Шэшэн сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер I00-летия» зыгъэпсэхупIэм гъуазджэмкIэ галерее хэтым щокIуэкI «ГъащIэм и бэуэкIэр» гъэлъэгъуэныгъэр. Налшык япэу утыку къыщрахьащ Шэшэн Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, Санкт-Петербург щылажьэ икIи щыпсэу Яхиханов Рустам и лэжьыгъэхэр. 
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ зэхыхьэр къыщызэIуихым и псалъэм къыхигъэщащ ди республикэм и хьэщIэ Яхиханов Рустам и гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр зэрыщIэщыгъуэр, гупсысэ куу зэращIэлъыр, Кавказым щыпсэу унагъуэхэм къыщагъэсэбэпу щыта кхъуэщынхэм гулъытэ ин зэрахуищIар, абыхэм блэкIамрэ нобэмрэ, лъэпкъхэр зэрызэпащIэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. 
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ жиIащ Яхихановым и IэдакъэщIэкIхэм фIэхьэлэмэту зэрызыщигъэгъуэзар, художникыр къызыхэкIам, пасэрей хьэпшыпхэм, тхыдэм зэрыхуэнабдзэгубдзаплъэр гуапэ зэрыщыхъуар, сурэтыщI гъуазджэм щIэи гъуни зэримыIэм мы лэжьыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэр. 
- Яхиханов Рустам Налшык и щыпэ къакIуэкъым. НэхъапэIуэкIи и IэдакъэщIэкIхэр ди щIыналъэм щигъэлъэгъуащ. Мы гъэм екIуэкIа зэхыхьэм и лэжьыгъэр нэхъыфIу къыщалъытащ. Ар Лъэпкъ музейм щекIуэкI выставкэм хагъэхьащи, абыи щэкIуэгъуэ мазэм и кIэ пщIондэ феплъыну Iэмал фиIэщ, – жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. – КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей уэрамым щагъэлъагъуэ сурэтхэми Рустам и IэдакъэщIэкIхэм щыщи хагъэхьащ. И лэжьыгъэхэм ящIэлъ гупсысэр наIуэ дыдэу щымыту, гъуазджэм дихьэх цIыхухэр езыр-езыру абы дыхуэкIуэну Iэмал къызэрыдитыр гъэщIэгъуэнщ. Дызэрыбгъэгупсысэм папщIэ фIыщIэ пхудощI! Уи сурэтхэр Налшык къызэрыпшар гуапэ тщыхъуащ. Уи IэщIагъэм ехъулIэныгъэхэр ущиIэну Тхьэм жиIэ!
КъБР-м и цIыхубэ артист Хъыжьрокъуэ СулътIан къытеувыIащ тхыдэ фильм щытрахым Яхиханов Рустам зригъэцIыхуу зэдэлэжьэну къызэрыхуихуар, фильмыр къызэрехъулIар, абы блэкIам, щIэинхэм пщIэ лей зэрыхуищIыр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал зэримыIэр, дяпэкIи сурэтыщIыр Налшык къытхуеблэгъэну зэрыщыгугъыр.
Гупсысэ хьэлэмэтхэр зи сурэтхэм яхэплъагъуэ художникым махуэ къэс дызэсэжа, зэ еплъыгъуэкIэ къытфIэмыIуэху хьэпшыпхэм щIэ куэд зэрахилъагъуэм щыхьэт тохъуэ и лэжьыгъэхэр, икIи Кавказым, хамэ къэралхэм къыщагъэсэбэп кхъуэщын зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъапIэм, тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа пасэрей хьэпшыпхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм, ахэр хъумэн зэрыхуейм гу лъыдегъатэ. А псом къыдэкIуэу, сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм щыплъагъу алэрыбгъухэм, нэмэз щыгъэм, япэрей хьэкъущыкъухэм, кхъуэщынхэм сабиигъуэм, адэшхуэ-анэшхуэм я дунейм дыхашэж. Дэтхэнэ зы сурэтми гъащIэм и кIапэлъапэ гуэр къыщегъэлъагъуэ. Аращ гъэлъэгъуэныгъэм «ГъащIэм и бэуэкIэ» щIыфIащари. 
Яхихановым къыхигъэщащ илъэс куэд щIауэ Кавказми къыдэкIуэу хамэ къэралхэми къыщищэхуурэ зэрызэхуихьэсар, ар тхыдэм, ныбжь зиIэ хьэпшыпхэм зэрыдахьэхыр, дяпэкIи а лэжьыгъэм зэрыпищэнур. СурэтыщIми, абы и гъусэу Шэшэн Республикэм къикIахэми гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ фIыщIэ хуащIащ, Налшык къызэрыкIуар зэрагуапэр, я лэжьыгъэхэмкIэ зэхъуэжэну Iэмал зэраIэр, дяпэкIи зэкIэлъыкIуэну зэрамурадыр къыхагъэщащ. 
СурэтыщI гъуазджэм дихьэххэм Iэмал фиIэщ Яхиханов Рустам и IэдакъэщIэкIхэм щэкIуэгъуэм и кIэ пщIондэ «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм ит галереем фыщеплъыну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: