлъхьэфынукъым. Дауи, режиссёрым езым и лъагъукIэ иIэжщ а ролыр зэрыгъэзэщIэн хуейкIи, ар зыхузэфIэкIыну къыщыхъу артистхэр и спектаклым хегъэхьэ. Шэч хэмылъу, щыIэщ нэхъ тыншу узыдэлэжьэф артистхэр, апхуэдэхэм я гъусэу зы утыкум уитыныр гупсэхугъуэщ. Артистхэм я кум сыт хуэдэ зэхущытыкIэ дэлъми, ахэр зы спектаклым щыджэгуну режиссёрым къыхихамэ, абы псалъэмакъ къыхэкIын хуейкъым. Утыкум укъыщихьэкIэ псори зыщыбгъэгъупщэу, образым уихьэн хуейуэ аращ.
Сыт фIыуэ, сыт Iейуэ хэлъ?
- Артист IэщIагъэм и мызакъуэу, адрейхэри къапщтэмэ, лэжьыгъэм уигу ирихьу упэрытмэ, ар уи дежкIэ фIыщ. Гугъуехь гуэр зыхэмылъ щыIэкъым, ауэ IэщIагъэр уи псэм къыщыдыхьэм и деж ахэр лъэпощхьэпо пхуэхъуркъым. Апхуэдиз илъэскIэ сэ IэнатIэм сыщыпэрыткIэ, дауи, сыщыгъуазэщ абы ифIми и Iейми. Артистхэм сыт нэхъ къатехьэлъэр жыпIэмэ, ди IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ зэрырамытырщ, пщIэ, гулъытэ яIэн хуейм хуэдэ зэрамыгъуэтырщ. Мыбы къеджэ цIыхухэм жаIэнкIэ мэхъу: «IэщIагъэ ар сытми, зызыкIэщIашу утыкум иту аращ ахэр». ЗызыкIэщIэтшу утыкум диту аракъым, дыхуеджауэ IэщIагъэ диIэщи, дигури ди псэри етауэ абы дыхуэлажьэу аращ. А тщIэр зыхуэгъэзари цIыхухэращ.
Пащтыхь гуащэм и ролыр
- Толстой Алексей и «Орёл и орлица» спектаклым сызэрыхэтынур къыщызжаIэм, Гуащэней теухуауэ интернетымкIи тхылъкIи тхыгъэ куэд седжащ. Нэхъыбэм ар къызэрыщыгъэлъэгъуар цIыхубз псынщIэущ, щхьэзыфIэфIущ. Абы хужаIэ псомкIэ сэ сыарэзыкъым, адыгэ хабзэр, нэмысыр а зэманым ткIийуэ зэраIыгъыу щытар къэплъытэмэ. Абы щыгъуэми ар пщым и пхъуу, апхуэдэхэр псом я дежкIи щапхъэт. СпектаклымкIэ сэ сыхущIэкъуащ ар адыгэ цIыхубз нэсу зэрыщытыр къэзгъэлъагъуэну. Пэжщ, тхакIуэм тхыгъэм щыпхриша гупсысэ нэхъыщхьэр нэхъыбэу зрипхар Грозный Иванрэ и блыгущIэтхэмрэщ. Абы къыхэкIыу пащтыхь гуащэм и ролыр инкъым. Сэ сыхуеят а образымкIэ Гуащэней и хэкуэгъухэм, и дэлъхухэм яхуиIэ щытыкIэр нэхъ куууэ къэзгъэлъагъуэну. Апхуэдэу щытми, ролыр си гум къыдыхьэу, псэкIэ зыхэсщIэу згъэзэщIащ.
БгъэзэщIэну узыщIэхъуэпс роль щыIэ жыпIэмэ, сыщеджэм щыгъуэ Уильямс Теннесси и «Трамвай «Желание» спектаклым Бланш и ролым сыщIэхъуэпсырт. Ар ди театрым Дэбагъуэ Роман щигъэувати, роль нэхъыщхьэр щызгъэзэщIащ. Си хъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащ.
Театрым и къэкIуэнур
- Ди адыгэ театрым сэ сытым дежи фIыкIэ сыхуохъуапсэ. Куэд щIакъым Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэр къэзыуха щIалэгъуалэ гупым ди деж къызэрагъэзэжрэ. Абыхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъагъуэри, шэч къытесхьэркъым адыгэ театрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIынум. Псори зэлъытыжар артистым хуащI пщIэмрэ гулъытэмрэщи, дыщыгугъынщ дыщымыщIэу ахэр щыдгъуэтын зэман къытхуихуэну.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:35 →
АдыгэпсэкIэ псыхьащ и IэрыкIхэр
15.12.2025 - 11:24 →
Зы хэкIыпIэ яIащ
15.12.2025 - 11:13 →
ЖьакIэмыхъу КIунэ ягъэлъапIэ
11.12.2025 - 10:00 →
ГущIэгъу зыхэлъыр гу къабзэрщ
10.12.2025 - 15:05 →
И къалэм жаныр псоми нос
| ||




